Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Фейдэлъыхъуэхэр

ФIыщIэри щытхъури ирикъупауэ зыхуэфащэр ди Тхьэшхуэ лъапIэри, ахэр Абы худогъэфащэ. ЗыкъытщIигъэкъуэнуи, ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъунуи Алыхьышхуэм долъэIу, тобэ къэхьыжынри насып тхуищIыну дыщогугъу.

И нэфIыр къащигъэхуэну, и сэламри къарихыну дахуолъаIуэ Бегъымбар лъапIэми, абы и Iыхьлыхэми, и Iэщхьабхми, и диныр зезыхьэ псоми.

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхьыр пэжу зи фIэщ хъуа, Ахърэтри пэжу зи фIэщ хъуа муслъымэным мы дунейм къалэн нэхъыщхьэ дыдэу щиIэр — Алыхьым и арэзыныгъэр дунеягъэкIэ къыщилэжьу, Ахърэтым игъэзэжмэ Жэнэтыр екIуэлIапIэ щыхуэхъунращ.

Ар къехъулIэн папщIэ муслъымэн пэжым и гъащIэр псори Алыхьым фIэфI зэрыхъунум хуэдэу зэтреухуэ. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьэнуми, япэ дыдэ упщIэу абы зэхуигъэувыжыр – уа, мыбы Алыхьым и арэзыныгъэр къыхэкIыну пIэрэ, мыр си Тхьэм фIэфI хъуну пIэрэ?- , жыхуиIэ упщIэхэращ.  

А упщIэхэращ зэхуигъэувыжыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ещIэ икIи и фIэщ мэхъу ипэжыпIэкIэ зы фIы гуэркIэ узыщыгугъ хъунури, зы Iей гуэр теухуауэ узыщышынэ хъунури Алыхь Закъуэрауэ зэрыщытыр.

Алыхьым и унафэращ псори зэлъытэжар, Аращ псори зэкIуэлIэжыр. Алыхьыр дигъусэмэ, хэт дызыщышынэнур?! Ауэ Алыхьыр димыгъусэмэ, хэт дызыщыгугъынур?!

ЩIэныгъэлIышхуэ Къэтадэ رحمه الله жеIэ: «Алыхьыр зи гъусэм: зыри къызытемыкIуэ гуп щIыгъущ, зэикI мыжей хъумакIуэ къыщхьэщытщ; зымыгъэгъуащэу гъуэгу захуэр къезыгъэлъэгъун гъуази къыбгъэдэтщ”.

Аращ щIыжиIэри Алыхьым и лIыкIуэм صلى الله عليه وسلم: «УлъэIуэнумэ, Алыхьым елъэIу. ДэIэпыкъуэгъу ухуэныкъуэмэ – Алыхьым зыхуэгъазэ. Мыри зыгурыгъаIуэ: мы дунейм тету хъуар зыгуэркIэ я сэбэп къуагъэкIыну зэгурыIуэхэми, Алыхьым пхуиуха гуэркIэ фIэкIа сэбэп къызэрыпхуэмыхъуфынур. ЗыгуэркIэ я зэран къуагъэкIыну зэгурыIуэхэми, Алыхьым къыпхуиуха гуэркIэ фIэкIа я зэран къузэрамыгъэкIыфынур; ахэр (зэратха) къалэмхэр яIэтыжащ, (зытратха) кIылъымпIэхэри гъущыжащ». (Ахьмэд).

Муслъымэн жэмыхьэт! А псор хьэкъыу зыпкърыкIа цIыхум Алыхьым и арэзыныгъэм япэ иригъэщыну мылъкур? Хьэмэрэ Iыхьлым, благъэм е щхьэгъусэм, е ныбжьэгъум я арэзыныгъэр Алыхьым и арэзыныгъэм япэ иригъэувэну?!

НтIэ щхьэ къытхэкIрэ: Iуэхур мылъкум зэрынэсу диныр зы щIыбагъым дэзыдзэж, зи къуэш муслъымэнми зыпэщIэзысэж, имани, хьэтыри, псори зыщыгъупщэж?!

Щхьэ къытхэкIрэ цIыху: езым гъунэгъуу къыбгъэдэтыр зэрыкъуаншэр ищIэ пэтрэ, ар мыкъуаншэ хуэдэу зыукъуэдий, абы и къуаншагъэр хутезылъащIэ, ар къыхихын папщIэ хэти хэзыутэ?!

Щхьэ къытхэкIрэ цIыху: езыр зыхуейм и Iэр техуэхукIэ зэ зы еджам, зэ адрей еджам деж жэуэ, къижыхьу дэт?! Псори къигъапцIэ игугъэжурэ зи щхьэр къэзыгъэпцIэж!

Муслъымэн жэмыхьэт! А псор къыщIэхъур, апхуэдэ цIыхуи къыщIытхэкIыр: диныр иджыри я фIэщ хъупакъым, диныр зиIысыр иджыри къагурыIуэпакъыми аращ абыхэм. Аращ щIэныкъуакъуэхэри, аращ напэтех щIалэжьри.

КъагурыIуэжми къагурымыIуэжми, мылъкум апхуэдэу хущыт цIыхухэр: мылъкум и пщылIу аращ, мылъкур тхьэпэлъытэу ябжу аращ. «Унэхъуащ дыщэмрэ дыжьынымрэ я пщылIыр», — зыхужиIари عليه الصلاة والسلام-ым апхуэдэ гуэрхэращ. (Бухъарий).

Езым къыбгъэдэтыр дауэ ищIми къыхэзылъэфыну яужь ит цIыхум джахилийе зэманым къекIуэкIыу щыта хьэл хэлъщ. Апхуэдэ хьэлым мэ Iей къызэрыпихыр, муслъымэн динымрэ а хьэл мыхъумыщIэмрэ цIыхум зэдихьыфынкIэ Iэмал зэрыщымыIэр ещIэ мы диным зыгуэр тIэкIу хэзыщIыкIым.

Уи кIэн къикIыхукIэ еджахэм я зэхуакум къэбжыхьу удэтмэ, уэ дин къыпфIэIуэху? Уэ Алыхьым и арэзыныгъэр къэплъыхъуэрэ, хьэмэрэ уи нэфсыр зыгъэнщIынра къэплъыхъуэр?

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: щIэныгъэкIи, хьэл щэнкIи дэбгъуэн хэмылъу щыт еджам цIыхум упщIэкIэ зыхуигъэзамэ, а упщIэ дыдэмкIэ нэгъуэщIхэм захуигъэзэжыныр хьэрэм щохъу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы зи гугъу тщIа щапхъэхэм хуэдэ мымащIэу къыщокIуэкI ди деж. Ахэр зэрымыхъумыщIагъэр, икIи зэрыгуэныхьыр ди фIэщ быдэу тщIыуэ дащыщтэн, апхуэдэ зылэжьхэми яхуэфащэ хущытыкIэ дахуиIэн хуейщ.

ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, мунафикъ хьэлщ дэ нобэ зи гугъу тщIахэр. Мунафикъыр муслъымэнхэм зы напэкIэ къахэтщ. И Iуэхур къикIыхукIи муслъымэнхэм къагуэтщ. Ауэ, къимыкIыну къызэрыщыхъуу и фейдэ къилъыхъуэу доувэж.

Я-Алыхь, дигукIи ди IэпкълъэпкъкIи фэрыщIагъым дыщыхъумэ, Уэ зэрыпфIэфIым хуэдэуи мы дин дахэр зедгъэхьэ, кIыфIыгъэм дыкъыхэши, нэхум дыхэшэ, Уэ плъагъур тлъагъуу, Уэ уи жагъуэр ди жагъуэуи дыгъэпсэу!