Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЩIыхьым и хъумэныр

الحمد لله يعلم خائنة الأعين وما تخفي الصدور، أحمده سبحانه وأشكره وهو الحليم الشكور، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، وأشهد أن سيدنا ونبينا محمدًا عبده ورسوله الشافع المشفع يوم النشور، صلى الله وسلم وبارك عليه وعلى آله وأصحابه والتابعين ومن تبعهم بإحسان ما تعاقب الظلام والنور.

Псом япэ иту Тхьэшхуэм и шынагъэр дигу къэдвгъэгъэкIыж. Къемэт махуэшхуэм Алллаху Тэгьалам и пащхьэ дызэрихьэжынур ди фIэщ щыхъукIэ, Абы хуэфэщэжу дывгъэпсэу!

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхум и пщIэр яIэтынуми, хаутэнуми нэхъыбэ дыдэу зэлъытахэм ящыщщ и щIыхьыр ихъумэжыным зэрыхущытыр.

ЦIыхум и щIыхьыр щихъумэжым и деж цIыху сурэтым и нэхъ дахэ дыдэм иту мэпсэу; цIыхум и щIыхьыр щимыхъумэжым и деж былымым я пщIэ имыIэжу мэхъу!

Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжым и щIыхьыр ихъумэжынущ. Уеблэмэ цIыхум дин хэмылъми езыр къабзэу япIамэ, къабзэу къэхъуамэ мы Iуэхур къыфIэIуэхунущ. Япэми нобэми аращ ар зэрыщытыр.

Ауэ зи щхьэ пщIэ хуэзымыщIыжхэр, зи дини зи хабзи къызыфIэмыIуэхужхэр нобэ нэхъыбэ хъуащи, апхуэдэурэ кIуэмэ, фIыр фIыуэ къытщымыхъужу, Iейми «IейкIэ» демыджэжыфу дыхъункIэ бетэмалщ.

Абы дэнэмысын папщIэ е нэса щыIэми ди Тхьэм деж жэуап щыдмыхьыжын щхьэкIэ, мы Iуэхугъуэр къэIэтын, мыбы щхьэусыгъуэ хуэхъухэр къэтIэщIын, хущхъуэхъуэ хуэхъун ди гугъэхэр утыку къилъхьэн хуейщ.

МыхъумыщIагъэу щыIэм я нэхъ Iей дыдэхэм ящыщщ, фIеягъэу щыIэхэми я щхьэ дыдэм тетхэм яхэтщ, цIыхур и щхьэкIи и унагъуэкIи и лъэпкъкIи зытеунахъуэ Iуэхугъуэхэми ящыщщ: зинэм и Iуэхур.

Абы и зэранкIэ сыт хуэдиз гузэвэгъуэ къэхъуа, сыт хуэдиз гуфIэгъуэм ар зэран хуэхъуа, сыт хуэдиз гупсысэгъуэгъуэми цIыхухэр хидза?!

Ислъам диныр мы Iуэхугъуэм ткIийуэ бгъэдыхьащ, и щхьэр течауэ унафэ тырищIащ. А Iуэхугъуэр блэжьын дэнэ къыщына, гъунэгъуу абы щхьэусыгъуэ хуэхъухэм уабгъэдыхьэну хьэрэм ищIащ.

Алыхьым гъусэ хуэщIынымрэ, цIыху лажьэ зимыIэр быукIынымрэ ягъусэу, зы сатырым хэту зинэ щIэным и Iуэхур къыщокIуэ КъурIэн лъапIэм. Абы къегъэлъагъуэ а Iуэхум и шынагъуагъыр.

Абы ипкъ иткIэ имам Ахьмэди رحمه الله تعالى жеIэ: «ЦIыху укIыным иужькIэ зинэ щIэным хуэдэу гуэныхь нэхъыбэ къызыдэкIуэ щыIэу сэ сщIэкъым!».

ЦIыхум и иманым нэхъ лъапIэ иIэкъым. Ар фIэкIуэдмэ абы фIэмыкIуэда щыIэкъым. НтIэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم мы Iуэхум ехьэлIауэ жиIэм девгъэдаIуэ: «ЦIыхум зинэ щищIэм и деж иманыр къыхокIри, жьауэ къудейуэ и щхьэщыгум къыщхьэщонэ…». (Абу Дауд, Iэт-Тирмизий, Iэл-Бейхэкъий).

Бухъарий и тхылъым къыщыкIуэ хьэдисми къыхощ Джибрилрэ МикаIилрэ щIыгъуу Бегъымбар лъапIэр зырихьэлIауэ щыта теплъэгъуэ шынагъуэр. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «АдэкIэ дыкIуэри, пэшхьэкушхуэм ещхьу зыгуэрым дыщхьэщыхьащ, и щхьэр зэву и лъабжьэр хуиту, макъхэр къиIукIыу. Дыщхьэщыхьэрэ диплъэмэ, щыгъын лъэпкъ ящымыгъыу цIыхухъуи цIыхубзи хэтхэщ, мафIэр я лъабжьэмкIэ нэхъ гуащIэ зэрыхъуу гуэун, гуIэн щIадзэ. – Хэт мыхэр?, — жысIэу Джибрил сыщеупщIкIэ, — ЗинэщIэхэращ ахэр, — къызжеIэ». Мис а гьэзаб гуащIэр яшэчынущ апхуэдэхэм Къемэт махуэр къэсыхукIэ.

Мыпхуэдэ хьэдиси къаIуэтэж: «Зинэ щIэным хэтыр тхьэнэпцIым щхьэщэ хуэзыщIым хуэдэщ», — жиIэу. (Iэл-ХъэраIитIий).

Фадэр ерыщу зыIурылъыр тхьэнэпцIым хуэлажьэм ещхьу Тхьэшхуэм и пащхьэ ихьэжынущ, жиIэу хьэдис пэжыр къыщыкIуэкIэ, зинэм ерыщу кIэрыщIам и Iуэхур апхуэдэ хъуну нэхъапэжщ.

Зинэ зыщIэм мыхъумыщIагъэу щыIэр къегъэлъагъуэ: къегъэлъагъуэ зэрыдиныншэр, зэрымыукIытэр, зэрыпцIыупсыр, зэрыанэмэтыншэр, зэрыгущIэгъуншэр…

А псом хэлъхьэж Тхьэшхуэм и губжьыр къызэрилэжьыр, лъэпкъитIым я напэри зэрытрихыр, зы сыхьэт тхъэгъуэм и хьэтыркIэ игъащIэкIэ зэрыгуIэжын лэжьыгъэ зэрилэжьыр.

Узыфэ фIейуэ абы и зэранкIэ къежьэхэр щэ?! Берычэтыр унагъуэми, Iуэхуми хэмылъыжу, дугьэ ящIми Алыхьым яIимыхыжу зэрыхъур щэ?!

Апхуэдиз мыхъумыщIэр къыщыздихькIэ зыри гъэщIэгъуэн хэлъкъым Ислъам диныр абы ткIийуэ зэрыбгъэдыхьэм, гъуэгуу екIуалIэри зэригъэбыдэм. ГущIэгъум и диным апхуэдиз гуащIагъ абы щIыхилъхьэр Iуэхур гуащIэщи аращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ислъам диным абыкIэ къыдгуригъэIуэну зыхуейр: гъуэгу пхыдзахэр къэдгъанэу, захуэу кIуэцIырыкI гъуэгушхуэм дытригъэтыну, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэхэр дигъэухуэну, гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри щызэдаIэтыфу лъэпкъ узыншэ къытхигъэкIыну аращи, пщIэ къытхуащIар зэхэтщIэу, абы дыхуэфэщэжу дывгъэпсэу!