Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Анэмэтыншагъэр

إن الحمد لله نحمده ونستعينه، ونستغفره، ونعوذ بالله من شرور أنفسنا وسيئات أعمالنا من يهده الله فلا مضل له، ومن يضلل فلن تجد له ولياً مرشداً.

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له،وأشهد أن سيدنا وحبيبنا محمداً عبد الله ورسوله -صلى الله عليه وعلى آله وصحبه أجمعين-. أما بعد:

ФIыщIэр Алыхьым ейщIи, фIыщIэ Абы худощI, зыкъытщIигъэкъуэнуи зыхудогъазэ, къытхуигъэгъунуи долъэIу. Ди псэм хэт Iейми, ди лэжьыгъэм къыхэкI мыхъумыщIагъэми дащихъумэжыну Алыхьым доувалIэ….

Муслъымэн жэмыхьэт! Къемэт махуэр къызэрыблагъэр къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэ куэд щыIэщи, абыхэм ящыщщ: анэмэтыр цIыхухэм я гум ирахыжыныр, анэмэтыншэ цIыхухэр хъуныр, хъиянэтыр къахэзэрыхьыныр.

ЖеIэ صلى الله عليه وسلم-м: «Анэмэтыр яфIэкIуэдмэ, Къемэт махуэм пэплъэ!». – Сыт хуэдэу зэрафIэкIуэдынур?- жаIэу къыщыщIэупщIэжхэм — , «Унафэр зыхуэмыфащэм IэщIалъхьэмэ, Къемэт махуэм пэплъэ!», — жиIащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Бухъарий).

Ар анэмэтыншагъэм и зы щапхъэ къудейщ, армырауэ анэмэтыншагъэр Алыхьым и хьэкъхэми хохьэ, цIыхухэм я хьэкъхэми хохьэ, кIэщIу жыпIэмэ, сыт хуэдэ Iуэху теухуауи уи хьэкъыр умыгъэзащIэмэ, уанэмэтыншэу аращ.

Анэмэтыр дин Iуэхухэм псоми зэрахыхьэм папщIэ жеIэ عليه الصلاة والسلام-м: «Анэмэт зимыIэм имани иIэкъым». (Iэл-Бейхэкъий. Хьэдисыр хьэсэнщ).

Псалъэм папщIэ, Аллаху Тэгьалар нузыркIэ е тхьэрыIуэкIэ къэбгъэгугъэрэ, уи псалъэм уепцIыжамэ – анэмэтыншагъэ блэжьащ.

Апхуэдэу зылэжьым и гум мунафикъыгъэ къридзэну къыщокIуэ КъурIэн лъапIэм. Мунафикъыгъэмрэ иманымрэ зэдизэгъэнукъым зы гум.

Алыхьыр бгъэзакъуэну, и закъуэу ухуэлэжьэну, ухуэпщылIыну къэбгъэгугъащи, а гъэзэкъуэныгъэм фэрыщIагъ гуэр къыхыхьамэ, анэмэтыр умыхъумэу аращ.

Нэмэз пщIыну ущытеувэкIэ, ар Алыхьым папщIэ пщIыну нет уотри утоувэ. А нет птам ухуэмыпэжу, уи гупсысэкIэ ухьэулейуэ нэмэзым утетамэ, анэмэтыр пхъумакъым.

ЦIыхур къоплъамэ уэ Алыхьым ухуэлажьэу, ухуэпщылIу убгъэдэту, ауэ уэ уигукIэ Алыхьым уемыгупсысыххэу, дунеягъэм уи щхьэр хэтIауэ, уи гур щымыхьэулей щIыпIэ къомыгъанэу нэмэзым утетмэ, уэ анэмэт пхэлъ нэмэзым теухуауэ?!

Щэн-щэхуэн Iуэху теухуауэ, уи къуэш муслъымэныр зыгуэркIэ къэбгъэгугъэрэ къэбгъэпцIэжамэ, уанэмэтыншэу аращ.

Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку анэмэт дэлъщи, и бзэм хуимытыжу а тIум язым а анэмэтыр утыку Iуэху къыщищIкIэ, анэмэтыншагъэшхуэ елэжь.

«Къемэт махуэм Алыхьым нэхъ ин дыдэу ягъэпцIа анэмэту къибжынур, лIым и щэхур и фызым бгъэдилъхьэу, фызми и щэхур лIым къыбгъэдилъхьэу, итIанэ абы тепсэлъыхьыжу дэувэжынращ». (Муслим).

Псалъэм папщIэ и дагъуэ гуэрым тепсэлъыхьыжу е ибзыщIын хуей дахагъэ гуэрым и гугъу ищIыжу.

Ибн Iэл-Мэлик щIэныгъэлIым жеIэ: «ЗэлI-зэфызым Iуэхуу зэдащIари, псалъэу къажьдэкIари псори анэмэтщи, зым фIэмыфI хъун гуэр адрейм нэгъуэщI зыгуэрым лъигъэIэсмэ – ар анэмэтыншагъэм щыщщ». «Миркъат Iэл-Мэфатихь».

Зыгуэрым: — Си щхьэгъусэр изгъэкIыжыну мурад сщIащ, — жиIати, — сытым къыхэкIыу?- жаIэри къеупщIахэщ. – Иджыри збгъэдэс си щхьэгъусэм и дагъуэ сэ дауэ фхуэсIуэтэн?!, — жиIэри, а жиIам нэхъыбэ къыжьэдэкIакъым.

Иужьым и щхьэгъусэр иригъэкIыжауэ къырихьэлIахэти: -Сыт щIибгъэкIыжар? – жаIэу къыщеупщIым, — а цIыхубзыр сэркIэ хамэ цIыхубз хъуащ, хамэ цIыхубзым сыт сэ и дагъуэ щIэсIуэтэн хуейр?-жиIащ лIы губзыгъэм.

ИкIи аращ зэрыщытын хуейр. Уи Iуэхур щыфIым деж а фIымкIэ зыми удэмыгуашэу, уи Iуэхур зэIыщIа щыхъум и деж уи IеймкIэ псоми уадэгуашэу, хэти ухуэтхьэусыхэу удэтыныр, емыкIущ уегупсысмэ.

КIуэ Iуэхур зэхэгъэкIын хуейуэ, и щхьэр течауи утемыпсэлъыхьу мыхъунумэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ, ауэ ари зыбгъэдэлъхьэн хуейр Iуэхур и щIэныгъэкIи, и губзыгъагъэкIи зэхэзыгъэкIыфынуращ.

Аллаху Тэгьалами сыт жиIэр: «لَا يُحِبُّ اللَّهُ الْجَهْرَ بِالسُّوءِ مِنَ الْقَوْلِ إِلَّا مَنْ ظُلِمَ» — «Лей зылъысам нэ­мыщI, нэгъуэщIхэм Iейр наIуэ къащIыну фIэфIкъым Алыхьым». (Iэн-НисаI, 148).

Анэмэтыр зиIысыр нэгъэсауэ къызыгурыIуэу, нэгъэсауэ ар зыхъумэн, ихъумамкIи, дунеягъэкIи ахърэткIи, пщIэ зыгъуэтыжын Алыхьым дищI!