Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Илъэсыр икIэм нэблэгъащ

الحمد لله يُولِجُ اللَّيْلَ في النَّهَارِ وَيُولِجُ النَّهَارِ فِي اللَّيْلِ، وسَخَّرَ الشَّمْسَ وَالْقَمَرَ وَجَعَلَهُمَا آيَتَيْنِ عَلَى بَدِيعِ صُنْعِهِ وَكَمَالِ قُدْرَتِهِ وَجَلاَلِ سُلْطَانِهِ، أَحْمَدُهُ سُبْحَانَهُ وَأُثْنِي عَلَى كَمَالِ إِحْسَانِهِ، وَالصَّلاَةُ وَالسَّلاَمُ عَلَى خَيْرِ مَنْ تَدَبَّرَ وَتَفَكَّرَ، صَلَّى الله ُ عَلَيْهِ وَعَلَى آلِهِ وَصَحْبِهِ، وَبَعْدُ..

ФIыщIэри щытхъури ейщ жэщым махуэр, махуэм жэщыр къыхэзыгъэкIым, дыгъэмрэ мазэмрэ зэблэзыгъэкIым… Щэлатри сэламри идох зэман блэкIми, къэхъукъащIэми дерсым я нэхъыфIыр къыхэзыхыфу щыта бегъымбар лъапIэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Хьэж щIыгъуэр зэфIэкIамэ муслъымэн гъэр икIэм нэсауэ аращи, блэкIам зэ дыриплъэжу, ди къэкIуэнум дегупсысын хуейщ.

Нобэ хуэдэ махуэхэм муслъымэну дунейм тетым ягу зэ къагъэкIыж муслъымэн илъэс къэбжыкIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар икIи ар зытрагъэхуар.

Япэрей илъэсхэм муслъымэнхэм хэхауэ илъэс къэбжыкIэ гуэр яIакъым, атIэ Бэдрым иужькIэ е Iухьудым ипэкIэ жаIэурэ, къэхъукъащIэшхуэ гуэрым ирапхыу арат я зэманыр.

Апхуэдэурэ екIуэкIащ Бегъымбарырصلى الله عليه وسلم  щыпсэум, Iэбу Бэкри رضي الله عنه и тетыгъуэм. ИужькIэ Гьумэр и зэманым Iэбу Муса Iэл-Iэшгьэрий жыжьэ къикIыу тхыгъэ къыхуригъэхьащ, Шэгьбан мазэр къыхэщу.

Япэм тIэ иджыпсту хуэдэу псынщIэу тхыгъэхэр зэлъыIэсу щытакъым, атIэ мазэ бжыгъэ, уеблэмэ илъэсым щIигъу зэманкIэ гъуэгум тетынкIэ хъунут тхыгъэр. Тхыгъэр Гьумэр къыщыIэрыхьэм, зэпигъазэурэ «сыт хуэдэ Шэгьбанра мыбы зи гугъу ищIыр, блэкIара хьэмэрэ къэкIуэнура?»-жиIэт.

Мис абдежым муслъымэнхэр я фIэщу егупсысу щIадзащ илъэс къэбжыкIэ гуэр ямыIэнкIэ Iэмал зэримыIэм. ИкIи абы ипкъ иткIэ еплъыкIэ куэд утыкум къралъхьащ.

Ауэ икIэм-икIэжым псом зы жьэу къызэдащтащ Бегъымбарымصلى الله عليه وسلم  хьиджрэ щищIа илъэсым и деж къыщыщIадзэну.

Ар къыщIыхахам и щхьэусыгъуэри мырат: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم хьиджрэ щищIа гъэр псоми ящIэжт, ауэ къыщалъхуа илъэсым е бегъымбарыгъэр къыщыхуэкIуа илъэсым теухуауэ псори зэтехуэтэкъым.

Мыбдежым гу зылъытапхъэращи, Бегъымбарырصلى الله عليه وسلم  къыщалъхуа махуэм и бжыгъэр дэнэ къыщына, ар зытехуэ мазэри илъэсри зэхэгъэкIыпауэ щымыт пэтрэ, абы мулид худощI жызыIэхэм я щхьэ къызэрагъэпцIэжыр нэрылъагъущ.

МыдэкIэ Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم  щылIэжа илъэсми трагъэхуакъым илъэсыр щыщIидзэнур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар гуIэ илъэст, абы зыгуэр тебгъэхуэнуи къекIутэкъым.

Ауэ хьиджрэ щищIа илъэсыр гуфIэгъуэ илъэст. Муслъымэным пщIэрэ щхьэрэ яIэу псэуныр щиублар а илъэсрат. Абдежым щыщIэдзауэ муслъымэнхэр пудыныгъэм къыхэкIри лъапIэныгъэм хыхьахэщ, мащIэу щытахэти куэд хъуахэщ, къарууншэу щытахэти къару зырагъэгъуэтащ.

А псом пэублэ хуэхъуа илъэсыр муслъымэн илъэсырыбжэм пэублэ хуэпщIыныр дауикI къекIут. Щэхьабэ лъапIэхэм ар къызэрыхахами къегъэлъагъуэ абыхэм Iущыгъэрэ щIэныгъэу ябгъэдэлъар.

Дэри зы пщIэ гуэр диIэу дыпсэуну дыхуеймэ абы я IуэхущIафэр зыхэтлъхьэн хуейщ, муслъымэну зыдбжыжмэ муслъымэн тхыдэм пщIэ хуэтщIын хуейщ. Нэхъ мащIэ дыдэу абы щхьэкIэ тхуэщIэнухэм ящыщщ, Iэмал зэриIэкIэ хьиджрэм и илъэс къэбжыкIэр къэдгъэсэбэпыныр.

Муслъымэн жэмыхьэт! Илъэсыр икIэм щынэблэгъам деж, ар щхьэусыгъуэ хъарзынэ мэхъу блэкIам зэ дегупсысыжыну, абы ипкъ иткIи ди къэкIуэнур зэдгъэзэхуэну.

Ди блэкIари мы щым фIэкIкъым: е шейтIаныр зытедгъакIуэу ди Тхьэ лъапIэм жыIэмыдаIуэ дыхуэхъуу длэжьа гуэныхьхэращ. Абы къыхэтхын дигугъа IэфIагъ мащIэр кIуэдыжри ежьэжащ, ауэ езы гуэныхьыр бжьыгъэ фIыцIэу къыттенащ.

Е шейтIаным дытекIуэу ди Тхьэ лъапIэр арэзы зэрытщIа лэжьыгъэхэращи, ахэм щхьэкIэ гугъуехь гуэр тшэчами, гугъуехьыр тщыгъупщэжри ежьэжащ, ауэ абы къыдэкIуэ фIыгъуэр къэнащ икIи къэнэнущ мыкIуэдыжу Алыхьым жиIэмэ.

Ибн Тэймийе رحمه الله жиIэт: «Зэман гуэрхэр къысхуохуэ: Алыхьым сызэредэIуам папщIэ къилъэтынум хуэдэу си гур къеуэу, си гур дэлъейуэ. Уеблэмэ мыпхуэдэу жысIэу: Жэнэт Iыхьлыхэр мы иджыпсту сэ сызыхэт фIыгъуэм хэтынумэ, ахэм псэукIэ дахэ яIэнущ!».

Ещанэу ди щIыбагъым къыдэднэ лэжьыгъэхэр, ахэр модрейми мыдрейми щымыщу дуней Iуэху длэжьахэращи, ахэр Iэмал зимыIэ гуэру щытмэ, абы емыкIуи гуэныхьи хэлъкъым, ауэ къэхъуращи мылIэжын зи гугъэм и Iуэху щIэкIэщ ди Iуэху щIэкIэр.

Ди блэкIам нэхърэ ди къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI. Зи гуэныхь блэкIахэр къызыхуэгъун, псапэ илэжьахэми щыгуфIыкIыжын, зыхущIегъуэжыни зымылэжьын Алыхьым дищ!