Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Къурмэн гьидым и хъутIбэ

10.10.2014
Еджауэ 3 768

 اللهُ أَكبَرُ كَبِيرًا، وَالحَمدُ للهِ كَثِيرًا، وَسُبحَانَ اللهِ بُكرَةً وَأَصِيلاً، الحَمدُ للهِ الَّذِي بِنِعمَتِهِ تَتِمُّ الصَّالِحَاتُ، وَبِفَضلِهِ تَزكُو الحَسَنَاتُ، شَرَحَ صُدُورَنَا لِلإِسلامِ، وَمَنَّ عَلَينَا بِالهِدَايَةِ لِلإِيمَانِ، أَعطَى بِجُودِهِ جَزِيلاً، وَقَبِلَ مِنَ الشُّكرِ قَلِيلاً، وَفَضَّلَنَا عَلَى كَثِيرٍ مِمَّن خَلَقَ تَفضِيلاً.

أشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، فاز من كبره وهلله تهليلاً.

وأشهد أن محمدا عبده ورسوله، صلى الله عليه وعلى آله وصحبه وسلَّم تسليماً،  أما بعد:

Алыхь Ину ХэIэтыкIам, уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIам, дуней псори зезыгъакIуэм, зи ухыныгъэм фIэкIыпIэ имыIэм, зыхуейр зыIэтым, зыхуейр езыхьэхым, зыхуейм къару езытым, зыхуейм къарур къытезыхым фIыщIэ мыухыжыр худощI, и закъуэныгъэми щыхьэт дытохъуэ! 

ЦIыхуу щыIэм я нэхъ лъапIэр, лIыкIуэу щыIами я кIэухым и бегъымбарыгъэм щыхьэт дытохъуэ, ар дэ къызэрытхуигъэкIуэжамкIи, и Iуммэтми щыщ дызэрищIамкIи Алыхьым фIыщIэ иныр худощI. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дунейм муслъымэну тетым я махуэшхуэщ, я махуэ лъапIэщ. Нобэ муслъымэнхэм Алыхьышхуэм фIыщIэ хуащIу  гьид нэмэз ящI, къурмэн яукI. 

Нобэ гьидщи, гьид махуэ дыдэ Алыхьым ар тхуищI, хъер куэди Алыхьым къытхудигъакIуэ! Мы махуэ лъапIэм хуэдэ иджыри куэдрэ зи нэгу фIыкIэ щIэкIын, псапэ куэди абы къыдэзылэжьын Алыхьым дищI! 

Нобэ хьэж зыщIхэми къалэнышхуэхэр ягъэзащIэ: Муздэлифэм къокIхэри Минэм къокIуэ мывэ ядзыну, абы иужькIэ къурмэн яукIынущ, я щхьэхэр щIащэнущ, Кэгьбэ лъапIэр тIэуаф ящIынущ. Аращ Алыхьым и унафэри, абы нэхъыфI нобэ абыхэм яхуэгъэзэщIэнукъым. 

Ауэ хьэж щIыпIэхэм щымыIэхэм нобэ нэхъыфI дыдэу Алыхь папщIэ яхуэщIэнур: къурмэн укIынращ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم –м жеIэ: «Къурмэн гьид махуэм къурмэн укIыным хуэдэу Алыхьым фIыуэ илъагъу цIыхум илэжькъым. Къемэт махуэм ар (къурмэныпхъэр) и лъакъуэри, и лъэбжьанэри, ицри щIыгъуу екIуэлIэжынурэ (тэрэзэ-мизаным иралъхьэнущ). Абы лъы къыкIэрыткIуари щIым хэмыткIуэ ипэкIэ Аллаху Тэгьалам и деж зы щIыпIэ нос». (Тирмизий).   

Ибн Гьэббаси, رضي الله عنهما, жеIэ: «Къурмэн махуэм уи мылъкур зыхэплъхьэну щыIэм я нэхъыфIыр къурмэн укIынращ».  

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дыукI къурмэнымкIэ дэ иджыри зэ наIуэ къыдощIыж бегъымбархэм я лъагъуэм дызэрытетыр, абыхэм къытхуагъэна хабзэ дахэхэр иджыри зэрызетхьэр. 

Мы хабзэ дахэр къыщежьар Ибрахьим гьэлейхис-сэламым и дежщ. Ауэ а хабзэр дэ ди бегъымбар лъапIэм عليه الصلاة والسلام –ым къимыгъэщIэрэщIэжатэмэ, дэ ар зэрыдгъэзэщIэн мы дунейм теттэкъым. 

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Зейд ибн Iэркъэм къеIуэтэж, щэхьабэхэр бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم  еупщIауэ: Уа Алыхьым и лIыкIуэ, мы къурмэным сыт къикIыр?,-жаIэри. «Фи адэшхуэ Ибрахьим и хабзэщ»,- жиIащ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым. – НтIэ сыт дэ абы щхьа диIэнур?,- жаIэри иджыри зэ щIэупщIащ щэхьабэхэр. «(Къурмэным и) зы цыпэ къэс зы псапэ фиIэнущ», — жиIащ صلى الله عليه وسلم.  (Ибн Маджэ. Хьэдисыр пэжу къалъытащ Iэл-Хьакимрэ, Iэл-Бэйхэкъийрэ).

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыпхуэдэ махуэшхуэхэр Алыхьым къыщIыдитам, мыпхуэдэу дызэхуэсыну къалэни къыщIытщищIам хэлъ мыгьэнэхэм ящыщщ: дэ зы Iуммэту дызэрыщытыр, дызыхуэлажьэри зы Тхьэу, дызэдаIуэри зы бегъымбару, зетхьэри зы дину зэрыщытыр мыбы наIуэ къищIыныр, ди зэкъуэшыныгъэр икIи ди зэкъуэтыныгъэр нэхъри абыкIэ хигъэхъуэныр.

Къурмэн гьидым деж ар нэхъ нэрылъагъу щохъу нэщI икIыж гьидым нэхърэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэжым и хьэтыркIэ нобэ муслъымэнхэр псори зэтехуэу мы махуэр ягъэгьид, ауэ нэщI икIыжым и деж апхуэдэ зэтехуэныгъэ диIэным ди акъылыр иджыри хунэсакъым, ауэ нэхъыфIкIэ догугъэ! 

ФIыгъуэрэ гуфIэгъуэрэ куэду къытхудигъакIуэ Алыхь Талэм мы махуэ лъапIэм.   ЕтIэнэгъэ пIалъи узыншэу, Iиман бгъэдэлъу нэсын, абы нэсыхукIи илъэсыр псапэкIэ зыгъэнщIын муслъымэн Алыхьым дищI! Къабылу Алыхьым тIих ди нэщIи, ди нэмэзи, ди къурмэни, ди дугьэи, IуэхуфIу длэжьа псори! 

اللهُ أَكْبَرُ اللهُ أَكْبَرُ، لَا إِلَهَ إِلَّا اللهُ وَاللهُ أَكْبَرُ، اللهُ أَكْبَرُ وللهِ الْحَمْدُ.

وَأَقُولُ قَوْلَي هَذَا وَأَسْتَغْفِرُ اللهَ لِي وَلَكُمْ…