Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин лъапIэ зетхьэр хьэлщэнхэмкIэ зыхэлъщ. Зы хьэл Iей зыхэбныхукIэ, зы хьэл дахи зыхэплъхьэхукIэ, уи дин зехьэкIэр нэхъ дахэ мэхъу, Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъ къуегъэлэжь, Къемэт махуэм Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم нэхъ гъунэгъуу убгъэдэсыну Iэмал къует.
Ди хъутIбэ блэкIам дэ игугъу тщIащ хьэл мыхъумыщIэхэм ящыщ зым: уи щхьэр фIыIуэу плъагъужыным, уи щхьэ Iуэхур хэт и Iуэхуми япэ ибгъэщыным, ауэ нобэ абы и пхэнж дыдэу щыт хьэл хъуащIам игугъу тщIынущ: уи щхьэм фIэпхыу нэгъуэщIым зыгуэр хуэпщIэфыным, уи щхьэм япэ зыгуэр ибгъэщыфыным дытепсэлъыхьынущ.
Ар бегъымбар хьэлщ, игъащIэми цIыхуфIхэм къадекIуэкI дуней тетыкIэщ. Ар зыхэзылъхьэфыр закъуэтIакъуэщ, аращ КъурIэнми ар зыхэлъхьхэр къыщIыхигъэщыр, я цIэр дахэкIи къыщIыриIуэр.
Уи къуэш муслъымэным зигъэпсэхун папщIэ уэ гугъу зебгъэхьыныр, уи къуэш муслъымэным и Iуэхур дэкIын папщIэ уэ езым зыгуэрым зыхуэбгъэныкъуэныр, уи къуэш муслъымэныр бгъэгуфIэн папщIэ уэ а гуфIэгъуэм зыхэбгъэкIыжыныр, а псом фIэIэбыкIыжи, уи къуэш муслъымэныр къелын папщIэ уэ уи щхьэр зы щIыпIэ хэплъхьэныр… ахэр зыхэплъхьэныр мыбдежым щылъкъым.
Дэ ди Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم псоми я щапхъэщ а хьэлым теухуауэ, икIи нэгъэсарэ-ирикъуауэ къыхэщу щытащ а хьэл дахэр. Дауи къыхэмыщынрэт ар абы, Алыхь Иным: «Уэ икъукIэ хьэл дахэ пхэлъщ!», жиIэу зыкъыхуигъэзауэ?!
Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم цIыхухэм къахыхьащ тыгъэу кърата джанэ кIыхьыр щыгъыу. Гупым яхэт зылI къэпсалъэри: — Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, кхъа мы джанэр сэ къызэт!, — жиIащ. – «Хъункъэ!», — жиIэщ عليه الصلاة والسلام-ыми, зы тэлайрэ щыса нэужь щIыхьэжри, джанэр зэкIуэцIылъу лIым хуригъэхьащ.
Мо лIым ищIамкIэ ямыгъэзахуэу, адрейхэр абы ехъурджэуащ: — Тэмэму пщIакъым лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم джанэмкIэ узэрелъэIуар, елъэIум «хьэуэ» къызэрыжримыIэри пщIэт!-. Ауэ лIыри къахуикIуэтакъым, зезыхуэ щхьэусыгъуэр тэмэму ибжти. – Уэллахи, — жиIащ абы, — сэ а джанэмкIэ абы сыщIелъэIуар дунейм сехыжмэ джэбын папщIэу къысщатIэгъэн щхьэкIэ къудеймэ, нэгъуэщI щхьэусыгъуэкъым! ИкIи зэрыжиIам хуэдэу, а джанэр джэбын хуэхъужащ а лIым. (Бухъарий).
Щэхьабэ лъапIэхэм я зэхэтыкIар щэ?! Япэ дыдэу диныр къыщащта махуэм щыщIэдзауэ, «дэ диIэр ди къуэшхэм яIэу пIэрэ, дэ дгъуэтыр абыхэми ягъуэту пIэрэ?!», жаIэ зэпыту я гъащIэр яхьащ.
Абы и щапхъэ ухуеймэ жыжьэ умыкIуэ, мес Мэдинэ щэхьабэхэр къыщыIэпхъуам, мыдрей щэхьабэхэм ахэр къызэрырагъэблэгъам нэхъыбэ ухуей?! Уеблэмэ, си унэр ди ныкъуэ-ныкъуэщ, си мылъкури ди ныкъуэ-ныкъуэщ, жаIэу, уеблэмэ абы фIэIэбыкIыжи, щхьэгъуситI зиIэм: — си щхьэгъуситIым языр къыхэхи, ар изгъэкIыжынурэ, щхьэгъусэ уэ пхуэсщIынущ, — жызыIа къахэкIащ а цIыху лъапIэхэм. Ар КъурIэн лъапIэми къыхигъэщыжащ ди Тхьэшхуэм.
Ибн Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: — Щэхьабэхэм ящыщ зым зы мэлыщхьэ къыхуахьати, — «Мопхуэдэ си къуэшым и унагъуэр нэхъ хуэныкъуэщ мыбы!», — жиIэри, абы хуригъэхьащ. А зыхуригъэхьам нэгъуэщIым хуригъэхьыжурэ, унагъуиблым зэIэпахащ а щхьэр, иужьым япэрейм и деж къигъэзэжащ. Мис апхуэдэу зыр зым хуэсакъыжхэт. (Бэйхэкъий, «Шугьэб Iэл-Iиман»).
Ермук гъэзэуатым щыгъуэ къагъэлъэгъуа щапхъэ гъуэзэджэр щэ?! И псэм еджэу телъ щэхьабийр псыхуэлIэм ихь пэтрэ, къыбгъурылъ уIэгъэ хъуам псыр иритащ, зыритам адрейм иритыжащ. Мис апхуэдэурэ псоми я псэр ятащ.
ГьаIишэ رضي الله عنها жеIэж: — Зы цIыхубз тхьэмыщкIэ сабиитI и Iэблэм тесу ди бжэIупэм къыIухьати, хъурмэ хьэдзищ хуэсшиящ. СабиитIым хъурмэ зэрыз яритри, ещанэр езым и жьэм щыхуихьым, мо цIыкIуитIыр къэлъэIуащ, къыдэт жаIэу. Анэм хъурмэ иIэгъыр тIууэ зэпищIыкIри сабийтIым яхуишияти, ар сэ гуапэ сщыхъуащ. ИужькIэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم къекIуэкIар щыжесIэжым: «А ищIамкIэ Жэнэтыр къыригъэлэжьащ абы Алыхьым, Жэхьэнэмэми къыхихащ!», — жиIащ. (Муслим).
МыдэкIэ дыкъеIэбыхми щапхъэ гъуэзэджэхэр гъунэжу догъуэт. Уеблэмэ щIэныгъэлIыр къыригъэлын папщIэ зи щхьэр хэзылъхьа цIыху щыIащ. Хьэджджадж залымым Ибрахьим Нэхъэгьий къилъыхъуэу зыгуэр къыщигъакIуэм, — Ибрахьим дыхуейт, -жаIати, — Сэ сыИбрахьимщ,- жиIэщ Ибрахьим Теймийи и щхьэр хилъхьауэ щытащ. Алыхьым ЖэнэткIэ игъэкIуфIэ. «Сиер Iэгьлям Iэн-НубэлаI».
Дэ ди зэманми, уеблэмэ ди щIыналъэм уимыкIми щапхъэ дахэхэр къэзыгъэлъагъуэ къуэшхэр, шыпхъухэр щыIэщ. Уеблэмэ и Iэпкълъэпкъым щыщ гуэркIэ нэгъуэщIым дэгуэшэфхэри щыIэщи, Алыхьым иригъэфIакIуэхэ, ялэжьми щигъэгуфIыкIыжхэ!
Хьэлым я нэхъ дахэхэр Алыхьым къытхипщи, хьэлым я нэхъ Iейхэр Алыхьым тхих! Алыхьым Iиманыр фIыуэ дигъэлъагъуи, ди гум гъэщIэрэщIауэ тхуригъэлъ, джаурыгъэмрэ, фасикъыгъэмрэ, жыIэмыдэIуагъэмрэ ди гур ящигъэкI!