Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч зыхэмылъыжращи, цIыхум диныр зэрихьэу щыхужыIэнур: и гум илъри, и бзэм жиIэри, и Iэпкълъэпкъым ищIэри щызэтехуэм дежщ.
Ар зы лъэныкъуэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, диныр ар — уи бзэмкIэ жыпIэм и закъуэкъым, уи IэпкълъэпкъымкIи блэжьым и закъуэкъым, атIэ диныр гъащIэщ, дуней тетыкIэщ, цIыху хэтыкIэщ, псэлъэкIэщ, зекIуэкIэщ.
КъинэмыщIауи, диным хэт гьибадэт зэмылIэужьыгъуэхэр ауэ сытми гъущу бгъэзащIэу, купщIэ яхэмылъу щыткъым, атIэ сыт хуэдэ гьибадэтми купщIэ гуэр иIэщи, ар абы къыхомыхмэ, уи гьибадэт щIэкIэм ныкъусаныгъэ хэлъу аращ.
Нэмэзыр къащти, абы Iуэху Iей, Iуэху фIей уигъащIэкъым, жиIэу къыщокIуэ КъурIэным. Нэмэз пщIы пэтрэ, уи IуэхущIафэхэр мыкъабзэмэ, мыдахэмэ, уи нэмэзым ныкъусаныгъэшхуэ зэрыхэлъым шэч къытомыхьэ. Адрей гьибадэт лIэужьыгъуэхэри аращ.
МуIмин цIыхум зы жиIэу, нэгъуэщI ищIэу дэткъым, атIэ гупым хэту имыщIэр и закъуэуи ищIэнукъым. Зэхиха фIыр, Iуэху дахэр псом япэ езым хуэгъэзауэ къыгуроIуэри ар зэхелъхьэ, абы иужькIэ нэгъуэщIхэри а фIым къызэрыхуриджэнум йогупсыс.
ИкIи аращ къыхуеджэкIэ хъужри, дэгьуэ пэжкIэ узэджэ хъунури. ЦIыхухэм зыгъэIущын, псалъэ дахэ къажезыIэн ягъуэт, ауэ жиIэмрэ ищIэмрэ зэтехуэу, кIуэцIкIи щIыбкIи къабзэу щыт цIыху къалъыхъуэ.
Уеблэмэ, апхуэдэ къабзагъэ зыбгъэдэлъ цIыхум псалъэ лей Iуэхум химылъхьэжми, и щытыкIэ къудеймкIэ, и хьэл дахэмкIэ цIыхухэр диным къыхуреджэ, малъхъэдису зыIэпешэ.
Мыбы ехьэлIауэ Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм нэхъ щапхъэ дахи бгъуэтынкъым! Илъэс тIощIрэ щы къудейм и кIуэцIкIэ апхуэдиз лъэпкъым диныр щIалъыIэсам, къабыли щIащIам и щхьэусыгъуэ нэхъ инхэм щыщт: абы и пэжагъыр, и къабзагъыр, жиIэмрэ ищIэмрэ зэтехуэу, ищIам жиIар имыкъутэжу зэрыпсэуар.
Мыдрейхэу, зыр жаIэу нэгъуэщI ящIэу дэтхэм гуэныхь тIуащIэ я пщэм зэрыдалъхьэжыр зэхащIэжу пIэрэ?! Я дуней тетыкIэр зэрызэмыфэгъум и гуэныхьыр зы, мыдэкIэ къэзылъагъухэм диным гущыкI зэрыщрагъэщIым и гуэныхьыр тIу.
Сымуслъымэнщ жыпIэу, уи муслъымэнагъым ухуэмыпэжмэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм ягугъэнур сыт? — Мыбы зэрихьэ диным хъейр хэлътэмэ, псом япэ иту езыр абы хуэпэжынт, жиIэр езым зыхилъхьэнт, абы и фIыгъуэм зыхимыгъэкIыжу. ЩызэхимылъхьэкIэ, мы дэ дызыхэт «фIейр» нэхъыфIу аращ, мынэхъыфIтэмэ, и диным епцIыжынтэкъым, дэ тщIэр къыддищIэнтэкъым, — жаIэнущ абыхэм.
Уа, нэгъуэщIыр езыгъаджэу, зи щхьэр зыщыгъупщэ,
Уи щхьэр ебгъэджэжамэ аратэкъэ цIыху напэр?!
Сымаджэхэм я узым къахуболъыхъуэ хущхъуэ,
Ауэ уэри усымаджэщ, уи щхьэри нэхъапэщ, — жеIэ Iэбул-Iэсуэд-ДуIэлий.
КъеIуэтэж Зейд икъуэ Iусамэ رضي الله عنهما, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жиIэу зэхихауэ: «Къемэт махуэм цIыху къашэнурэ, Жэхьэнэмэ мафIэм хадзэнущ, абы хэтуи мобы и кIуэцIым илъ кIэтIийр къихунурэ, шыдыр мывэщхьэлым къызэрыпекIуэкIым хуэдэу хъурейуэ къикIухьу щIидзэнущ. Жэхьэнэмэм хэт цIыхухэр къызэхуэсынурэ: — Сыт гъэщIэгъуэн мы къыпщыщIар?! Сыт щхьэкIэ мыпхуэдэ фIыр фщIэ, мопхуэдэ Iейр фымыщIэ, — къыджепIэу щытатэкъэ уэ?!-, къеупщIынухэщ. – НтIэ, сыщытащ, ауэ мыпхуэдэ фIыр фщIэ, жысIэти, сэ ар сщIэтэкъым, мопхуэдэ Iейр фымыщIэ, жысIэти, сэ ар сщIэт!», — жиIэнущ лIым». (Бухъарий, Муслим).
ДауикI гу зылъытапхъэращи, а лIым апхуэдэ гьэзабыр щIишэчынур, фIым къыхуриджэу, Iейм щигъащтэу зэрыщытаракъым, атIэ къызыхуриджэм зэрытемытыжаращ.
ИкIи насыпыншагъэ дыдэщ, нэгъуэщIхэр бгъэунэн папщIэ уэ зыбгъэунэхъужыныр, нэгъуэщIхэр къебгъэлын папщIэ, уэ зебгъэтхьэлэныр.
Ибн Iэл-Джэузий щIэныгъэлI иным, رحمة الله عليه, етхыж: «Уаз къыщыст мэджлисхэм деж цIыху мин щитIым нэхърэ нэхъыбэм тобэ къахьыжыным сэ щхьэусыгъуэ сыхуэхъуащ, цIыху щитIым нэхъыби Ислъам диныр къащтащ».
АдэкIэ къыпещэ: «Зы махуэ гуэрым апхуэдэу уаз къэстыну сытIысати, цIыху минипщI нэхърэ нэхъыбэ хъунт сыкъэзытIысыхьахэр, дэтхэнэ зыри къэгумэщIауэ, и нэпсри къекIуауэ. Абдежым си щхьэ сыхуэпсэлъэжу жысIащ: «Мы къомыр къелу, уэ Жэхьэнэмэр уи натIэ хъумэ, дауэ къыпщыхъурэ?!», — жысIэри.
ИтIанэ сыгужьеяуэ сигукIэ си Тхьэм зыхуэзгъэзащ: — Си Тхьэ, си Зиусхьэн, пщэдей хуэдэм гьэзаб сшэчыну сэ схуэбухамэ, кхъа, гьэзабыр зэрысшэчыр зыми къомыгъащIэ, ари сэ си хьэтыркIэкъым, атIэ уи цIэр лъапIэу къэнэн папщIэ, — ЦIыхухэр Езым и деж къезышэлIам гьэзаб трилъхьэжащ!», — жамыIэн щхьэкIэ!».
ЖытIами, зэхэтхами я зэран Алыхьым къыдимыгъэкIыжкIэ, цIыхухэр зыгъэуну зызыгъэунэхъужынухэми ящыщ димыщIкIэ, блэкIари Алыхьым къытхуигъэгъу, къэкIуэнумкIэ къытхуищI гущIэгъу!