Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Къэбублэрэ къэбгъэнэжыныр

12.06.2017
Еджауэ 5 741

УпщIэ:  Дауд гьэлейхис-сэламым и нэщI IыгъыкIэр (зы махуэ унэщIмэ зы махуэ ухэшхэу) къэбублэмэ ар зэпыбгъэуж хъунукъым, жаIэу зыхыдохри, и пэжыпIэр къыджеIэ, Iустаз.

Жэуап: Къалэн хъур Алыхьым къалэн къыпщищIаращ е уэ езым нузыр зыхуэпщIыжаращ. Аращи, къэбубла къудей щхьэкIэ зыри къалэн пщыхъукъым, ауэ зэрыхъукIэ къэбубла хабзэм утетмэ нэхъыфIщ, хьэдисми абы утрегъэгушхуэ. Ауэ зы Iуэху хэлъщ мыбы: а къэбубла псапэ Iуэхум щхьэкIэ уи къалэн нэхъ ткIийхэр нэгъэсауэ пхуэмыгъэзэщIэжу ухъумэ, ар къэгъэувыIэжыныр мыхъун дэнэ къыщына, атIэ къэгъэувыIэн хуейщ.