Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Хэкур фIыуэ лъагъуныр

31.08.2016
Еджауэ 2 252

ФIыщIэ худощI псори къэзыгъэщIа, псэри зыIэщIэлъ, псэри зи унафэ щIэт Алыхьышхуэм. Абы и унафэм щIэкIыфын, Абы япэ зыгуэркIэ ищыфын, Абы имыуха къэзыгъэхъуфын щыIэкъым. Щыхьэт дытохъуэ Абы и закъуэныгъэм, къигъэкIуа лIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьала дыкъэзыгъэщIам: ди псэм, ди гупсысэм хищIыхьащ Iуэхугъуэ гуэрхэр. Абыхэм уафIэкIыу зы щIыпIи укIуэфынукъым, укIуэн хуейуи къалэн уиIэкъым.

А Iуэхугъуэхэм ящыщщ: цIыхум къыщыхъуа щIыналъэр, къыщалъхуа хэкур фIыуэ зэрилъагъур, абы зыри зэрыпимыщIыр, зэрыхуимыгъадэр. Ар псэм хэт Iуэхугъуэщ, къыхэпчынуи шынагъуэщ.

Уи нэхъыжьхэр щыпсэуа, уи сабиигъуэри щыбгъэкIуа, уи сабийхэри щыпсэу, уи жьыщхьэри щыбгъэкIуэн уи гугъэ щIыналъэр дауэ фIыуэ зэрыумылъагъунур?!

Уеблэмэ цIыхур къэгъэнауэ, псэущхьэ дыдэри зыщалъхуар фIыуэ илъагъужу, абы екIуэлIэжу, дэнэ кIуами абы къигъэзэжу, и гъуэ, и абгъуэ щхьэкIэ зигъэлIэну хьэзыру Алыхьым къигъэщIащ.

Псым хэс бдзэжьейми километр мин бжыгъэ зэпичу хым кIуэцIрыкIми къыздэхъуам къегъэзэж, пшахъуэщIым ис хъумпIэдзэдж пэтрэ, махуэ псом губгъуэр къызэхекIухьри и гъуэм йопщхьэж.

Уеблэмэ, унэм къыщыхъуа псэущхьэр дэпшрэ мэзым пшэмэ, тэлай докIри унэм къегъэзэж; мэзым щIэсыр унэм къэпхьами, хуит зэрыхъуу мэзым егъэзэжри йожьэж.

Псоми къыщалъхуам пащI щыIэкъым. ПшахъуэщIыр зи хуабагъым исхэм ар зыпащI щыIэкъым, сыбырыр зи щIыIагъми яфIэфIу цIыхухэр щопсэу.  

ЗэрыжытIауэ, а лъагъуныгъэр псэм хэщIыхьа, цIыхум къыдалъху лъагъуныгъэщ. Ар цIыхум хэзыщIыхьа Алыхьращ мы дин зетхьэр къытхуезыгъэхыжари: псэм хэтымрэ, диным дыкъызыхуриджэмрэ зэпэщIэувэжын хуейкъым.

«Диным нэхъапэ зыри щыIэкъым, диным япэ зыри ибгъэщ хъунукъым», жызыIэурэ, хэкур фIыуэ плъагъуныр диныншагъэм, диным ухуэмеиным хуэзыгъэкIуэну яужь итхэм – леишхуэ зэрахьэ.

Диным нэхъапэ зыри щыIэкъым, хэкур диным япэ ибгъэщ хъунукъым, жыпIэн хуэдэу хэдапIэ дихуакъым дэ икIи Алыхьым дыримыгъахуэкIэ. Хэкур фIыуэ зылъагъум диныр имылъагъуу зыукъуэдиифынури щIэныгъэншэращ.

Диныр зэрызэрахьэм щхьэкIэ къэмынэу, Билял хьэбэшыуэ, Щухейб урыму, Сэлман персу رضي الله عنهم къэнэжахэщ икIи я лъэпкъыр яхъуэжакъым.

Дин зезыхьэхэм хэкур зыми хэзымыбжэ зэрахэтым хуэдэу, «хэку», «лъэпкъ», «хабзэ» жызыIэхэм, диныр зы щIыпIи хэзымыбжэ яхэтщ, диныр зепхьэу хэкум уисыж хъуну апхуэдэ гупсысэ яIэкъым.

Мис апуэдэщи, модрейхэми мыдрейхэми цIыхухэр гуитIщхьитI ящI, лъэпкъым и къарур зэкIэщIауд, цIыхухэри гупитIу зэхэкIын хуей мэхъу, уеблэмэ, зыри хуэмеижу къагъанэхэри мащIэкъым.

Сыт хуэдэ егъэлеиныгъэми Iуэху дахэр теплъэгъуей ещI, IуэхуфIыр мыфIыжу уегъэлъагъу, Iуэху захуэр зэблешри къуаншэу къыпщегъэхъу, къару зыщIэлъыфынур ныкъуэлIэу утыкум къренэ.

Уи лъэпкъыр фIыуэ плъагъужмэ, уи хэкуми ухуэпэжмэ абы къикIкъым уи диным уепцIыжу. АтIэ, уеблэмэ, уи диныр зыхуей нэхъ щыхуэзэнури, дин Iуэхур нэхъ щыкIуэтэнури  узыхэс лъэпкъыр, ущыпсэу хэкур зыхуей щыхуэзэм, абы мамырыгъэр щытепщэм дежщ.

Аращ диным мамырыгъэм мыхьэнэшхуэ щIыритыр. «И псэупIэм мамырыгъэ илъу, и IэпкълъэпкъкIэ узыншагъэ бгъэдэлъу, махуэм ишхын унэм щIэлъу нэху къекIам мы дуней псор и IэмыщIэ къралъхьам хуэдэщ», — жеIэ عليه الصلاة والسلام-ым. (Тирмизий).

Алыхьым ущыхуэпщылIыр мы щIыналъэращ, уи унагъуэр зэрыупIыж ерыскъыр къыщыпхэхъуэр мыбдежращ, узэрыбауэр мыбы и хьэуа къабзэращ, узэфэр мыбы и псы IэфIращ. НтIэ, дауэ абы иужькIэ хэкур зыми зэрыхомыбжэнур?!

ДауикI шэч хэмылъу, мы Iуэхугъуэм дин зезыхьэ щIалэгъуалэр нэхъ щыщтэу зыщIар, Iуэхум зэблэшауэ бгъэдыхьэ зэрыщыIэращ.

Утыкум укъилъадэрэ укъэмыфэмэ, адыгэ фащэр зыщыптIагъэу укъыдэмыувэмэ, адыгэ (е балъкъэр) уэрэдыжь умыщIэмэ лъэпкъыр фIыуэ умылъагъуу, ахэр бгъэзащIэмэ лъэпкъыр плъагъуу яукъуэдий языныкъуэм.

Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, лъэпкъыр фIыуэ зылъагъур зызыгъэпIийуэ уэрамым дэтракъым, атIэ зи лъэпкъыр фIыуэ зылъагъужыр: псори къыдэзытыжа Алыхьым хуэпэжращ,  Iуэхур нэсмэ зи щхьэ Iуэхур къэзыгъанэу лъэпкъ Iуэхур  япэ изыгъэщыфынуращ.

Зи хэкур фIыуэ зылъагъур, зи лъэпкъми хуэпэжыр псори къыдэзытыжа Алыхьышхуэм и губжьыр къытемыхуэн хуэдэу цIыхухэр Алыхьым хуэжыIэщIэу зыгъасэращ, дин щIэныгъэмрэ дуней щIэныгъэмрэ зэныбжьэгъу зэхуэзыщIу лъэпкъ Iуэхур зыгъэкIуатэращ.

Алыхьым мис апхуэдэу гупсысэ узыншэ зиIэхэр куэду къытхигъэкI, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэу утыкум итхэми я Iуэхум берычэт къыхилъхьэ!