Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уэсуэсэр

Алыхьым фIыщIэ худощI:  ди гур мы дин лъапIэм къыхузэIуихащ, Бегъымбарым я нэхъ лъапIэми дедэIуэну къытхуиухащ. Ди гъащIэ псори абы дытету етхьэкIыну, абы демыпцIыжу и пащхьэми дихьэжыну насып Алыхьым тхуищI!

Пэжращи, шейтIаныр гъуэгущхьэм тесщ, цIыхум IуэхуфIхэр IэщIиуду е илэжь Iуэхугъуэм зэрыхъукIэ ныкъусаныгъэ гуэр хыригъалъхьэу. ШейтIаным ар и пщхьэ дилъхьэжащи, и псалъэм хуэпэжщ, ауэ дэ абы демыдаIуэу Алыхьым дедэIуэну ди пщэ дэтлъхьэжащи, ди псалъэм допцIыж.

Муслъымэным хьэкъыу и фIэщ мэхъу Алыхьым и арэзыныгъэр Бегъымбарым и Суннэм тету фIэкIа къызэримылэжьыфынур, ауэ ара пэтрэ, куэдым шейтIаныр зытрагъакIуэри Суннэм я щIыбыр хуагъазэ е Суннэ ялэжьым зыгуэрхэр щIагъу.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр куэдым деж абыхэм ядыболъагъу: я андез щтэкIэм деж щегъэжьауэ, я цIыху хэтыкIэм, щхьэгъусэ бгъэдэтыкIэм и деж щиухыжу.

УрохьэлIэ куэд, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и СуннэмкIэ мыарэзыхэу, андезым щымыщ куэд хэзылъхьэ. Псалъэм папщIэ, Iэпкълъэкъыр щэрыщэ тхьэщIын хуеймэ, а бжыгъэм щIыригъэгъуу, абы щIыгъуу псыри егъэлеяуэ исраф ищIу.

УрохьэлIэ цIыху, нэмэзым теувэн папщIэ, зэман кIыхькIэ нетыр ищIу, абы и зэранкIэ япэрей тэкбирым и фIыгъуэм хэкIыжу, уеблэмэ, имамыр «иджы рукугьым къикIыжынущ» жыпIэхункIэ зызэтриухуэу щыту. Уеблэмэ, нэмэзым темыувэфурэ уахътыр изыгъэкIыпи щыIэу жаIэ.

Абы адэкIэ нэмэзым хыхьа нэужь, КъурIэным къыщеджэкIэ шэч къехь, хьэрфхэр тэмэму жысIауэ пIэрэ, фатихьэм сыкъеджауэ пIэрэ, сурэ теслъхьауэ пIэрэ, зыгуэр къысщымыгъупщауэ пIэрэ…  Мис апхуэдэу «пIэрэ» защIэу и нэмэзыр ещI.

Ибн Къудамэ щIэныгъэлI иным رحمة الله عليه етхыж: — Апхуэдэ хьэл зыхэлъ гуэр къысхуэтхьэусыхат: — «Iэс-сэламу гьэлейкум», псалъитIыр тэмэму схужыIэкъым, жиIэри. — Дауэ зэрыпхужымыIэр, мис иджыпсту жыпIаи?! – жесIащ жи.

МыдэкIэ, цIыхухэм зэрахэтри апхуэдэ зыгуэрурэщ ар. Мыр жысIэн хуейуэ жызмыIэу къэзгъэгъэнауэ пIэрэ, модрейр жызмыIэн хуейуэ жысIауэ пIэрэ?-, жиIэ зэпыту, а упщIэхэм я жэуапым и зэманыр иригъэхьу и гъащIэр ехь.

И щхьэгъусэм зэрыбгъэдэтри апхуэдэущ: — ТIэлакъ естауэ пIэрэ хьэмэрэ езмытарэ, а си псалэм ар къикIыу пIэрэ хьэмэрэ къимыкIрэ, си гум къэкIам икъутэу пIэрэ?…  КIэух иIэкъым абы и упщIэхэм.

Зы мыхъумыщIэм нэгъуэщI мыхъумыщIэ къелъхуж, жыхуаIэращи, зи щыуагъэр къызыгурыIуэж апхуэдэ цIыхухэм тхьэ зыIуэ къахокI, «уэллахи апхуэдэ ди япэкIэ сымылэжьыжын» жиIэу, ауэ и тхьэрыIуэм щIэх дыдэ епцIыжу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди жагъуэ зэрыхъунщIи, мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ зиIэхэм я бжыгъэр мащIэкъым. Мыхэм я гум Iей илъу, диным щхьэкIэ Iей ящIэну я мураду дэ жытIэну Алыхьым жимыIэкIэ, ауэ зы щIыпIи пхуэмыхьэжыну мыри хьэкъщ: мыпхуэдэ цIыхухэм диныр хьэлъэ егъэлеяуэ зыщащIыжри, нэгъущIхэри бэлыхь хадзэ, уеблэм диным гущыкI щрагъэщIри мащIэкъым.

Арамэ зэгупсысыжын хуейщ ахэр икъукIэ. Диныр уэ зэрыпфIэфIым хуэдэу зепхьэ хъунукъым, атIэ езы Алыхьыр зэрыхуеймэ хуэдэу, къигъэкIуа лIыкIуэ лъапIэм зэрызэпкърихыжам хуэдэущ зэрызепхьэнур.

Арамэ, Алыхьым и диныр апхуэдэу зепхьэну зы щIыпIэ дежи къыщыхэщкъым, нтIэ абы къыхэмыщымкIэ дауэ Алыхьым узэрыхуэлэжьэнур?! Алыхьым ухуэлажьэ хуэдэурэ, шейтаным ухуэлэжьауэ и пащхьэ уихьэжынкIэ зэрыхъунум уегупсысрэ?! 

Дин зехьэкIэм щхьэзыфIэфIынагъ зыри хэплъхьэ зэрымыхъунур хьэкъыу япхырыкIат ди япэ ита имамхэм. Уеблэмэ абыхэм ящыщ зым жиIауэ къаIуэтэж: «Андез щащтэкIэ Iэбжьанэм фIэкIа ямытхьэщIу щэхьабхэм ядэслъэгъуатэмэ, сэри а Iэбжьанэм сыфIэIэбыкIынутэкъым!».

Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله етх: «ТщIэн хуейщ щэхьабэ лъапIэхэм уэсуэсэ зиIэ зыри зэрахэмытар, абы зы фIыгъуэ гуэр пылътэми, Алыхьым ар Бегъымбарымрэ и гъусэмрэ яфIихынутэкъым, абыхэм нэхъ цIыхуфI щыIэтэкъыми. Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم а уэсуэсэ зыхэлъхэр илъэгъуатэмэ, и гур къащыкIынут,  Гьумэр رضي الله عنه абыхэм ирихьэлIатэмэ, удын къатридзэнут, щэхьабэхэм ахэр ялъэгъуатэмэ, мыхэр «бидгьэлэжьщ» жаIэнут».

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI! Езым зэрыфIэфIым хуэдэу, Езыр арэзы зэрытехъумэ хуэдэу диныр зезыхьэу, гу къабзэкIэ, псэ къабзэкIэ Абы и пащхьэ ихьэжынухэм ящыщ дищI!