ФIыщIэри щытхъури зыхуэфащэр Алыхь Закъуэрщ. Аращ щытхъу къызыхуэтхьри, гущIэгъурэ дэIэпыкъуныгъэрэкIэ дызыщыгугъри. Алыхьым и сэламыр къырихыну и нэфIри къыщыхуэну дахуолъаIуэ Мухьэммэд лъапIэми, абы и унагъуэм исахэми, абы игъуса цIыху махуэхэми, Тхьэ унафэм жыIэщIэ хуэхъуу Абы хьэкъ къыбгъэдэкIам хуэпэж псоми.
Муслъымэн жэмыхьэт! Псом япэ иту тхьэшынагъэм и Iуэхур дигу къэдгъэкIыжын хуейщи, Тхьэшхуэм дыщышынэну си щхьэри къыхузоджэ, фэри фыкъыхузоджэ. КъурIэн лъапIэм къызэрыщыкIуэщи: «ИпэжыпIэкIэ, тхьэшынагъэ зыхэлъхэмрэ, цIыхуфIхэмрэ ягъусэщ Алыхьыр». (1эн-Нэхьл, 128).
Пэжращи, цIыхур мы дунейм гъуэгурыкIуэм ещхьу тетщ; зы щIыпIэ мыкIуэу и унэ исыж пэтми тенджызым тет хуэдэу зэманым ехь.
Зы махуэ блэкIыхукIэ, зы мази дэкIыхукIэ ажалым нэхъ гъунэгъу дыхуохъу, икIи фIэкIыпIэ имыIэу гъуэгур тIууэ щызэхэкI гъунапкъэм дынэсынурэ: е ЖэнэткIэ дагъэкIуфIэнущ е ЖэхьэнэмэкIэ дагъэгуIэнущи, зи кIэухыр дахэ хъун Алыхьым дищI!
А псор фIы дыдэу къызыгурыIуэ муслъымэн губзыгъэм и гупсысэр нэхъыбэу зытеухуар и Тхьэм и деж кIуэ гъуэгум зэрытетыну щIыкIэращ, абы тезышынкIэ хъуну гъуэгу пхырыдзахэм зэрытемыхьэн Iэмалхэращ.
Зы щIыпIэ унэсыну ухуеймэ, нэхъ щIэхыу абы унэзыгъэсынур икIи абы нэхъ пэгъунэгъур захуэу абы екIуалIэ гъуэгуращ. ИкIи аращ дэри ди Тхьэ лъапIэм апхуэдизрэ къытедгъэзэжурэ «اهدنا الصراط المستقيم» — «Гъуэгу захуэм дытешэ!», — жытIэурэ дыщIелъэIур.
Ауэ а гъуэгу захуэм дэ дызэрыхуейм е дэ зэрытфIэфIым хуэдэу дытетынуракъым, атIэ Тхьэшхуэм зэрыжиIауэ: «فاستقم كما أمرت» — «Унафэ къызэрыпхуащIам утету гъуэгу захуэм ирикIуэ». (Хууд, 112). НэгъуэщIу жыпIэмэ, КъурIэнымрэ Суннэмрэ дытету.
А гъуэгу захуэм тету псэухэми къапэплъэ фIыгъуэм девгъэдаIуэ:
“إِنَّ الَّذِينَ قَالُوا رَبُّنَا اللهُ ثُمَّ استَقَامُوا تَتَنَزَّلُ عَلَيهِمُ المَلائِكَةُ أَلاَّ تَخَافُوا وَلا تَحزَنُوا وَأَبشِرُوا بِالجَنَّةِ الَّتي كُنتُم تُوعَدُونَ”.
«ИпэжыпIэкIэ, дэ ди тхьэр Алыхьращ жызыIэу, иужькIэ гъуэгу захуэм тету псэуахэм (я ажалыр къыщысым деж) мелыIычхэр къахуохри (къыжраIэ): (фызыхуэкIуэ ахърэтым теухуауэ) фымышынэ, (фи щIыбагъ къыдэвнэ фи бын, фи щхьэгъусэ, фи Iыхьлы, фи щIыхуэ, нэгъуэщI хуэдэхэм щхьэкIи) фымынэщхъей (дэ ахэр зыхуей хуэдгъэзэнущ), атIэ фыкъызэрагъэгугъэу щыта Жэнэтым фыщыгуфIыкI!». (Фущщилэт, 30).
Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам деж кIуэ гъуэгу захуэм утехьэныр икъукIэ Iуэхушхуэмэ, а узытехьам укъытемыкIыжу, абы ухуэпэжу уи гъащIэр епхьэкIыныр абы къыкIэрыхукъым.
Нобэ муслъымэнхэм я бжыгъэр зэрыбагъуэр, нэмэз зыщIхэр, махуэ къэс хужыпIэну, нэхъыбэ зэрыхъур узыщыгуфIыкIын Iуэхугъуэщ, ауэ, гуфIэгъуэр кIэщI мэхъу диныр IэщIыб зыщIыжхэми я бжыгъэр зэрымымащIэр къапщIэмэ.
Диныр къэзыщтам, диныр хыфIидзэжынукъым, ауэ хыфIэзыдзэж гуэр плъагъумэ, абы диныр къимыщтэхауэ арат, атIэ зыгуэрым игъэгушхуэщ е игъэшынэри диныр къищтэ хуэдэу ищIауэ арати, щхьэусыгъуэ щыщымыIэжым къищта хуэдэри къигъэнэжащ.
Диныр, щэн-щэхуэн Iуэхум езыгъэщхьу, къэзыщтэ щыIэщ: деплъынщи, дыкъикIмэ адэкIэ пытщэнщ, дыкъимыкIрэ, нэгъуэщI зыгуэрым яужь дихьэнщ.
Ауэ пэжым дыхуеймэ, диныр мы дунейм зыми пхуегъэпщэнукъым, диныр зепхьэу укъимыкIынкIи Iэмал иIэххэкъым. Диныр зезыхьэу хилъэфа щыIэкъым. Диныр езыр зэрызепхьэ къудейр хэхъуэщ икIи ехъулIэныгъэщ.
Аращ щIэныгъэлIхэм щIыжаIэр: «Кэрамэу щыIэм я нэхъыфIыр истикъамэращ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, диныр зэрызепхьэм щхьэкIэ телъыджэу къыбдэхъуным я нэхъыфIыр езы диныр зэрызепхьэращ.
Махуэ къэс шхыным, жейм узэрыхуэныкъуэм хуэдэу динми ухуэныкъуэщ. Шхэнри, жеинри зэрымыужэгъум хуэдэу динри бужэгъу хъунукъым.
Махуэ къэс къытебгъэзэжурэ тIорэ-щэрэ уошхэ уи Iэпкълъэпкъыр зыхуей хуэзэн щхьэкIэ, ауэ Iэпкълъэпкъым япэ итщ гум, псэм я Iуэхур. Ахэр зыхуей хуэзыгъэзэнур дин зепхьэращ, махуэ къэс къытебгъэзэжурэ нэмэз пщIыращ.
Диныр бужэгъункIэ Iэмал иIэкъым. Абы утезашэмэ, уи гур быдэ, пхъашэ занщIэу хъунущ: фIыр зэхимыхыжу, уэгъуи чыхуи къыгурымыIуэжу. Аращ Iэхьлул-китабым къащыщIар, аращ ахэр зытеунэхъуар. Къыхощ ар псори КъурIэн дызэджэм. (сурэ Iэл-Хьэдид, 16).
Гъуэгу захуэм Алыхьым дытришэ, дызытришами Алыхьым лъэ быдэкIэ дытригъэт! Диныр зымыхъуэжу муслъымэн къабзэу Къемэт махуэм екIуэлIэжын Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри!