Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Куржы Хьэж-Хьэмид Ефэнды

19.10.2013
Еджауэ 3 487

Тыркум Къэйсэр къалэм дэт Ислъам дин факультетым диссертацэу щагъэхьэзыра тхылъ къытIэрыхьащ. Тхылъыр зытепсэлъыхьыр Къэйсэр Iэгъуэблагъуэм щыпсэуа адыгэ дин щIэныгъэлIхэращ. Ди еджакIуэхэм ягум имыхужамэ, дэ мурад тщIауэ щытат адыгэ дин щIэныгъэлIхэм я цIэр зэ къэдгъэщIэрэщIэжыну, ахэр дэнэ щIыпIэ щыIэми, дэнэ щыпсэуми.. ИкIи хуабжьу гуапэ тщыхъуащ абы ехьэлIа тхыгъэ къызэрытIэрыхьар.

Тхыдэ напэр нобэ къызэIутхынщ Куржы Хьэж-Хьэмид ефэндым – Алыхьыр рэхьэмткIэ зыхуэупсэным —  ицIэмкIэ.  Газетым къыкIэлъыкIуэну бжыгъэ зыбжанэм зи хъыбар къыщытIуэтэну щIэныгъэлIхэм, зи щIэныгъэр нэхъ кууэ, нэхъыбэм лъыIэсауэ щытхэм ящыщ зыщ Куржы Хьэж-Хьэмид ефэндыр. Зи гугъу тщIыну щIэныгъэлIхэм псом нэхърэ нэхъыбэрэ зэреджам нэмыщI, езым и къуажэ къигъэзэжа нэужь мэдрэсэ къызэIуихри, еджакIуэ куэдым щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ яритащ.

Хьэж-Хьэмид ефэндыр 1860 гъэм дунейм къытехьащ. Дунейм къыщытехьа щIыпIэр ауэ къызэрыкIуэу зэрыщымытыр, абы и гъащIэри ауэ къызэрыкIуэу зэрыщымытынур и нэщэнэ хуэдэт. Адыгэм я лъэпкъ-Iэпхъуэшхуэм щыгъуэ тенджыз щIыIум дунейм къыщытехьат ар.

Гъуэгуанэ кIыхьыр яухыу, хэщIапIэ яхуэхъуну къыщызытеувыIа жылэр, Хьэззей къалэ цIыкIум пэмыжыжьэ Щэныбей къуажэрат. Хьэмид ефэндым и сабиигъуэмрэ, щхьэмахуэжьу и лIыжьыгъуэмрэ щихьар мис а къуажэращ.

Хэку Адыгэ Хабзэм щIапIыкIыурэ и сабиигъуэр нигъэсу, ныбжьыщIэ лъэхъэнэм щыхыхьэм щIэныгъэм щIэхъуэпсу хуежьащ. ЩIэхъуэпсын къудейуэ щымыту, ар щIэныгъэм хуэщIыпауэ гу щылъатэм; къызыхэкIахэми ар зыщIэхъуэпсым лъыIэсынымкIэ яхулъэкI къагъэнакъым. Езым и Iэгъуэблагъуэм щIэныгъэ лъабжьэ щызэригъэгъуэта иужькIэ, и щIэныгъэр щыхигъэхъуэну Мараш къалэм кIуащ.

ЕджакIуэ зыдэкIуам щилъэгъуа пщIыхьэпIэм абы и гупсысэр кууэ зэщIигъэхъеящ.  Абы пщIыхьэпIэу илъэгъуат; дыгъэр лъахъшэу къехауэ езым и щхьэщыгум къыщиуфэрэзыхьу.  Ар пщIыхь къызэрыгуэкIыу зэрыщымытым тыриухуауэрэ екIуэкIыурэ, пщIыхьхэм я мыхьэнэр зэхэзыхуф гуэрым и хъыбар щызэхихым, и пщIыхьыр хуиIуэтащ. Абы мыпхуэдэу къыжриIащ: «Уи пщIыхьэпIэр, пщIыхьэпIэ пэжмэ уэ ди япэкIэ щIэныгъэлIышхуэ къыпхэкIынущ; уи хъуреягъыр щIэныгъэм и нэхумкIэ къэбгъэунэхунущ».

Абы иужькIэ Хьэмид ефэндым езыр-езыру мыпхуэдэу зыжреIэж: «Си пщIыхьэпIэр пэжыпIэ зиIэ пщIыхьу зэрыщытым шэч къытесхьэкъым, ауэ сэ щIэныгъэ згъуэтыну щытми ар къыщызэхъулIэнур мы щIыпIэрауэ къыщIэкIынкъым. Сэ Мысыр (Египет) сыкIуэн хуейщ».

Мис апхуэдэу и пщIыхьым къыхиха тегушхуэныгъэкIэ Мысыр кIуэну игу ирелъхьэ.

Мысыр щыкIуа илъэс дыдэр къытхузэмыгъэщIами, абы кIуэри илъэс тIощIрэ плIыкIэ щыIащ. А зэманым Уэсмэнлы къэралыгъуэм апхуэдэ еджакIуэхэм яриту щыта улахуэ къырату щытауэ и Iыхьлыхэм жаIэж. 

Езыр щIэныгъэм хуэщIауэ, и фIэщи хилъхьэу, щхьэмыгъазэу Iуэхум бгъэдэту зэрыщытым къыхэкIкIэ, зыдэкIуа щIыпIэм университет къыщиухащ ехъулIэныгъэ хэIэтыкIакIэ. Абдежым къыщызытемыувыIэу къыпищэри нэгъуэщI дипломи къыхуагъэфэщащ мэзхьэбиплIымкIи дерсрэ фэтуарэ итыну хуит къищIу.

Абы и цIыху щIыкIэр щIэныгъэм хуэщIауэ, ауэ къызэрымыкIуэ щIэныгъи зыригъэхъулIауэ гу къыщылъатэм, абы и егъэджакIуэхэми, университетым и лэжьакIуэхэми ар университетым егъэджакIуэу къыщIэнэжмэ нэхъ къащтащ. Мис апхуэдэу илъэс зыплIытхукIэ егъэджакIуэ къалэныр игъэзэщIащ. АрщхьэкIэ, къызыхэкIа унагъуэми, и Iыхьлыхэми нэхъ къащтэр къигъэзэжынрати, ахэм я хьэтыркIэ 1895 гъэм «Iэзхэр» университетри, егъэджэн Iуэхури къигъанэри къуажэжь зыдэкIам къигъэзэжащ; абы щыщыIа зэманым зэригъэпэща тхылъыфI куэди къыздишэри.

Мысырым и университет «Iэл-Iэзхэр»ым къыщыхуагъэфэща дипломымкIэ Хьэмид ефэндым мэзхьэбиплIымкIи дерсрэ фэтуарэ итыфыну апхуэдэ хуитыныгъэрэ зэфIэкIрэ иIэу ягъэуват. Тыркум къигъэзэжа иужьи и дипломыр Тырку щIыналъэм щыпхыкIыну къабылу къилъытащ а зэманым Хьэззейм муфтийуэ щылэжьа Iэхьмэд Хьэмди Рифагьи

Мис апхуэдэ щIыкIэм тету къигъэзэжа иужь, езым и жылэмрэ и Iэгъуэблагъуэм ис цIыхумрэ щхьэпэ яхуэхъун мурадкIэ я къуажэ Щэныбейм мэдрэсэ къыщызэIуихри, цIыху иригъаджэу, иущийуэ хуежьащ. 

Хьэж-Хьэмид къызэIуиха мэдрэсэр Тырку щIыналъэм демократиер лъэ быдэкIэ щыуву, еджэн-гъэсэным и Iуэху псори республикэ хъуагъащIэ къэралым зыIэщIилъхьэжу мэдрэсэхэр щызэхуищIыжа лъэхъэнэ хъухукIэ зэIухауэ щытащ.

ЕджакIуэ куэд щIэсащ абы, щIэныгъэлI къызыхэкIа-хэри мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ: Хьэрун Ефэнды, Хьэфиз Ефэнды, Хьэж-Мэжид ефэнды хуэдэхэр; къищынэмыщIауи, лъэпкъкIэ тыркухэу: Али Шэн Ефэнды, Эсад Ефэнды хуэдэхэу, иужькIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ ягъуэту цIэрыIуэ хъуа куэд абы и мэдрэсэм къыщIэкIащ.

И мэдрэсэм щеджэхэм ящыщу нэхъ зыхуэфащэхэм, Мысыр щеджэфыну гугъапIэ къезытхэм, езым и мэдрэсэм къыбгъэдэкIыу ярит дипломыр (Iиджазэтыр) Уэсмэнлы Къэралыгъуэм игъэкъэбылу, ар тегъэщIапIэ яхуэхъуурэ Мысырым куэд щеджахэщ.

Хьэмид Ефэндым и мэдрэсэр къиуха нэужь Мысыр кIуэуэ абы еджапIэр къыщызыухыу къэзыгъэзэжа Хьэрун Ефэндым жиIэгъауэ къаIуэ-тэж зы псалъэ. А псалъэм Iэдэб гуэри, дахагъэ гуэри зэрыхэлъым имызакъуэу, пэж гуэри зэрыхэлъым шэч иIэу къыщIэкIынкъым: “Дэ мыбы  (Тыркум, Хьэмид Ефэндым и мэдрэсэм) зыдитхар къыздэтхьыжри дыкъэкIуэжащ”. 

* Хьэмид Ефэндым и щIэныгъэм и сэбэпу и Iэгъуэблагъуэм екIахэм язри, бгъэщIагъуэ хъун Iуэхугъуэщ; а зэманым адыгэбзэкIэ тхэн-еджэным и Iуэхур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэщ: 

Адэ Хэкужьым щыIэ я Iыхьлыхэм тхыгъэ хуезыгъэхьынухэр Хьэмид Ефэндым и деж кIуэхэурэ абы тхыгъэр хьэрыпыбзэкIэ ирагъэтхыурэ ирагъэхьу щытащ. Ар апхуэдэу щIащIыр: Хэкум хьэрыпыбзэ зыщIэ, а тхыгъэхэр зэзыдзэкIыфын зэрыщыIэм, езыхэри адыгэбзэкIэ зэрымытхэфым папщIэкIэт.

Мис апхуэдэу, цIыхум лъэныкъуэ куэдкIэ щхьэпэ яхуэхъуу, и щIэныгъэкIи чэнджэщ ехьэлIапIэу зэрыщытар къигъэлъагъуэу мис мыпхуэдэ псалъэ хужаIэу щызэхэпхи щыIэт: “Дэ ди Iэбу Хьэнифэр мыращ”.

Езыр куэду цIыху гуапэу, гушыIэ хэлъу, нэщхъейр къигъэгуфIэжу, гукъеуэ зиIэм игу фIы хуищIыжу щытауэ; и щIэныгъэр цIыхум лъигъэIэсын папщIэ и къару къихь къимыгъэнауэ; и фIыщIэр

куэдым ялъыIэсауэ зэрыщытыр и гъащIэм IупщIу къыхощ.

Еджэнымрэ, и унэ имысыжынымрэ, егъэджэнымрэ щхьэусыгъуэ хуэхъуурэ унагъуэу тIысыжыныр къыщехъулIар гувауэ, илъэс плIыщIым щIигъуа нэужьщ..

Унагъуэуи тIысыжри, къуищрэ зыпхъурэ быну игъуэтыжащ, ауэ и бынхэр пасэу къызэрыщIэмыувам къыхэкIкIэ, езыр зыщIэхъуэпс щIэныгъэ нэхъ лъагэ ахэм ягъуэтыныр къехъулIакъым.

Езым и IэдакъэщIэкIыу тхылъ къигъэнауэ къытIэрыхьакъым. Абы езым и IэкIэ итхыжауэ нэхъ узырихьэлIэр: и тхылъхэм я щIыIум зэщIэхыныгъэ (шэрхь) хуэдэу тыритхэжахэращ.

ГъащIэ дахэ, гъащIэ махуэ къигъэщIауэ минрэ щибгъурэ тIощIрэ щы гъэм (1923), и ныбжьыр илъэс хыщIрэ щы хъууэ дунейм ехыжащ.