ФIыщIэри щытхъури зыхуэфащэр Алыхь Закъуэрщ. Аращ щытхъу къызыхуэтхьри, гущIэгъурэ дэIэпыкъуныгъэрэкIэ дызыщыгугъри. Ди псэм бзаджагъэ хэтми, ди лэжьыгъэм Iеягъэ хэлъми дащихъумэну Алыхьым дыкъуоувэ.
Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувар абы тезышыжыфын щыIэкъым. Абы имыузэщIари зыузэщIыфын щыIэкъым.
Тхьэ щыIэкъым Алыхьым нэмыщI, Мухьэммэд лъапIэри Абы и пщылIщ икIи и лIыкIуэщ. Абы щыхьэт дытохъуэ дэтхэнэ зыри.
Псалъэм я нэхъ пэжыр Алыхьым и Псалъэращ, гъуэгум я нэхъ захуэри лIыкIуэ лъапIэм, e хиша гъуэгуращ. Iуэхум я нэхъ Iейри абы емызэгъыу щIэуэ кърагъэжьахэращ. Апхуэдэ щIэхэр псори бидгьэщ; бидгьэ псоми гъуэщэныгъэм ухуашэ; гъуэщари зыхуэкIуэр мафIэрщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! ДевгъэдаIуэт зэгъусэу Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и хьэдисхэм ящыщ зым. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «Гъуэгум захуабзэу фытет е абы пэгъунэгъуу фытет, икIи зэвгъащIэ лэжьыгъэ къудейм Жэнэтым фызэрыримышэнур, Алыхьыми лэжьыгъэхэм щыщу нэхъыфI дыдэу илъагъур, мащIэми, зэмычу нэхъ ялэжьращ». (Бухъарийрэ Муслимрэ).
Мы хьэдис лъапIэм куэд къеубыд, уеблэмэ дин псор къызэщIиубыдэу пхужыIэнущ, ауэ нобэ абы щыщу дэ къыхэдгъэщыну дызыхуейр: сыт хуэдизу IуэхуфI куэд умылэжьами, зыгуэру зыкъыпщыхъуж икIи зыкъыпфIэщIыж зэрымыхъунуращ, IуэхуфI къудейкIи укъызэремылынуращ, атIэ Аллаху Тэгьалам и гущIэгъум ущыгугъын хуейщ.
МутIэрриф щIэныгъэлI иным رحمة الله عليه жеIэ: «Жэщ псапэ нэмэзым сыхэжаерэ, абы сыхущIегъуэжауэ нэху сыкъекIмэ нэхъ къызощтэ, жэщым куэдрэ нэмэз сщIырэ, пщэдджыжьым зыгуэрурэ зыкъысщыхъужауэ нэху сыкъекI нэхърэ!».
Пщэдей уи Iуэхур зэрыхъунур умыщIэу, ажалыр къыщыса дэкъикъэм узэрытыну щIыкIэм ущымыгъуазэу, дауэ зыгуэру зызэрыпщIынур, зыкъызэрыпфIэщIыжынур?
Укъулеймэ, пщэдей факъырэ ухъужынум пщIэрэ? Угубзыгъэмэ, уи щхьэм къыщыщIынур пщIэрэ? Iиман убгъэдэлъмэ, пщэдей уи иманым пфIэкIуэдыжынумэ пщIэрэ?
ЦIыхум къилъэгъуамэ, Алыхьыр игу къигъэкIыу, Ахърэтым иригъэгупсысу щытащ Бишр ибн Мэнщур, رحمه الله. Зы махуэ гуэрым кIыхьу нэмэз абы ищIу, зылI къырихьэлIащ къыхуейуэ. Зы зэман дэкIа нэужь Бишр абы гу лъитати, нэмэзым къызэрыхэкIыу зыхуигъазэри жыриIащ: «Мы къыздэплъэгъуар зы бэлыхь гуэру къыпщымыхъу икIи умыгъэщIагъуэ; нэлатыр зытехуэн Иблис мелыIычхэм яхэту апхуэдизрэ Алыхьым хуэлэжьа пэтрэ, и кIэух хъуам еплъ!!».
ЗыкъыпфIэщIыжыныр – ар уз Iейщ, цIыхур зытекIуадэщ. Апхуэдэм езым и щхьэм фIихыу Алыхьым фIыщIэ хуищIынукъым, и щхьэм щытхъур фIихыу Алыхьым щытхъу къыхуихьынукъым, атIэ зигъэинынущ, зигъэлъагэнущ, зигъэпагэнущ.
ГьаIишэ رضي الله عنها еупщIахэт: ЦIыхур цIыху Iейуэ дапщэщ убж щыхъунур, жаIэри. «ЦIыхуфIу зыкъыщыщыхъужам деж занщIэу убж хъунущ!», — жиIащ رضي الله عنها.
Ибн Тэймийе رحمه الله и псалъэхэм къахощ, цIыхум фэрыщIагъ хэлъынымрэ, зыкъыфIэщIыжауэ щытынымрэ зэпыщIауэ икIи зыгуэркIэ зэщхьу зэрыщытыр: фэрыщIагъ зыхэлъым Алыхьым гъусэ нэгъуэщI зыгуэр хуещI, зыкъызыфIэщIыжам езым и щхьэр Алыхьым гъусэ хуещI.
ФэрыщIагъ зыхэлъым «إِيَّاكَ نَعْبُدُ» (Уэращ дызыхуэпщылIыр) – жызыIэ аятыр нэгъэсауэ игъэзащIэкъым, зыкъызыфIэщIыжам «وإِيَّاكَ نَسْتَعِينُ» (Уэращ къыддэIэпыкъуну дызэлъэIур) жызыIэ аятыр игъэзащIэкъым, атIэ и щхьэм щогугъыж, и щхьэм псори хуехьыж.
Зыгуэру зыкъызыфIэщIыжым и Iуэхур егъэлеяуэ зэрышынагъуэр къегъэлъагъуэ мы хьэдисым: «И щхьэцымрэ, и фащэмрэ я дахагъэр игу ирихьыжауэ (зыкъыфIэщIыжауэ) зылI гъуэгум зыдрикIуэм, Алыхьым ар щIым кIуэцIригъэхуащ икIи Къемэт махуэр къэсыхукIэ зещатэурэ ар щIым кIуэцIыхьэнущ». (Бухъарийрэ Муслимрэ).
Сыт тIэ цIыхум зыкъыщIыфIэщIыжыр?- жыпIэмэ, абы и щхьэусыгъуэ нэхъ ин дыдэр щIэныгъэншагъэращ. ЩIэныгъэншэм зищIэжкъым, зиIысри къыгурыIуэжкъым, бгъэдэлъыр къызыбгъэдэкIари ищIэкъым. Аращ щIэныкъуакъуэри.
ЦIыхум къыбгъэдэтхэми куэд елъытащ мы хьэлым теухуауэ. Сыт щыгъуи къыщытхъу, ищIэу хъуамкIи зыгъэзахуэ цIыху къызыбгъэдэтым дауикI зыкъыфIэщIыжынущ.
Гупсысэн зи жагъуэми а хьэл Iейр хэлъынущ. Армырауэ, цIыхур тIысу и фIэщу зэгупсысыжатэмэ, зыкъыфIэщIыжын дэнэ къыщына, укIытэм ихьу игъащIэр ихьынут.
Алыхьым дыщихъумэ дэтхэнэ зыри а хьэл Iейм, хьэлым я нэхъ дахэри къытхилъхьэ! Диныр дгъэдахэу, езы динми дигъэдахэу Алыхьым дигъэпсэу!