Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Гьэзазил

18.02.2014
Еджауэ 4 372

УпщIэ:  Иблис нэлатым ГьэзазилкIэ еджэу зэхэсхащи, сыт абы и пэжып1эр, къикIри сыт? 

Жэуап ЩIэныгъэлI ин Ибн Хьэджэр и тхылъ “Фэтхь Iэл-Барий”м щетх: (ТIэбэрийрэ Ибн Iэбид-Дун-ярэ къаIуэтэжащ, Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жиIауэ: “Иблис мелыIычхэм щагъусэм и цIэу щытар Гьэзазилт, итIанэ Иблис хъуащ”…

Абы (Иблис) и цIэхэм ящыщщ: Iэл-Хьарис, Iэл-Хьэкэм. И цIэ лейр: Iэбу Муррэ. Ибн Хъалэуей и тхылъ “Лейсэ”м зэритымкIэ, абы и цIэ лейр: Iэбул-Кэрубийинщ).  

КъинэмыщIауи тэфсир тхылъ зыбжанэм итщ Иблис апхуэдэ цIэ иIэу зэрыщытар. ИкIи къыхагъэщ ар мелыIыч нэхъ лъапIэ дыдэхэм, дамиплI зытетхэм ящыщауэ. Ибн Гьэббас нэмыщI ар къипсэлъащ Къэтадэ.

Iэл-Бэгъэуий и “Тэфсир”ым зэрыщитхымкIэ, сиряныбзэкIэ Иблис и цIэу щытар: Гьэзазилт, хьэрыпыбзэкIэ: Iэл-Хьарист, ауэ жыIэмыдаIуэ щыхъум и цIэри и сурэтри яхъуэжащ. Абы фIащащ Иблис: Алыхьым и гущIэгъум зи гугъэ хэзыхыжа, къикIыу. 

Ауэ щIэныгъэлI ин Мухьэммэд Iэл-Iэмин Iэш-ШэнкъитIий и тхылъ гъуэзэджэ “IэдуаI Iэл-Бэян”ым къыщыхигъэщащ, апхуэдэ хъыбархэр журт чыристэнхэм я тхылъхэм къыхахыжауэ зэрыщытыр, лъабжьи зэрамыIэр. 

МыткIэ “Гьэзазил” псалъэм и мыхьэнэм теухуауэ: 

Алыхь Талэм и мелыIычхэм ящыщ зыбжанэм я цIэм уеплъыжмэ, ахэр “Iил”кIэ еух. Псалъэм папщIэ: ДжэбраIил, МикаIил, Исрафил… МыткIэ бегъымбарыцIэхэу: ИсраIил, Исмагьил… Бзэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, иврит бзэмкIэ е асирийбзэмкIэ, “Iил”ымкIэ Алыхьым иреджэу аращ. Хьэрыпыбзэм “Гьэбдул-Лах” (Алыхьым и пщылI), Гьубейдул-Лах (Алыхьым и пщылI цIыкIу) зэрыжаIэм хуэдэу, модрейхэми “Iил”ым (Алыхьым и цIэм) зыгуэрхэр пагъэувэ, Абы зэрипщылIыр, Абы зэрыбгъэдэтыр къыхагъэщу.

Мис абы тещIыхьауэ уеплъмэ, Гьэзазилми – Алыхьым бгъэдэт гуэр, къикIыу зэпкъырыпхыфынущ. Къэнэжыр “Гьэзаз”ым къикI дыдэр зэхэгъэкIыжынращ. 

Ауэ езы журт-чристэнхэм я тхыгъэхэм ухэплъэжмэ, абыхэм Гьэзазилым нэгъуэщI мыхьэнэ гуэр ирату ущрихьэлIэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ: лъэныкъуэ ирагъэза, и закъуэу яутIыпща. Уеблэмэ хьэрыпыбзэми къыхощ апхуэдэ мыхьэнэр “гьэзэлэ” жыхуиIэ глаголым и лъабжьэмкIэ уеплъыжмэ. НтIэ сыту пIэрэ апхуэдэ мыхьэнэр зыхуэхьыпхъэр, жыпIэмэ, арикIи зэтемыхуэу зэпкърахыж Китаб Iыхьлыхэм. 

Иужьым къыхэзгъэщыжыну сыхуейт, мыпхуэдэ Iуэхухэр къэщIэным зэман лей тегъэкIуэдэн зэрыхуэмейр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дунеягъэ IуэхукIи ахърэт IуэхукIи абы уи сэбэп къыхэкIынукъым. АтIэ Иблис теухуауэ дэ нэхъ дызыщIэупщIапхъэр: абы и зэран цIыхухэм зэрыригъэкI щIыкIэмрэ, абы ипкъ иткIи щыхъума дызэрыхъунумрэщ.

Алыхьым псори диузэщI.