Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

МелыIычхэр унэм щыщIэмыхьэр!

14.01.2012
Еджауэ 5 513

УпщIэ: Сурэтыр блыным фIэмыдзауэ зы щIыпIэ дэлъмэ, абы щхьэкIэ мелыIычхэр унэм щIэмыхьэу къэнэну?…

Жэуап: Сурэтыр диным игъэхьэрэма сурэт лIэужьыгъуэм щыщмэ, ар зы щIыпIэ фIэдзами фIэмыдзами, унэм щIэбгъэлъ хъунукъым, икIи абы щхьэкIэ гущIэгъумрэ берычэтымрэ къызыдэкIуэ мелыIычхэр унэм къыщIэмыхьэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Джибриль عليه السلام-ыр Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и унэм щIыхьэн щимыдам, абы сурэт щIэлът, хьэ пшыри щIэст. Хьэ пшырыр зы щIыпIэ зыкъуигъэпщкIуауэ хьэпшыпхэм яхэсурат абы щыгъуэ, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, ар къыщIамыхауэ Джибриль عليه السلام абы щIыхьэн идакъым.

Ауэ гу зылъытапхъэращи, нобэ фотокамерэкIэ трах сурэтхэр мыбы хиубыдэкъым, ауэ химыубыдэ пэтми, абыкIи ухуэмыныкъуауэ сурэт щIытепхын щыIэкъым.

Уэллаху Iэгльэм.

Щхьэныкъуэ А.