Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гуэныхь къэхьыкIэ зэгъэщIэн хуейщ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам иухат апхуэдэуи цIыхур дыкъигъэщIащ фIыми Iейми дыхуэхьэзыру. Псори дыкъызытехъукIыжа Iэдэм عليه السلام-ри щыуащ, гуэныхь къыIэщIэщIащ. Дэри ди адэм ещхь дызэрыхъужам емыкIу хэлъкъым. 

Уеблэмэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм жиIэ гъэщIэгъуэным девгъэдаIуэт: «Мы си псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэри, гуэныхь къэфхьу щымытамэ, Аллаху Тэгьалам фэ фытрихыжынт мы дунейми, гуэныхь къэзыхь, ар къыхуагъэгъуну щIэлъэIу, Езыми зыхуигъэгъун цIыху къытригъэхьэнт дунейм. (Бухъарий, Муслим). 

«Гуэныхь къэфхь» жиIэу аракъым дауикI عليه الصلاة والسلام-ым. Гуэныхь щIэным апхуэдизри дыщызэгъэшынэм ахэр дауэ жиIэнт?! АтIэ, гуэныхь къимыхьыххэу псэуфыну къызыщыхъу цIыхур зылъэмыIэсыфыну увыпIэм нэс зиIэтыну яужь иувэнущ, пагэныгъэми зэщIищтэнущи, гуэныхь къэзыхьхэм нэхърэ нэхъ Iеиж абы и Iуэхур хъунущ, жиIэ хуэдэщ. 

Аращи, гуэныхь къэпхьыным гъэщIэгъуэн зыри хэлъкъым, ауэ гуэныхь къэхьыкIи пщIэн хуейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, гуэныхь къыпIэщIэщIа нэужь зызэрыпщIынум, абы адэкIэ блэжьынум ущыгъуазэу ущытын хуейщ. 

Псом япэрауэ, уи щхьэ ухуимытыжу шейтIаныр къыптекIуэри гуэныхь къэпхьамэ, а гуэныхьым гу уз, псэ уз къыхомыхын папщIэ, мы щIы хуитри пхуримыкъужу къыпщымыхъун папщIэ Аллаху Тэгьалам къэбгъэзэжыну, зыбгъэкъэбзэжыну, тобэ къэпхьыжыну Iэмал къузэритар зыщомыгъэгъупщэ! 

Уэ тобэ къэпхьыжа иужькIэ Аллаху Тэгьалар къыпщогуфIыкI, уи гуэныхьхэри къыпхуегъэгъу, уеблэмэ гуэныхьхэр псапэу зэредзэкI. Ар уи гум игъэлъ! 

Ауэ тобэм и пэжыпIэр пщIэуэ щытын хуейщ. Ар ауэ сытми «Я- Алыхь къысхуэгъэгъу» жыпIэу уежьэжкIэ зэфIэкIкъым, атIэ тобэм и купщIэ нэхъыщхьэр: пщIам ухущIегъуэжын, ди япэкIэ апхуэдэ умыщ1эну мурад быдэ пщIын, уи гум абы щхьэкIэ зишхыхьыжын, уи нэпсыр къыпфIекIуэн… Ахэм хуэдэ гуэр абы хэмылъмэ, уэ уи щхьэ къэбгъэпцIэжу аращ. 

ЕтIуанэу гуэныхьым теухуауэ пщIэн хуейхэм ящыщщ: гуэныхь къыпIэщIэщIам утепсэлъыхьыжу, абы нэхърэ нэхъ Iеижращи, абы зырибгъэщIэгъуэжу удэувэж зэрымыхъунур. 

КъурIэн лъапIэм къызэрыщыкIуэщи (Iэн-НисаI, I48) Алыхьым фIэфIкъым мыхъумыщIагъэр наIуэ къыщащIым деж. Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم-эм и хьэдисхэми къахощ, зи гуэныхьым тепсэлъыхьыж цIыхум ар къызэрыхуамыгъэгъунур. (Бухъарий). 

Ещанэу гуэныхьым ехьэлIауэ мыри зэгъащIэ: щIыпIэ лъапIэм, Мэккэ-Мэдинэ хуэдэу, зэман лъапIэм, Рэмэдан мазэм хуэдэу, щыблэжь гуэныхьымрэ нэгъуэщI зэман, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыблэжьымрэ зэрызэхуэмыдэр. ЗэгъащIи, нэхъ лейуэ зыхуэсакъыж апхуэдэхэм деж. 

КъинэмыщIауи, уэ щапхъэ зытрах гуэру, цIыхухэр зыдэплъей гуэру ущыщытым деж, уи гуэныхьри зэрыбагъуэнур уигу йомыгъэху. Абыи лъабжьэ иIэщ. 

Мыри абы щыщщ:  цIыхум гуэныхь къыщIихьын щхьэусыгъуэ имыIэу, зезыхуи къезыхуэкIи щымыIэ пэтрэ, кIуэуэ гуэныхь къыщихьым деж, абы и хьэлыр зэблэшыпауэ аращи, и гуэныхьри мэбагъуэ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхуищым Алыхьыр къепсэлъэнукъым, я гуэныхьхэми къыхигъэкъэбзыкIынукъым, гьэзаб гуащIэри къатрилъхьэнущ:  лIыжь зинэщIакIуэм, пащтыхь пцIыупсым, тхьэмыщкIэ щхьэпэлъагэм». (Муслим).      

Гуэныхьыр тIуащIэ, щащIэ, уеблэмэ нэхъ иныжи щыхъу щыIэщ: нэхъыбэ цIыху абыкIэ зэрыцIалэмэ, нэгъуэщIыр щыуэным, гъуэщэным щхьэусыгъуэ ухуэхъумэ. 

ЕплIанэрауэ, гуэныхь къэпхьамэ, уигу зэбгъэжу, шейтIанми зыкъебгъэгъапцIэу уи Iэр зэтебдзэу умытIысыж. АтIэ, гуэныхьым къыришэха уи щхьэр тобэм къегъэIэтыжи, адэкIэ псапэ лэжьыным пыщэж. Псапэм гуэныхьыр елъэщIыж. 

Гуэныхьым кIэлъыблэжь псапэр Iэмал зэриIэкIэ гуэныхьым и лIэужьыгъуэу щытмэ нэхъыфIщ. Псалъэм папщIэ, гуэныхьыр уи бзэгукIэ къэпхьамэ, псапэ къызыпыкIын нэхъыбэу жыIэ уи бзэгукIэ, гуэныхьыр уи тхьэкIумэкIэ къэпхьамэ, едаIуэ нэхъыбэу КъурIэным, зикрым. 

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. Гуэныхь къэхьыпIэ Алыхьым дыримыгъахуэкIэ, дихуа нэужьи абы къабзэу дыкъыриш! КъытIэщIэщIа гуэныхьхэри Алыхьым къытхуигъэгъу, тобэ къабзэ къэтхьыжауи и пащхьэ дыришэж!