Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Алыхьым дыхуэвгъэлажьэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Абу Хурейрэ رضي الله عنه-м къытхуеIуэтэж Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم жиIа мы псалъэхэр: «Алыхьыр фи теплъэми, фи мылъкуми къеплъкъым, атIэ зэплъыр фи гумрэ, фи IуэхущIафэмрэщ». (Муслим).

Хьэдисым нэрылъагъуу къыхощ Аллаху Тэгьалам цIыхухэм я Iуэхур зэрызэхигъэкI пщалъэр; ди теплъэми, ди мылъкуми абы и деж пщIэ лъэпкъ зэрамыIэр, Абы пэгъунэгъуи, пэжыжьи абыхэм дызэрамыщIынур, атIэ псори зэлъытэжар ди гумкIэ зэдгъэзахуэр, абыкIэ зэдгъэзэхуар ди Iэпкълъэпкъым къызэрыхэщыжыр зэрыарар.

Ауэ цIыхухэр нэхъыбэу зэплъыр теплъэмрэ, мылъкумрэщ. ПщIэ къыпхуащIынуми, зыми ухамыбжэнуми зытращIыхьыр ахэращ. Ауэ муслъымэн пэжым къыфIэIуэхур цIыхухэм къыдалъагъуракъым, атIэ цIыхухэр къэзыгъэщIыжа Аллаху Тэгьалам къыдилъагъуращ.

Арамэ, гум и къабзагъым егугъун хуейщ, лэжьыгъэу длэжьымкIи Аллаху Тэгьалам и арэзыныгъэр къэтлъыхъуэн хуейщ, адрейхэр псори щхьэгъэпцIэжщ, адрейхэр псори кIуэдыжынущ.

Алыхьым и деж зыри щыкIуэдынукъым. Алыхьым зыри щыгъупщэнукъым. А нэхъ мащIэ дыдэм пэкIуэу куэд къыдитыжынущ, куэд тщIэмэ Абы къытхуищIэжынум ущIэмыупщIэххэ.

Хэти ирехъу, уи щхьэгъусэ, е уи бын, е уи ныбжьэгъу – зы фIы гуэр абыхэм щахуэпщIэм и деж, абы и фIыщIэмкIэ уащымыгугъыж. Уащыгугъми укъэпцIэнущ, атIэ Алыхьым папщIэ яхуэщIэ фIыри, абы иужькIэ езыхэм узэхащIыкIмэ я насыпщ, уэри уи насыпщ, узэхамыщIыкIмэ, ар абыхэм я насыпыншагъэм щыщщ, уэ уи псапэр Алыхьым и деж щыхъума хъунущ.

Армырауэ цIыхухэми фIыщIэ къыпхуащIыну ухуейуэ, Алыхьми псапэ къуитыжыну ухуеймэ, уэ куэдыIуэ ухуейщ.

Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله и псалъэхэм къахощ, зы лъэныкъуэкIэ цIыхухэр къыпщытхъуну, фIыщIэ къыпхуащIыну, зыгуэркIи къыпхуэупсэжыну ухуейуэ, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ Алыхьым папщIи ар пщIэ хуэдэу къыпщыхъужмэ, уэ псымрэ мафIэмрэ зэгъусэ зэдэпщIыну яужь уихьауэ аращ.

КъурIэн лъапIэ къыхощ цIыхуфIхэм IуэхуфI щалэжьым и деж я гум илъыр, е Iэмалыншэ хъумэ, я бзэмкIэ жаIэр. ЖаIэ абыхэм хуэныкъуэм я шхын щыIуагъахуэм и деж : «Дэ Алыхьым и хьэтыркIэ фыдгъа­шхэу аращ,—жаIэурэ,—армы­хъумэ зыгуэр къыпэкIуэнуи фIыщIэ къытхуэфщIынуи ды­щIэхъуэпсыркъым». (Iэл-Iинсан, 9).

Сыт хуэдэ фIы блэжьми Алыхьым фIэкIа нэгъуэщIым зыкIи ущымыгугъ! Ущыгугъми уи гугъэр къэпцIэнущ, уеблэмэ зыхуэпщIэми укъимыщIу Iэмал иIэмэ псапэр лэжь.

Iэл-Хьэсэн Iэл-Бэщрий رحمه الله жиIащ: «ЦIыху щыIэщ КъурIэн псор зэригъэщIауэ, ауэ ар зыми къыдимыщIу; цIыху щыIэщ мылъкушхуэ сэдэкъэуэ иугуэшу, ауэ цIыхухэм ар къыдамыщIэу; цIыху щыIэщ и унэ кIуэцIым нэмэз куэду щызыщIу, ауэ цIыхухэм ар къыдамыщIэу».

Алыхьым папщIэ щэхуу пщIэращ бгъуэтыжынури, укъезыгъэлыжынури. Мес а бгъуэнщIагъым щIиубыда цIыхуищым я къелыным щхьэусыгъуэ хуэхъуари а гукъабзагъэращ, Алыхьым папщIэ къабзэу ялэжьа лэжьыгъэ зэрабгъэдэлъаращ.

А къабзагъращ цIыхухэм къабыл уащIу, уи псалъэр къащтэу, зэхалъхьэу зыщIынур. Зы щIэныгъэлI гуэрым еупщIахэт: ди ита имамышхуэхэм я псалъэхэм нэхъ пкъы щIэту, цIыхуми нэхъ япкъырыхьу щхьэ щыт?-жаIэри.

Абы жэуапу къитащ: «Абы и щхьэусыгъуэр, ахэм диным и пщIэр къаIэтыну, я щхьэхэри кърагъэлыжыну, Алыхьыри арэзы ящIыну псалъэхэти арат, дэ дыпсалъэми дыщIэпсалъэр пщIэ къэдлэжьыну, мылъку гуэр къытхэхъуэну, цIыхухэр арэзы тщIыну аращ».

Арамэ, псори ди гум девгъэлэжь, ди лэжьыгъэ псори Алыхьым теухуауэ дывгъэщI. КIуэдыжынуми девмыгъэлIалIэу, дыкъезыгъэлынум дытевгъэлажьэ!