Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ахьмэд къыхуащIа тыгъэр

25.02.2013
Еджауэ 3 480

Унагъуэ гуэрым къыщыхъурт щIалэ цIыкIу, Ахьмэд и цIэу. Ар гъэсат, хьэлщэныфI зыхэлъти, псоми фIыуэ къалъагъурт.

Ахьмэд зыщыпсэур къалэкIэрт, зыщеджэ еджапIэр зыдэщыIэр къалапщэрти, абы автобускIэ махуэ къэс кIуэн, къэкIуэжын хуей хъурт.

Зэгуэрым, пщэдджыжьышхэ шхэри, зэрихабзэу, еджапIэм кIуащ. Ауэ, унэм къыщысыж зэманыр фIэкIами, къэкIуэжыртэкъым. Адэ-анэр къэгузэващ, Ахьмэд зыцIыхухэм, щIалэ цIыкIум и ныбжьэгъухэм я деж телефонкIэ псэлъахэщ. Ауэ ар къыщIэгувэм и щхьэусыгъуэм зыри щымыгъуазэу къыщIэкIащ.

ИкIэм-икIэжым бжэм хэлъ уэзджынэр къэзури, щIалэ цIыкIур къыщIыхьэжащ, укIытауэ, и щхьэр ехьэхауэ. Абы зэхищIэрт фIыуэ къэзылъагъу и Iыхьлыхэр зэригъэгузэвар, гугъу зэрыригъэхьар.

— Дэнэ апхуэдизрэ уздэщыIар?- къеупщIащ и адэр. Ахьмэд къиIуэтэжащ еджапIэм игъуэу къызэрыщIэкIыжар, ауэ факъырэ фызыжь гуэр къыхуэзэу, ар фIэгуэныхь хъууэ, и ахъшэ тIэкIур зэрыритар, абы къыхэкIыу и унэм лъэсу къэкIуэжын хуей зэрыхъуар.

Адэ-анэр ину щыгуфIыкIащ я быным и хьэлэлагъым.

“Алыхьым уигъэфIэжынщ. Ар фIы зыщIэхэм хьэлэлу яхуоупсэ. Сэри Iыхьэншэ усщIынкъым”- жиIащ щIалэ цIыкIум и адэм, и бохъшэр къызэтрихыурэ. Ауэ Ахьмэд идакъым абы ахъшэ къыIихыныр “ФIыщIэ пхузощI, папэ. Сэ къэзлэжьа псапэр нэхъыфIщ мы дунейм фIыгъуэу щыIэм нэхърэ”- жиIащ абы.