Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

КъурIэн сурэхэм я цIэхэр

05.01.2013
Еджауэ 3 995

“Сурэ”-р — ар КъурIэн лъапIэр зэрызэпыуда пычыгъуэхэм я цIэу аращ. Зы сурэм аят зыбжанэ къызэщIеубыдэ. Езы псалъэ дыдэр къызытехъукIыжамрэ абы лъабжьэ хуэхъуамрэ теухуауэ зэтемыхуэныгъэ гуэрхэр щыIэщ. Абыхэм иджыпсту дакъытеувыIэнкъым.

КъурIэным сурэуэ 114-рэ итщ. Дэтхэнэ сурэми хухэхауэ езым цIэ щхьэхуэ иIэжщ. Ауэ языныкъуэхэм, цIитIи, нэхъыби яIэщ.

Абыхэм ящыщ “Iэл-Фатихьэ” сурэр. Абы нэхъыбэ цIэ зиIэ сурэ щыIэкъым. Языныкъуэхэм къызэрабжамкIэ, тIощIым щIегъу. Мис а цIэхэм ящыщ зыбжанэ: “Iуммул-КъурIан”, “Iэс-СэбгI Iэл-Мэсани”, “Iуммул-Китаб”, “Iэл-Хьэмд” (адыгэм кIэщIу “Iэлхьэм сурэ ” щIыжаIэр аращ), “Iэл-Хьэмд Iэл-Iуула”, “Iэл-Хьэмд Iэл-Къущра”…

— “Iэл-Бэкъэрэ” сурэм нэгъуэщIу “ФистIатIул-КъурIан” кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Сэнамул-КъурIан” и цIэщ.
— “Iалу-Гьимран” сурэмрэ, “Iэл-Бэкъэрэ”-мрэ зэгъусэу “Iэз-Зэhрауейн”-кIэ йоджэ.
— “Iэн-НисаI” сурэм нэгъуэщIу “Iэн-НисаI IэтI-ТIуула”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-МаIидэ” сурэм нэгъуэщIу ” — “Iэл-ГIукъуд”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Iэнфал” сурэм нэгъуэщIу “Бэдр”-кIэ йоджэ.
— “БэраIэ” сурэм нэгъуэщIу “Iэт-Тэубэ”-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Iэл-Фадихьэ”, “Iэл-Мунэкъкъирэ” цIэхэр иIэщ.
— “Iэн-Нэхьл” сурэм нэгъуэщIу “Iэн-НигIэм”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-IисраI” сурэм нэгъуэщIу “Субхьанэ”-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Сурэту Бэни IисраIил” жаIэ.
— “Мэрем” сурэм нэгъуэщIу “Каф-hа-я-гIейн-щад”-кIэ йоджэ.
— “ТIа-hа” сурэм нэгъуэщIу “Муса “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-МуIминун“” сурэм нэгъуэщIу “Къэд Iэфлэхьэл-МуIминун”-кIэ йоджэ.
— “Iэн-Нэмл” сурэм нэгъуэщIу “Сулейман “-кIэ йоджэ.
— “ФатIир” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-МэлаIикэ”-кIэ йоджэ.
— “Щад” сурэм нэгъуэщIу “Дауд “-кIэ йоджэ.
— “Iэз-Зумэр” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-Гъурэф “-кIэ йоджэ.
— “Гъафир” сурэм нэгъуэщIу “IэтI-ТIэул “-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Iэл-МуIмин” и цIэщ.
— “Фущщилэт” сурэм нэгъуэщIу “Хьа-Мим Iэс-Сэдждэ” “-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Iэл-Мэщабихь” и цIэщ.
— “Iэш-Шура” сурэм нэгъуэщIу “Хьа-Мим. ГIейн-Син-Къаф “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Джасие” сурэм нэгъуэщIу “Iэш-ШэригIэ “-кIэ йоджэ.
— “Мухьэммэд” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-Къитал “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Къэмэр” сурэм нэгъуэщIу “Iикътэрэбэт “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Хьэшр” сурэм нэгъуэщIу “Сурэту Бэни Iэн-Нэдир “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Мумтэхьинэ” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-Iимтихьан “-кIэ йоджэ.
— “Iэщ-Щэфф” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-Хьэуарийин “-кIэ йоджэ.
— “IэтI-ТIэлакъ” сурэм нэгъуэщIу “Iэн-НисаI Iэл-Къущра “-кIэ йоджэ.
— “Iэт-Тэхьрим” сурэм нэгъуэщIу “Лимэ Тухьэрриму “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Мульк” сурэм нэгъуэщIу “Тэбарэк “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-МэгIаридж” сурэм нэгъуэщIу “СэIэлэ саIил “-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Джинн” сурэм нэгъуэщIу “Къул Iуухьие”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Iинсан” сурэм нэгъуэщIу “hэл Iэта”-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Iэд-Дэhр” и цIэщ.
— “Iэн-НэбэI” сурэм нэгъуэщIу “ГIэммэ”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-IэгIла” сурэм нэгъуэщIу “Сэббихь”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-ГIэлэкъ” сурэм нэгъуэщIу “IикърэI”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Бэйинэ” сурэм нэгъуэщIу “Лэм Екун”-кIэ йоджэ. Апхуэдэуи “Сурэту лэм екун”-рэ “Iэл-Къэйимэ”-рэ цIэхэу иIэщ.
— “Iэз-Зэлзэлэ” сурэм нэгъуэщIу “Iиза Зулзилэт “-кIэ йоджэ.
— “Iэт-Тэкасур” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-hакум”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-МагIун” сурэм нэгъуэщIу “IэрэIэйтэ”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Iихълащ” сурэм нэгъуэщIу “Iэл-Iэсас”-кIэ йоджэ.
— “Iэл-Фэлэкъ” сурэм нэгъуэщIу “Къул IэгIузу бирэббил-Фэлэкъ”-кIэ йоджэ.
— “Iэн-Нас” сурэм нэгъуэщIу ” Къул IэгIузу бирэббин-Нас”-кIэ йоджэ. Мы иужьрей суритIым зэгъусэу “Iэл-МугIэууизэтан”-кIэ йоджэ.
Мыр къитхыжащ щIэныгъэлIышхуэ ТIахир Iэл-ДжэзаIирий и тхылъ “Iэт-Тибян либэгIдил-Мэбахьисил-мутэгIэлликъэ бил-КъурIан”-ым. Еплъ нап. 160-164).