Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зэрегъэзахуэ Алыхь талэм псори зэрыхуейуэ

02.01.2012
Еджауэ 4 259

ЩIэныгъэлI Ибн Кэсир и тхылъ “Iэл-Бидае уэн-Нихае”м мыпхуэдэу щетх:

 

“Бегъымбарми صلى الله عليه وسلم, бегъымбарым иужь иува закъуэтIакъуэхэу я нэхъ къарууншэхэу, зи зэфIэкIыр мащIэхэм зыкъытрашащIэу, къытегушхуэрэ лей къырахыу хуежьащ Къурейш лъэпкъым щыщ джаурхэу нэхъ зэфIэкI зыбгъэдэлъхэр. Я бзэгукIи, я IэкIи яхузэфIэкI къагъанэтэкъым.

Нэхъыбэ дыдэу бегъымбар лъапIэм  صلى الله عليه وسلمлей къезыххэм ящыщт езым и адэкъуэш дыдэ Iэбу Лэхэбрэ (абы и цIэ дыдэр “Гьэбдул-Гьузза ибн Гьэбдул-МутIтIэлибт), абы и щхьэгъусэ Iумму Джэмилрэ.

Абы и пхэнж дыдэт бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم   адрей и адэкъуэш Iэбу ТIалиб. Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم хуэдэу фIыуэ илъагъу зыри щыIэтэкъым абы; щабэу къыхущытт, дахэу къыкIэлъызекIуэт, къыщхьэщыжт, къихъумэт. Лъэпкъ зыхэсым я диным ит, я хабзэм тет пэтрэ ещхьтэкъым ар абыхэм. Алыхь талэм абы игум къырилъхьат лIыкIуэ лъапIэр фIыуэ илъагъуну; щIилъагъури лIыкIуэ лъапIэм иIыгъ диным папщIэкIэтэкъым, атIэ и псэм къыбгъэдэкI лъагъуныгъэ пхузэмыхъуэкIыжынкIэт абы ар зэрилъагъур.

Iэбу ТIалиб къызыхэкIа лъэпкъым я диныр имыхъуэжу      зэриIыгъым Алыхь талэм Iущыгъэшхуэ хилъхьат; абыкIэ и лIыкIуэ лъапIэм хъумакIуэ къыхуищIат ар; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэбу ТIалиб Iислъам диныр къищтауэ щытамэ Къурейш лъэпкъым я деж щиIэ пщIэри щиIэжынутэкъым, и псалъэри абы иужькIэ зэхахыжынутэкъым, къыфIэлIыкIи, къыщышыни, пщIэ къыхуэзыщIи къахэнэнутэкъым. Диныр абы къищтатэмэ езы дыдэми къебгъэрыкIуэхэу, къытегушхуэхэу, я Iэр къытрашащIэу, я бзэгухэр къыхуагъэпсалъэу щIадзэнут.

Зэрегъэзахуэ Алыхь талэм псори зэрыхуейуэ; мис къигъэщIа цIыхухэри зэмыщхьурэ, зэмылIэужьыгъуэурэ иугуэшащ:

Еплъ абы и адэкъуэшитIым;  тIури джаурт, тIуми диныр къащтатэкъым, ауэ зыр Къемэт махуэм мафIэр и лъэгум къыщIэуэ къудейуэ щытыну аращ, адрейр жэхьэнэмэм и лъабжьэ къат дыдэм яхунущ, абы имызакъуэу Къемэт махуэ хъухукIэ цIыхухэр еджэну, лъагапIэхэм тету къапсэлъыну, уазхэмрэ, хъутIбэхэмрэ хагъэувэну сурэ абы теухуауэ къыригъэхащ. Къыригъэхащ сурэ, ар жэхьэнэмэ мафIэм зэрыхыхьэнур къыхэщу, и щхьэгъусэри дэщIыгъуу!”.