Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уи щхьэм япэ адрейхэр ибгъэщыныр

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дин лъапIэ зетхьэр хьэлщэнхэмкIэ зыхэлъщ. Зы хьэл Iей зыхэбныхукIэ,  зы хьэл дахи зыхэплъхьэхукIэ, уи дин зехьэкIэр нэхъ дахэ мэхъу, Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъ къуегъэлэжь, Къемэт махуэм Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم нэхъ гъунэгъуу убгъэдэсыну Iэмал къует. 

Ди хъутIбэ блэкIам дэ игугъу тщIащ хьэл мыхъумыщIэхэм ящыщ зым: уи щхьэр фIыIуэу плъагъужыным, уи щхьэ Iуэхур хэт и Iуэхуми япэ ибгъэщыным, ауэ нобэ абы и пхэнж дыдэу щыт хьэл хъуащIам игугъу тщIынущ: уи щхьэм фIэпхыу нэгъуэщIым зыгуэр хуэпщIэфыным, уи щхьэм япэ зыгуэр ибгъэщыфыным дытепсэлъыхьынущ. 

Ар бегъымбар хьэлщ, игъащIэми цIыхуфIхэм къадекIуэкI дуней тетыкIэщ. Ар зыхэзылъхьэфыр закъуэтIакъуэщ, аращ КъурIэнми ар зыхэлъхьхэр къыщIыхигъэщыр, я цIэр дахэкIи къыщIыриIуэр. 

Уи къуэш муслъымэным зигъэпсэхун папщIэ уэ гугъу зебгъэхьыныр, уи къуэш муслъымэным и Iуэхур дэкIын папщIэ уэ езым зыгуэрым зыхуэбгъэныкъуэныр, уи къуэш муслъымэныр бгъэгуфIэн папщIэ уэ а гуфIэгъуэм зыхэбгъэкIыжыныр, а псом фIэIэбыкIыжи, уи къуэш муслъымэныр къелын папщIэ уэ уи щхьэр зы щIыпIэ хэплъхьэныр… ахэр зыхэплъхьэныр мыбдежым щылъкъым. 

Дэ ди Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم псоми я щапхъэщ а хьэлым теухуауэ, икIи нэгъэсарэ-ирикъуауэ къыхэщу щытащ а хьэл дахэр. Дауи къыхэмыщынрэт ар абы, Алыхь Иным: «Уэ икъукIэ хьэл дахэ пхэлъщ!», жиIэу зыкъыхуигъэзауэ?! 

Зэгуэрым Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم цIыхухэм къахыхьащ тыгъэу кърата джанэ кIыхьыр щыгъыу. Гупым яхэт зылI къэпсалъэри: — Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, кхъа мы джанэр сэ къызэт!, — жиIащ. – «Хъункъэ!», — жиIэщ عليه الصلاة والسلام-ыми, зы тэлайрэ щыса нэужь щIыхьэжри, джанэр зэкIуэцIылъу лIым хуригъэхьащ. 

Мо лIым ищIамкIэ ямыгъэзахуэу, адрейхэр абы ехъурджэуащ: — Тэмэму пщIакъым лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم джанэмкIэ узэрелъэIуар, елъэIум «хьэуэ» къызэрыжримыIэри пщIэт!-.  Ауэ лIыри къахуикIуэтакъым, зезыхуэ щхьэусыгъуэр тэмэму ибжти. – Уэллахи, — жиIащ абы, —  сэ а джанэмкIэ абы сыщIелъэIуар дунейм сехыжмэ джэбын папщIэу къысщатIэгъэн щхьэкIэ къудеймэ, нэгъуэщI щхьэусыгъуэкъым! ИкIи зэрыжиIам хуэдэу, а джанэр джэбын хуэхъужащ а лIым. (Бухъарий). 

Щэхьабэ лъапIэхэм я зэхэтыкIар щэ?! Япэ дыдэу диныр къыщащта махуэм щыщIэдзауэ, «дэ диIэр ди къуэшхэм яIэу пIэрэ, дэ дгъуэтыр абыхэми ягъуэту пIэрэ?!», жаIэ зэпыту я гъащIэр яхьащ. 

Абы и щапхъэ ухуеймэ жыжьэ умыкIуэ, мес Мэдинэ щэхьабэхэр къыщыIэпхъуам, мыдрей щэхьабэхэм ахэр къызэрырагъэблэгъам нэхъыбэ ухуей?! Уеблэмэ, си унэр ди ныкъуэ-ныкъуэщ, си мылъкури ди ныкъуэ-ныкъуэщ, жаIэу, уеблэмэ абы фIэIэбыкIыжи, щхьэгъуситI зиIэм: — си щхьэгъуситIым языр къыхэхи, ар изгъэкIыжынурэ, щхьэгъусэ уэ пхуэсщIынущ, — жызыIа къахэкIащ а цIыху лъапIэхэм. Ар КъурIэн лъапIэми къыхигъэщыжащ ди Тхьэшхуэм. 

Ибн Гьумэр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, къеIуэтэж: — Щэхьабэхэм ящыщ зым зы мэлыщхьэ къыхуахьати, — «Мопхуэдэ си къуэшым и унагъуэр нэхъ хуэныкъуэщ мыбы!», — жиIэри, абы хуригъэхьащ. А зыхуригъэхьам нэгъуэщIым хуригъэхьыжурэ, унагъуиблым зэIэпахащ а щхьэр, иужьым япэрейм и деж къигъэзэжащ. Мис апхуэдэу зыр зым хуэсакъыжхэт. (Бэйхэкъий, «Шугьэб Iэл-Iиман»). 

Ермук гъэзэуатым щыгъуэ къагъэлъэгъуа щапхъэ гъуэзэджэр щэ?! И псэм еджэу телъ щэхьабийр псыхуэлIэм ихь пэтрэ, къыбгъурылъ уIэгъэ хъуам псыр иритащ, зыритам адрейм иритыжащ. Мис апхуэдэурэ псоми я псэр ятащ. 

ГьаIишэ رضي الله عنها жеIэж: — Зы цIыхубз тхьэмыщкIэ сабиитI и Iэблэм тесу ди бжэIупэм къыIухьати, хъурмэ хьэдзищ хуэсшиящ. СабиитIым хъурмэ зэрыз яритри, ещанэр езым и жьэм щыхуихьым, мо цIыкIуитIыр къэлъэIуащ, къыдэт жаIэу. Анэм хъурмэ иIэгъыр тIууэ зэпищIыкIри сабийтIым яхуишияти, ар сэ гуапэ сщыхъуащ. ИужькIэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم  къекIуэкIар щыжесIэжым: «А ищIамкIэ Жэнэтыр къыригъэлэжьащ абы Алыхьым, Жэхьэнэмэми къыхихащ, — жиIащ. (Муслим). 

МыдэкIэ дыкъеIэбыхми щапхъэ гъуэзэджэхэр гъунэжу догъуэт. Уеблэмэ щIэныгъэлIыр къыригъэлын папщIэ зи щхьэр хэзылъхьа цIыху щыIащ. Хьэджджадж залымым Ибрахьим Нэхъэгьий къилъыхъуэу зыгуэр къыщигъакIуэм, — Ибрахьим дыхуейт, -жаIати, — Сэ сыИбрахьимщ,- жиIэщ Ибрахьим Теймийи и щхьэр хилъхьауэ щытащ. Алыхьым ЖэнэткIэ игъэкIуфIэ.  «Сиер Iэгьлям Iэн-НубэлаI». 

Дэ ди зэманми, уеблэмэ ди щIыналъэм уимыкIми щапхъэ дахэхэр къэзыгъэлъагъуэ къуэшхэр, шыпхъухэр щыIэщ. Уеблэмэ и Iэпкълъэпкъым щыщ гуэркIэ нэгъуэщIым дэгуэшэфхэри щыIэщи, Алыхьым иригъэфIакIуэхэ, ялэжьми щигъэгуфIыкIыжхэ! 

Хьэлым я нэхъ дахэхэр Алыхьым къытхипщи, хьэлым я нэхъ Iейхэр Алыхьым тхих! Алыхьым Iиманыр фIыуэ дигъэлъагъуи, ди гум гъэщIэрэщIауэ тхуригъэлъ, джаурыгъэмрэ, фасикъыгъэмрэ, жыIэмыдэIуагъэмрэ ди гур ящигъэкI!