Муслъымэным ищIэу хъуар, уеблэмэ зэхищIэу хъуари дин зэрихьэм жиIэм трещIыхь. Щхьэусыгъуэм теухуауэ муслъымэныр зэм мэгуфIэ, зэм мэнэщхъей, ауэ ущыгуфIэну къыщезэгъи къыщемызэгъи щыIэщи, тIэкIу зыхуэсакъыжын хуейщ.
Дыхэвгъаплъэ зэгъусэу КъурIэн аятхэм, хьэдисхэм. Дыхэвгъаплъи гуфIэгъуэм теухуауэ къэкIуахэм ди щытыкIэр хуэдвгъэгъакIуэ.
«НэщI зыIыгъыр тIэунейрэ мэгуфIэ: хэщхьэщыжыгъуэм и деж зэ мэгуфIэ, и Тхьэм и пащхьэ ихьэжа нэужьи и нэщIым щыгуфIыкIыжынущ», — жеIэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم. (Бухъарий, Муслим). Мис ар гуфIэгъуэ дахэм и щапхъэщ икIи ущIэгуфIэн щхьэусыгъуэфIщ.
Псапэ къэхьыпIэ Алыхьым уригъахуэрэ, ар блэжьа яужькIэ абы ущыгуфIыкIыжыныр фIыщ, цIыхум иман зэрыбгъэдэлъыр къэзыгъэлъагъуэщ. «Псапэ къихьам щыгуфIыкIыжыр, гуэныхь ищIар зи жагъуэ хъур муIминращ», — жеIэ صلى الله عليه وسلم-эм. (Тирмизий).
ГуфIэгъуэ дахэм щыщщ щэхьабэхэр зыщыгуфIыкIауэ щытар: Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم-эм: «ЦIыхур фIыуэ илъагъум гъусэ хуэхъужынущ», — жиIэу щызэхахым, ахэр зэикI хуэмыдэжу а псалъэхэм щыгуфIыкIауэ щытахэщ, апхуэдизкIэ ар гуапэ ящыхъуати. (Бухарий и Муслим).
Iэнэс رضي الله عنه жиIэт абы теухуауэ: «Сэ фIыуэ солъагъу Бегъымбарыри صلى الله عليه وسلم Абу Бэкри, Гьумэри. А си лъагъуныгъэмкIэ абыхэм гъусэ сахуэхъужыну согугъэ, абыхэм я IуэхущIафэ дыдэм хуэдэ схуэмылэжьми». (Бухъарий, Муслим).
Диныр зыгуэрым къищтауэ, и гур Алыхьым къызэIуихауэ зэхэпхмэ угуфIэныр Iуэху дахэщ. Абу Хурейрэ رضي الله عنه и анэм диныр къыщищтам щыгъуэ апхуэдизкIэ абы щыгуфIыкIати, уеблэмэ гуфIэурэ гъыт! (Муслим).
Муслъымэным мылъку гуэр къыхэхъуами, щхьэгъусэ зэригъэгъуэтами, бын къыхуалъхуами, щIэныгъэ зэригъэпэщами, нэгъуэщI зы фIы гуэр къехъулIами ухуэгуфIэныр Iиманым щыщщ: «Фи щхьэм хуэфлъагъур фи къуэшым щхьэкIэ фымылъэгъуауэ фи Iиманыр Iиман (нэгъэса) хъукъым», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-м. (Бухъарий, Муслим).
Дунеягъэм щыщми хьэлэл гуэр къыпхэхъуамэ абы ущыгуфIыкIыныр гуэныхькъым икIи емыкIукъым, псом хуэмыдэжу а хьэлэлыр уи диным сэбэп щыхуэхъум и деж.
ХуэмыщIауэ, зыхуейр имыгъуэту щытт Гьэмр ибн Сэлэмэ щэхьабий лъапIэр. Зэгуэрым джанэ кIыхь хурагъэдат абы нэмэз цIыхухэм щаригъэщIкIэ щитIэгъэнуи: «Абы щыгъуэ абы сызэрыщыгуфIыкIам хуэдэу зыми сыщыгуфIыкIатэкъым», — къыжеIэж Гьэмр. (Бухъарий).
Уэшх къызэрешхынур къозыгъащIэ нэщэнэхэр — пшэми, жьапщэми-, щилъагъум и деж гуфIэу щытащ лIыкIуэ лъапIэр عليه الصلاة والسلام-ыр. (Бухъарий, Муслим).
Пэжым узэрытехуам, жыпIар е пщIар пэжу къызэрыщIэкIам папщIэ угуфIэныр дахэщ. Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه кърахьэлIат зы Iуэхугъуэ гуэри, куэдрэ егупсысащ и пэжыпIэр къыхуэмыщIэу, ауэ иужьым цIыхухэр щимыкIым и еплъыкIэр къажриIат. ИужькIэ а зэрыжиIа дыдэм хуэдэу хьэдис къызэрыкIуэр щыжраIэжам гуфIауэ щытащ Ибн Мэсгьуд. (Тирмизий).
Быным зыгуэр къащехъулIэм и деж, псом хуэмыдэжу щIэныгъэ илъэныкъуэкIэ адрейхэм къащыхэщым и деж абы ущыгуфIыкIыныр Iуэху дахэщ:
Жыг гуэрым и цIэм теухуауэ Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم щэхьабэхэм къеупщIауэ щытати, Ибн Гьумэр ар къищIат, ауэ укIытэри жиIэфатэкъым, и адэм (Гьумэр) ар щызэхихыжам жиIауэ щытащ: «Сыт нэхъри нэхъ къэсщтэнт ар абдежым щыжыпIамэ!». (Бухъарий, Муслим).
Муслъымэн жэмыхьэт! Ауэ угуфIэныр къыщемызэгъ, уеблэмэ щыхьэрэм щыIэщ. Псалъэм папщIэ, цIыхум мыхъумыщIагъэ гуэр илэжьрэ абы щыгуфIыкIыжмэ е нэгъуэщIхэр зыгуэркIэ къигъапцIэрэ, ящыдыхьэшхыу дэувэжмэ. Iэхьлул-Китабым апхуэдэ хьэл мыхъумыщIэ яхэлъу къыщокIуэ КъурIэным, абы щхьэкIи гьэзаб гуащIэ зэрашэчынур къыхегъэщ Аллаху Тэгьалам. (Iал-Гьимран, 187, 188).
Зэрыкъулейм, иджыпсту зыгуэр зэрыхузэфIэкIым папщIэ, Алыхьым фIыщIэ хуищIын ипIэкIэ, цIыхухэм япэгэкI, абыкIэ гуфIэу-тхъэжу дэт щыIэщи, ар нобэ гуфIэгъуэми пщэдей гуIэгъуэщ, абы и шым куэд ижынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Алыхьым фIэфIкъым апхуэдэ гуфIэкIэр. Абы и щапхъэщ Къарун и хъыбарыр. (Iэл-Къэщэщ, 76).
УгуфIэныр хьэрэм щыхъухэм ящыщщ: муслъымэнхэм я щхьэкIэ, е я динкIэ, е я мылъкукIэ, е нэгъуэщI зыгуэркIэ зыгуэр къащыщIамэ, ар уи гуапэ хъуныр, абы ущыгуфIыкIыныр. Уеблэмэ абы иужькIэ уэ муслъымэныцIэр пхуэфэщэжкъым.
УгуфIэну къыщемызэгъхэм ящыщщ гьибадэт гуэр икIэм зэрынэблэгъам папщIэ, зэрызэфIэкIам папщIэ угуфIэныр. Псалъэм папщIэ, нэщI мазэр икIащ е нэмэзыр зэфIэкIащ жыпIэу угуфIэныр. Ар мунафикъ хьэлщ.
Ахэр щапхъэ къудейуэ аращ. МыбыкIэ къыхэдгъэщыну дызыхуейр – узэрыхуейм хуэдэу упсэу зэрымыхъунуращ, атIэ угуфIэнуми, унэщхъеинуми, нэгъуэщI зыгуэрым уегупсысынуми, «уа мыр Алыхьым фIэфI хъуну пIэрэ хьэмрэ Алыхьыр мыбы къигъэгубжьыну пIэрэ?» жыпIэу узэупщIыжын зэрыхуейращ.
Аллаху Тэгьалам и губжьым къелын и арэзыныгъэри къэзылэжьын жэмыхьэт дищIыну долъэIуж Езы Алыхь Иным. ГущIэгъу Алыхьым къытхуищI, и нэфI зыщыхуахэми ящыщ дищI!