Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НыбжьэгъуфIымрэ ныбжьэгъу Iеймрэ

ЦIыхур езым хуэдэ цIыхухэм яхэмытынкIэ Iэмал имыIэмэ, цIыхум езым хуэдэ цIыхуи къыщилъыхъуэжкIэ, акъыл зиIэм гъусэ зыхуищIынури, уэршэрэгъу ищIынури – цIыхуфIхэращ.

ЦIыхуфIыр дунеягъэ IуэхукIи, ахърэт IуэхукIи сэбэп къыпхуэхъунущ, цIыху Iейр дунеягъэ IуэхукIи, ахърэт IуэхукIи зэран къыпхуэхъунущ.

ЦIыхуфIхэм уащыхэтым деж я фIагъым щыщ зыгуэр къыплъэмыIэсынкIэ Iэмал иIэкъым, цIыху Iейхэм уащыхэтым деж я Iеягъым щыщ зыгуэр къыплъэмыIэсынкIэ Iэмал иIэкъым.

Жьы къабзэм ещхьщ ар: мэ дахэ ирихьэлIэмэ, мэ дахэр ирехьэжьэри йожьэж; мэ Iей ирихьэлIэмэ, Iейр кърехьэкIри дэтщ.

Ауэ зэрыжаIэмкIэ, цIыхуфIхэм уащыхэскIэ я фIагъым щыщ къызэрыпкIэрыпщIэм нэхърэ нэхъ псынщIэу, цIыху Iейхэм уащыхэсым деж я Iеягъыр нэхъ псынщIэу къыпкIэропщIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мывэр бгым ебгъэджэрэзэхыныр нэхъ тыншщ, дэбгъэжеин нэхърэ.

Аращ Аллаху Тэгьалами къыщIыджиIэр:

“يَاأَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا اتَّقُوا اللَّهَ وَكُونُوا مَعَ الصَّادِقِينَ”

«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Алыхьым фыщышыни, цIыху пэжхэм фаригъусэ!». (Тэубэ, 119).

Уеблэмэ «Алыхьым иригъусэ», — жеIэ зы цIыхуфI гуэрым — «Алыхьым уримыгъусэфынумэ, Алыхьым иригъусэхэм ягъусэ».

Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم къыдгурегъаIуэ мы Iуэхум и шынагъуагъыр: «ЦIыхуфI зыбгъэдэсымрэ, цIыху Iей зыбгъэдэсымрэ дыху зыIыгъымрэ, мафIэм зэрыкIэщIэпщэ Iэмэпсымэ зыIыгъымрэ ящхьщ. Дыху зыIыгъым – е ар пщIэншэу къуитын, е къуищэн, е и мэ дахэр къыпщIихьэн. МафIэм зэрыкIэщIэпщэ Iэмэпсымэ зыIыгъым — е уи щыгъыныр игъэсын, е мэ Iей къыпщIригъэхьэн». (Бухъарийрэ Муслимрэ).

Абы къикIращи, цIыхуфIым убгъэдэсмэ, сыт хуэдэу мыхъуами зы хъейр гуэр къохъулIэнуращ. Апхуэдэм е уи дин IуэхукIэ зы фIы гуэр уигъэщIэнщ, е уи дуней IуэхукIэ узыхуэныкъуэ гуэр къыбгуригъэIуэнщ, е чэнджэщыфI гуэр къуитынщ, е уи зэран къызыхэкIыну гуэрым ущигъэщтэнщ.

ЦIыхуфIыр уи ныбжьэгъумэ, ар уи уэршэрэгъумэ, абы и фэ уэри къуаплъынущ, абы и пщIэр уэри къыпхуащIынущ. ПщIэ къыпхуащIмэ, уэри пщIыжынущ, цIыхуфэ къозыплъым уэри иуплъыжынущ. Абы ипкъ иткIи зэхущытыкIэхэр нэхъ зэтес хъунущ.

Хьэ пэтрэ цIыхуфIхэм ягъусэу бгъуэнщIагъым зэрыщIэсам папщIэ, хьэри КъурIэн лъапIэм къыхэщащ, пщIэ леи игъуэтащ.

Ауэ цIыху Iейхэр уи пэшэгъумэ, ахэр уи уэршэрэгъумэ, уи IэкIэ сэ зыхэпIужауэ, щхъухь зэпхьэлIэжауэ аращ.

Ахэм уагъэунэ уигугъэурэ уагъэунэхъунущ, игъащIэм уигу къэмыкIа гуэныхьхэр уигу къагъэкIынущ, зыгуэркIэ пщIам ухущIегъуэжми, тобэ къэхьыжыпIэ къуатынукъым, атIэ «пщэдеи махуэщ, къэунэхунури мазэщ, мы уэ пщIэр зырикIщ адрейхэм ящIэм елъытауэ», жаIэурэ, а пщэдей жыхуаIэри къэмысу, мазэри къэмыунэхуурэ псори нахуэ щыхъуну Къемэт махуэшхуэм уи Iэр ущIауэ, уи нэр дияуэ, гужьеигъуэм узэщIищтауэ уекIуэлIэжынущ.

Мес феплъ Абу ТIалиб тхьэмыщкIэм и кIэух хъуар, и пэшэгъухэм, и уэршэрэгъухэм къращIар. Алыхьым дыщихъумэ кIэух Iейм.

Хьэмэрэ Фиргьэун изакъуэ унэхъуа фи гугъэ абы и къуэдзэ Хаман Iуэхум хэмылIыфIыхьауэ?! Хьэмэрэ Хьэджджадж залымым езым нэхърэ нэхъ залымыж Езидыр къыщIэрымыIамэ, апхуэдиз щIэпхъэджагъэр илэжьын фигугъэт?!

Къемэт махуэм зэныбжьэгъу мыхъумыщIэхэр зэбий зэхуэхъужауэ зэдауэу екIуэлIэжынущ, игъащIэкIэ узмыцIыхуащэрэт икIи сыкъомыцIыхуащэрэт, жаIэу. Къыхощ ар КъурIэн лъапIэм.

Абы ехьэлIауэ жеIэ Гьэлий ибн Iэби ТIалиб رضي الله عنه: «МуIмин зэныбжьэгъуитIым языр дунейм щехыжым ЖэнэткIэ ягъэгуфIати, и ныбжьэгъур игу къэкIыжри жиIащ: «Я-Алыхь, мыпхуэдэ си ныбжьэгъум Уэ сынодэIуэну, Уи лIыкIуэми седэIуэну къызжиIэу, фIым сыкъыхуриджэу, гуэныхьым сыщигъэшынэу, Уэри уи пащхьэ сыкъызэрихьэжынур къызжиIэу дыздэпсэуащи, Я-Алыхь, сэ сыбгъэлъэгъуар абыи ебгъэлъэгъун хуэдэу, сэ арэзы укъызэрысхуэхъуам хуэдэу, абыи арэзы ухуэхъун хуэдэу умыгъэгъуащэу сэ си яужькIэ гъуэгу захуэм тегъэт»-, жиIэуэ щылъаIуэкIэ, Аллаху Тэгьалам къыжриIэнущ: «Абы папщIэ сэ згъэхьэзырауэ щыIэр пщIамэ, куэдрэ угуфIэнт, мащIэрэ угъынт»…

АдэкIэ къыпещэ Гьэлий رضي الله عنه-м: «Джаур зэныбжьэгъуитIым языр дунейм ехыжрэ Жэхьэнэмэр къызэрыпэплъэр къыщищIэкIэ жиIэнущ: «Я-Алыхь, си ныбжьэгъуу щыта мыпхуэдэм Уэ сыномыдэIуэну, Уи лIыкIуэми семыдэIуэну къызжиIэу, гуэныхьым сыкъыхуриджэу, псапэр сIэщIиуду, Уэри уи пащхьэ сыкъимыхьэжыну къызжиIэурэ дыпсэуащи, я-Алыхь, иджыпсту сэ мы си нэгум щIэкIыр абыи и нэгум щIэкIын хуэдэу, сэ укъызэрысхуэгубжьам хуэдэу абыи укъыхуэгубжьын хуэдэу гъуэгу захуэм томышэу, гъуэщауэ гъэпсэу». (Тэфсир Гьэбдир-Рэззакъ).

Аллаху Тэгьалам и цIэ дахэхэмкIэ, и щыфэт лъагэхэмкIэ зыхуэдогъазэри долъэIу ди Iуэхум и кIэухыр дахэ тхуищIыну, ди нетхэри тхуигъэкъэбзэну, и динри къабзэу зетхьэнымкIэ къыддэувын ныбжьэгъуфIхэр куэду къыдитыну!

Щхьэныкъуэ А.

Зуль-Къэгьдэ мазэм и 13, 1433гъэ.

28.09.12гъэ.