Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

КъурIэныр гукIэ зэзыгъащIэхэр!

17.11.2024
Еджауэ 87

Муслъымэн жэмыхьэт! Псалъэм я нэхъ пэжыр Аллаху Тэгьалам и Псалъэращ, гъуэгум я нэхъыфIри Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم зрикIуа гъуэгуращ, Iуэхум я нэхъ Iейри диным емызэгъыу къагупсыса Iуэхугъуэхэращ.

Псалъэм я нэхъ пэжри, псалъэм я нэхъ лъапIэри, я нэхъ Iущри КъурIэн лъапIэу дызэджэращ. КъурIэныр нурщ — гъуэгур нэху тхуищIу, КъурIэныр хущхъуэщ — сыт хуэдэ узми хущхъуэгъуэ хуэхъуу.

КъурIэныр езыр зэрылъапIэм хуэдэу, ар зыгъэлъапIэхэр лъапIэ ещI, Абы пщIэ хуэзыщIхэм я пщIэр еIэт, Абы итыр зыгъэзащIэм и гъащIэм берычэт къыхелъхьэ.

КъурIэным еджэм псапэшхуэхэр къехь, абы фIэIэбыкIыжрэ Ар гукIэ зэзыгъащIэм, Алыхьым и Псалъэр гукIэ зыхъумэм фIыгъуэшхуэхэр къыпоплъэ.

КъурIэныр гукIэ зэзыгъащIэм япэ дыдэ и щапхъэр Бегъымбар лъапIэращ صلى الله عليه وسلم. Япэ дыдэ хьафижьри а цIыху лъапIэращ. Хьафижьхэм псоми я пашэр аращ.

КъурIэныр гукIэ зэзыгъащIэр — ди нэхъыжьыфIхэм хабзэ дахэ яхэлъахэр зэрихьэу, ар ихъумэу, а хабзэр хъума зэрыхъунум яужь иту аращ.

Ибн Гьэбдил-Бэрр щIэныгъэлIым къыхегъэщ: «ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыкIэр теувапIэурэ зэтетщи, абыхэм уащхьэрыубэкъукIыныр екIукъым. Ахэр псори къэзыгъанэуи яблэкIыр ди япэ ита нэхъыжьыфIхэм я гъуэгум ебэкъуащ. ЩIэныгъэм ипэ дыдэ итри Алыхьым и Тхылъыр гукIэ зэбгъэщIэнращ, Абы итыр къыбгурыIуэнращ!».

Ар дыдэм трагъэчыныхь нэгъуэщI щIэныгъэлI куэдми. Дин щIэныгъэмкIэ зы щIыпIэ нэсыну хуейр япэ дыдэ зэгугъун хуейр КъурIэн лъапIэращ, зыдыжаIэ абыхэм.

КъурIэн лъапIэр гукIэ щIэныр муслъымэн Iуммэтым Алыхьыр къазэрыхуэупса фIыгъуэхэм ящыщщ, мы дунейм зы Iуммэти теткъым апхуэдэ бгъэдыхьэкIэ зиIэ.

ВостоковедкIэ зэкIэ зы щIэныгъэлI етх: «КъурIэным нэхърэ нэхъыбэрэ ядж тхылъ мы дунейм тету къыщIэкIынкъым, нэхъ тхылъ зэгъэщIэгъуафIи щыIэкъым!».

Адрейм етх: «Мысыр закъуэр къащти абы КъурIэныр гукIэ зыщIэу дэсыр Европэ псом Инджылым (Библие) еджэфу исым нэхърэ нэхъыбэщ!».

КъурIэныр гукIэ зэгъэщIэным хуэщIа тхылъщ, уеблэмэ ар КъурIэныр Аллаху Тэгьалам и деж къызэрикIар къыбгурызыгъаIуэ Iуэхугъуэу ябж.

Абы къыхэкIкIэ КъурIэныбзэм щыщу зы псалъэ къызыгурымыIуэхэми КъурIэныр гукIэ зэрагъащIэри йожьэж. Я ныбжьэр хэкIуэтауэ сыт хуэдизми Ар гукIэ зрагъэщIа?!

Езы Тхьэшхуэми къыхигъэщащ ар:

“وَلَقَدْ يَسَّرْنَا الْقُرْآنَ لِلذِّكْرِ فَهَلْ مِنْ مُدَّكِرٍ”

«Дэ КъурIэныр джыгъуафIэ (зэгъэщIэгъуафIэ) тщIащи, ар зыджын (зэзыгъэщIэн) щыIэ?!». (Iэл-Къэмэр сурэ, I7-нэ аят).  

КъурIэныр гукIэ зыщIэм пщIэ лей къелэжь, жьантIэри нэхъ хуагъэфащэ, Абы щыщу нэхъыбэ зыщIэращ нэмэзми япэ ирагъэщыр, имаму ягъэувыр. Ахэр псор къахощ хьэдисхэм.

Къахощ хьэдисхэм узэхъуапсэ хъуну мы дунейм зыгуэр тетмэ КъурIэныр зыIэщIэлъым, жэщи махуи Абы еджэм уехъуэпсэн зэрыхуейр. (Бухъарий).

КъурIэныр зыщIэм дунеягъэкIэ пщIэ лей зэриIам хуэдэ дыдэу, Ахърэтми и пщIэр лъагэу щаIэтынущ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «КъурIэныр зыIэщIэлъам жраIэнущ: Къеджэурэ дэкIуей, дунейм ущытетым гъэхуауэ укъызэреджэу щытам хуэдэу къеджэ, уэ увыIэпIэ пхуэхъунур иужь дыдэу аят укъызэджэм дежщ!». (Тирмизий).

Ибн Хьэджэр (Iэл-Хейсэмий) щIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ: А хьэдисым къыщыкIуа фIыгъуэм хиубыдэнур КъурIэным къеджэ къудей мыхъуу Ар гукIэ зыщIэу щытахэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, КъурIэным уеджэфын къудей теухуауэ цIыхухэр апхуэдэу зэщхьэщидз хабзэкъым…

КъурIэным щыщу зы хьэрф къэбджыхукIэ псапипщI къэпхьмэ, нэхъыбэ дыдэу а фIыгъуэм хиубыдэри КъурIэныр гукIэ зыщIэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Ар гукIэ зригъэщIэн папщIэ сыт хуэдизрэ къытригъэзэжурэ еджэрэ ар, абы иужькIэ а зригъэщIар IэщIэмыхужын папщIэ аргуэру къытригъэзэжурэ йоджэ.

КъурIэныр гукIэ зыщIэм и насыпщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар сыт щыгъуи КъурIэным еджэфынущ: Iуэху здищIэми, машинэм щыдэсми, тIысми-тэджми.

КъурIэныр зыщIэм и уазри, и ущиери, и щIэныгъэри и нэгум занщIэу щIэтщ: хоплъэ КъурIэнми зыхуей дыдэр къыхехри, цIыхум и гур щабэ и гъуэгур нэху зыщIын къыжреIэф.

Иджыри куэд къыпхупыщэнущ КъурIэн лъапIэр зэгъэщIэным фIыгъуэу пыщIам ехьэлIауэ, ауэ нобэ щыщIэдзауэ нэхъри гулъытэ нэхъыбэ КъурIэным хуэтщIын теухуауэ а зыхэтхари ирикъунущ.

Девгъэгугъу ди Тхьэшхуэм и Тхылъым, ди бынхэри Абы щIэдвгъэпIыкI, псори кIуэдыжынурэ мыпхуэдэ фIыгъуэхэр къытхуэнэжынущ, псоми дащыгъупщэжынурэ фIыуэ длэжьам дыкъыхуэнэжынущ!