Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэмэзыщIхэм я щыуагъэхэм щыщ гуэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Дымуслъымэнщ щыжытIэм и деж, Алыхьым дыхуопсэу, Абы и унафэм дыщIэтщ, Абы и жыIэм дытетщ, Абы и арэзыныгъэр къыдолъыхъуэ, жытIэу аращ.

Ауэ ар жытIэ къудейуэ щымыту, нэгъэсауэ къыдэхъулIэну дыхуеймэ, длэжь лэжьыгъэм щIэныгъэр и лъабжьэу, щIэныгъэншэу зы лъэбакъуи дымычу щытын хуейщ.

Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Гьумэр ибн Гьэбдил-Гьэзиз رحمه الله зэрыжиIауэ: «ЩIэныгъэншэу Алыхьым хуэлажьэм, зэIищIэр нэхъыбэщ, фIы ищIэм нэхърэ».

НэгъуэщI зы щIэныгъэлIми зэрыжиIауэ: «Iуэхугъуэ илэжьым хэтын хуей пкъыгъуэхэр, абы ехьэлIа шэртIхэр имыщIэу Алыхьым хуэлажьэр шейтIаным фIэдыхьэшхэнщ».

Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъыбэ дыдэу къызэралэжьхэм ящыщщ зы жэщ зы махуэм и кIуэцIкIэ тщIы нэмэзитхур. Ауэ, зэрыжытIауэ, Алыхьым и арэзыныгъэр абы къыхэкIын папщIэ ар щIэныгъэкIэ гъэбыдауэ, ныкъусаныгъэхэми, зэрыхъукIэ, къыхэгъэкъэбзыкIауэ щытын хуейщ.

Мыбы ехьэлIауэ нэхъыбэу щыуагъэ длэжьхэм ящыщщ: жэмыхьэту нэмэз щызэдэтщIкIэ сатырыр захуэ зэрыдмыщIыр е тэмэму дызэрызэмыувалIэр, сатырыр ныкъуэу къызэрыдгъанэр.

Сатырым и захуагъэм теухуауэ жеIэ عليه الصلاة والسلام: «Захуэ фщIы фи сатырхэр: сатырыр захуэ щIыныр нэмэзыр нэгъэсауэ пщIыным щыщщ». (Бухъарий, Муслим).

Сатырыр ныкъуэу къэбгъанэ зэрымыхъунум ехьэлIауэ жеIэ صلى الله عليه وسلم: «Сатырыр зэпызычыр Алыхьым зэпичынущ». (Абу Дауд, НэсаIий).

Щыуагъэхэм ящыщщ: нэмэзым къыкIэрыхуауэ мэжджытым щIыхьа нэужь имамыр рукугьым ехауэ ялъагъумэ языныкъуэхэр епIэщIэкIыу, уеблэмэ жэрыжэм хэту нэмэзым хыхьэну яужь зэрихьэхэр.

Ар зэрымыхъунур хьэдис лъапIэхэм къахощ. «Нэмэзыр щIын щIадзамэ, жэрыжэкIэ абы фынэсыну яужь фимыхьэ, атIэ гупсэхугъуэ фхэлъу фыкъекIуалIи: фызыхиубыдар фщIы, блэкIар фыпшыныж; пэжращи, нэмэзым фыкIуэн мурад фиIэу фыщежьакIэ, абы фытетым хуэдэщ фэ». Арамэ, фыщIэпIэщIэн щыIэкъым, жыхуиIэщ. (Бухъарий, Муслим).

Щыуагъэхэм ящыщщ: языныкъуэхэр имамым япэ зэрищыр. Ар зыщIэм абыкIэ къегъэлъагъуэ и щIэныгъэншагъэри и хьэлыншагъэри.

Имамыр уи япэ щIитыр абы яужь уиту уи нэмэзыр дэпщIыну аращ, армырауэ, уэ япэ уищмэ, уэ имам ухуэхъужауэ аращ абы. Ар щIэныгъэншагъэ дыдэщ.

Хьэлыншагъэм ар зэрыщыщыр: цIыхум и шыIэныгъэр, и сабырагъыр зэрыхуримыкъур абы къыхощри аращ. Нэхъыбэм дежи нэмэзым ар къызыIэщIэщIэм и дуней тетыкIэри абы ещхьыжщ.

Щыуагъэхэм ящыщщ: языныкъуэхэм сэждэ щащIкIэ ар ирикъуауэ зэрамыщIыр: натIэри, пэри, IитIри, лъэгуанжьитIри, лъэтхьэмпитIри щIым къытрамыхыу быдэу зэрытрамыIыгъэр. Абы нэмэзыр икъутэнкIэ бетэмалщ.

Щыуагъэхэм ящыщщ: жэмыхьэту нэмэз щытщIкIэ языныкъуэхэм рукугьым е сэждэм я зикрхэр щыжаIэкIэ, е Iэт-тэхьиятым къыщеджэхэкIэ я макъым зэрызэрагъэIэтыр, къабгъэдэтхэм е къабгъэдэсхэм зэран зэрахуэхъур.

Мыбы щыщщ: языныкъуэхэм имамым макъкIэ жиIэн хуей тэкбирыр, езыхэми макъкIэ зэрыжаIэр. Ари щыуагъэщ.

Щыуагъэхэм ящыщщ: зикр зыщIыр е КъурIэн еджэр нэмэз зыщIым зэран зэрыхуэхъур. Абы и Iуэхур хьэдисхэми къахощ, «Фэ псори Алыхьым фелъэIууращи, зыр зым зэран фыхуэмыхъуж» жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Ахьмэд, Абу Дауд).

ЦIыхухэм блэкIыпIи, щIэкIыжыпIи яримыту зэблэкIыпIэ дыдэм деж къэувурэ нэмэз зыщIым щыуагъэшхуэ елэжь.

Я фарзыр ящIамэ цIыхухэр хуитщ мэжджытым щIэкIыжыну, псом хуэмыдэжу Iуэху зиIэ е лэжьыгъэм пэрыхьэжын хуей яхэтынкIэ хъунущ абыхэм. Мис ахэр зыри зомыгъэзахуэу, имамым сэлам зэрихыу укъыщылъэту суннэ пщIыну утеувэрэ, уи нэмэзыр зэпаупщIын хуей хъумэ, абы и гуэныхьыр уэращ зыгъэвыжынур.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыбдеж къэтхьа щыуагъэхэр щапхъэ къудейуэ аращ, зы хъутIбэкIи мыр зэхэкIа хъунукъым, атIэ ди диныр къытфIэIуэхумэ, ди Ахърэтми ди фIэщу дегупсысмэ мы нэмэзым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр нэхъ кууэ дджын хуейщ. Девгъаджэ щIэныгъэлIхэм я тхылъхэм, девгъэдаIуэ я дерсхэм.

Алыхьым дыригъэфIакIуэ, ди щIэныгъэри тхухигъахъуэ, и арэзыныгъэри къэдлэжьауэ и пащхьэ дыришэж!