Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ЩэкIуэным диныр дауэ зэреплъыр?

01.11.2016
Еджауэ 4 792

УпщIэ:  ЩэкIуэным диныр дауэ зэреплъыр?

Жэуап: ЩэкIуэныр езыр и лъабжьэкIэ къапщтэмэ узыхуит Iуэхугъуэхэм ящыщщ, нэгъуэщI гуэр Iуэхум къыхыхьэрэ зэIимыгъэхьэмэ, и унафэр нэгъуэщI гуэрым тыримыгъэхьэмэ.

УщакIуэ зэрыхъунур езы КъурIэн лъапIэми къыщыкIуащ, Суннэ къабзэри абы щыхьэт техъуэжащ. Бухъарийрэ Муслимрэ я хьэдис тхылъым уфIэмыIэбыкIми, абы хуэгъэзауэ щыIэ хьэдисхэр куэдщ.

Езы Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и зэманми, мыдэкIэ и Iэщхьабхэм я зэманми, абыхэм яужьыжкIэ къэкIуа щIэныгъэлIхэм я лIэщIыгъуэми щэкIуэныр къыщекIуэкIыу, щакIуэми дагъуэ хуамыщIу щытащ. Абы къикIращи, Iиджмагь щыIэу аращ.

Ауэ зэрыжытIауэ, лъабжьэм Iуэхур щытекI щыIэщ, щхьэусыгъуэ иIэмэ. Псалъэм папщIэ, жэщым ущэкIуэныр зымыгъэдэха щIэныгъэлI щыIэщ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ. ЗыгуэркIэ е цIыху, е псэущхьэ узыхуимытым утехуэмэ, е узэщакIуэ псэущхьэр хьэлэлу къыпIэрымыхьэмэ, жаIэу аращ.

КъинэмыщIауи, цIыхур щIэщакIуэр а къищэкIум хуэмейуэ, ауэ сытми ириджэгумэ е чэщанэ папщIэу къигъэсэбэпмэ.

Абы нэмыщIу, цIыхум Хьэж е Гьумрэ щищIым и деж щэкIуэну хуиткъым, апхуэдэ дыдэуи Хьэрэмым и кIуэцIым иту.

Пэжыр Алыхьым нэхъ ещIэ.

Щхьэныкъуэ А. 

26.10.16 гъэ.