Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

«Бои без правил» жыхуаIэм и унафэр

29.06.2012
Еджауэ 7 409

УпщIэ: Салям алейкум. УпщIэр зэхьэлIар иджыпсту цIыху куэдыр зыдихьэха спорт “Бои без правил” жыхуаIэращ. Сыт хуэдэу еплъырэ ди диныр а Iуэхум, ухэт хъуну, зырибгъасэ хъуну а спортым, ахъшэкIэ уризауэ хъуну абы? Абы нэмыщI телевизорымкIэ трансляция щащIым деж уеплъ хъуну, щыгъынхэм эмблема абы щыщу тету щыбгъагъ хъуну? Алыхьыр арэзы къыфхухъу.

Жэуап: Уалейкум сэлам. Зи гугъу пщIы зэзэуэкIэр зэрымыхъунум икIи зэрыхьэрэмым шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы зэзэуэкIэм зым адрейм и Iэпкълъэпкъым нэхъыбэ лей зэрырихын, удын нэхъыбэ зэрытридзэн Iуэху зэрехуэ. Абы къыхэкIыуи фэбжь зэмылIэужьыгъухэр хах: хэт и нэр краху, хэт и акъылыр зэкIуокI, хэт и къупщхьэ якъутэ, хэти, уеблэмэ, и ажалыр абы къыхокI. Абы щхьэкIи, ар зыщIам жэуап гуэри ихькъым, мыдэкIэ ахэр абы езыщIам Iэгу хуеуэухэу, щыгуфIыкIхэу цIыхухэр зэхэсщ… Аллаху Тэгьалам жеIэ: «ЗывмыукIыж…» (Iэн-НисаI, 29). «Ар тIури зэхуэарэзыуэ зэдащIэ»,- зыгуэрым жиIэмэ, ари щхьэусыгъуэ хъунукъым. Алыхьым имыдам цIыхур арэзы техъуэкIэ, абы зыри ихъуэжынукъым. «СыукI» — жиIэу цIыхур къыббгъэдэувами, быукIыну ухуиткъым. ЗыгуэркIэ, быукIами, жэуап пхьыжынущ.