Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

КIэщIыр нэхъ кIэщIыж дощI

Псалъэм и пэублэу жытIэным я нэхъыфIыр тхьэшынагъэм зыр зым къыхуедджэжу, зи пащхьэ дихьэжыну Тхьэшхуэми дыщышынэну зым зыр дгъэIущыжынращ.

Тхьэм щышынэр сыт хуэдэ Iуэху гугъуми къыхэкIыфынущ, зыдимыгугъамкIи и ерыскъыр къикIынущ, а нэхъ гузэвэгъуэшхуэри зэрыдихын къару абы Алыхьым къыритынущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ахърэтым щыIэну гъащIэ мыухыжым елъытауэ мы дуней гъащIэр егъэлеяуэ кIэщIщ. А кIэщIым и кIуэцIкIэ зы цIыху щхьэхуэм къигъэщI гъащIэри апхуэдизкIэ кIэщIщи мы дуней гъащIэм зы щIыпIэ дежи къыщыхэщкъым.

Миллиард бжыгъэкIэ тетащ мы дунейм цIыхуу, ауэ псори мы щIым хэкIуэдэжауэ я хъыбар лъэпкъ тщIэжкъым, щыIаи щымыIаи, зыхужаIэм хуэдэу кIуэдыжхэри ежьэжахэщ.

Аллаху Тэгьалами зэрыжиIауэ:

“وَكَمْ أَهْلَكْنَا قَبْلَهُمْ مِنْ قَرْنٍ هَلْ تُحِسُّ مِنْهُمْ مِنْ أَحَدٍ أَوْ تَسْمَعُ لَهُمْ رِكْزًا”

«Дэ абыхэм (хъийм икIа хьэрыпхэм) япэкIэ сыт хуэдиз щIэблэ дгъэлIэжа — уэ абыхэм ящыщ гуэрым е и мэ къыпщIи­хьэрэ е и Iэуэлъауэ зэхэпхрэ?»  (Мэрем, 98).

Дэри къытхуауха пычыгъуэ тIэкIур зэрыдухыу щIым дыхэкIуэдэжынущ. Дэ дызэрыщымыIыжым папщIэ дунейри къутэжынукъым, гъащIэри къэувыIэнукъым, цIыхум ящIэ Iуэхури къагъэнэнукъым.

Къапщтэмэ дэри аращ ди япэ ищхэм дазэрыхущытыр, уеблэмэ нэгъуэщIуи щытыфынукъым гъащIэр, зыр лIэмэ адрейм зыщIилIэжыни щыIэкъым, ауэ дэ мыбы къыхэтхын хуейр сыт? Сыт абы дызыригъэгупсысын хуейр?

Куэдым урегъэгупсыс абы. Зы лъэныкъуэкIэ, абы фIэкIа цIыхум я деж пщIэ щызимыIэнукIэ, пщэдей я гум сихужу щхьэж и щхьэ Iуэху зэрихуэжу щыдэувэжынукIэ, апхуэдизу щхьэ мы цIыхухэм я гугъэм, я еплъыкIэм, къыздалъагъум селIалIэрэ, апхуэдиз гулъыти абы щхьэ хуэсщIрэ? – жеIэ губзыгъэм.

ЖеIэри, фэрыщIагъыншэу, къабзэу Аллаху Тэгьалам хуэлажьэу щIедзэ. И дин Iуэхури, и дуней Iуэхури Алыхьым зэрыфIэфIым хуэдэу егъэпс.

НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, щIэх дыдэ дылIэжу щIым дызэрыхэкIуэдэжынум къегъэлъагъуэ — дызэрымыхьэнэншэр, ди къарури зы щIыпIи зэрынэмысыр, дызыпэлъэщри зэрымащIэр.

Ар пэжмэ, абы щIыгъужу, дыкъызыхэкIари щытщIэжкIэ, дызыхэкIуэдэжынури щынэрылъагъукIэ щхьэ зыдгъэпIийрэ, ди пэр щхьэ дэткъейрэ, зыкъытфIэщIыжауэ щхьэ цIыхум дахэт?!

НэгъуэщIуи мыбы къыхэпх хъунур: гъащIэр апхуэдизу щыкIэщIкIэ, а кIэщIыр дахэу, екIуу, цIыху хуэдэу щхьэ едмыхьэкIрэ?!

ГъащIэ кIэщIыр дызэщыхьэурэ, дызэфIэнэурэ, зыр зым зыхуэдгъэгусэурэ, зыр зым и жагъуэ тщIыурэ, зыр зым дефыгъуэурэ щхьэ нэхъ кIэщIыж тщIырэ?!

ГъащIэр апхуэдизу щыкIэщIкIэ, гъащIэ псор IуэхуфIкIэ, Iуэху дахэкIэ, псапэ зыпылъкIэ щхьэ къэдмыгъэсэбэпрэ?

ГъащIэр апхуэдизу щыкIэщIкIэ Iуэху мыхьэнэншэхэмкIэ, мыфэмыцхэмкIэ щхьэ зэманыр дгъакIуэрэ?! Нэхъ жыжьэ щхьэ дымыплъэрэ, нэхъ лъагэмкIэ, нэхъ лъапIэмкIэ щхьэ дымыгупсысэрэ?!

Апхуэдэ гупсысэкIэм дыригъасэу жеIэ صلى الله عليه وسلم-м: «Алыхьым фыщелъэIум деж ФирдэусымкIэ фелъэIу, ар Жэнэтым и кум хуозэ икIи и щхьэ дыдэм тетщ, абы къыщхьэщытыр Рэхьманым и гьэршырщ, Жэнэтым ипсхэри къызыкIэщIэжыр аращ». (Бухъарий).

Жыжьэ плъэр, нэхъыфIым щIэхъуэпсым зыгъэпсэху жыхуаIэр ищIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, пщэдей зызыгъэпсэхуну хуейм нобэ зигъэпсэхукъым, пщэдей гугъу ехьыжыну хуейм нобэ зегъэпсэху.   

ДунеягъэкIэ гъащIэ дахэ езыхьэкIыу, Ахърэтми нэхъ увыпIэ лъагэ дыдэм лъэIэсынухэм ящыщ Алыхьым дищI. Дунейр тхъуэжми ди цIэр дахэу я-Алыхь мы дунейм къытенэ, дащымыгъупщэу къытхуэлъэIуэн ди щIыбагъ къыдэнэ!