Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Щыщымрэ щымыщымрэ!

الحمد لله الذي حكَم فأحكَم، وحلَّل وحرَّم، أحمدُه على ما عرَّف وعلَّم، وفقَّهَ في دينه وفهَّم، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، وأشهد أن نبيَّنا وسيدَنا محمدًا عبدُه ورسولُه، صلَّى الله عليه وعلى آله وأصحابه، صلاةً وسلامًا دائمَيْن مُمتدَّين مُتلازِمَيْن إلى يوم الدين،  أما بعد،

Унафэ зыщIу зыгъэбыдэжам, зыхуейр хьэлэл зыщIу зыхуейр хьэрэм зыщIам фIыщIэ худощI. И диным теухуауэ къыдигъэщIами, къыдгуригъэIуами, къытхипщами я фIыщIэ дощI. Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэну и сэламри къырихыну Мухьэммэд лъапIэми дыхуолъаIуэ.

Алыхьу ДыкъэзыгъэщIауэ ДызыгъэлIэжынум дыщывгъэшынэ, тхьэшынагъэращ фIыуэ щыIэр къызыдэкIуэр, тхьэшынагъэншэращ мыхъумыщIэу щыIэр къэзышэр. 

Муслъымэн жэмыхьэт!  Ди Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم жеIэ: «ФIы зыхуищIэну Алыхьым мурад зыхуищIам диным хищIыкIыу ещI!». (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ). 

Диным хэпщIыкIыу ухъуамэ е хэпщIыкIыну ухуеймэ, абы и гъуэгуми утетмэ Алыхьым мурадыфI къыпхуищIауэ аращи – нэхъыфIкIэ угугъэ хъунущ, ауэ еджами, еджэми ущымыщмэ узыщыщыр уэ езым нэхъ пщIэжынщ. 

Iэнщархэм я щхьэгъусэхэм, япхъухэм ящытхъуу ГьаIишэ رضي الله عنها жеIэ: «Iэнщархэм я цIыхубзхэр цIыхубз хьэлэмтхэщ, укIытэм щхьэкIэ къамыгъанэу диныр яджащ». (Муслим). 

«ЩIэныгъэм нэхъ пщIэ зиIэ щыIэ: ар зыбгъэдэмылъми бгъэдэлъ хуэдэу зещI,   “щIэныгъэ бгъэдэлъщ” жаIэмэ дуней гуфIэгъуэр зэрехьэ. 

ЩIэныгъэншэ дыдэми «сыщIэныгъэншэкъым» зэрыжиIэм нэхъыбэ ухуейкъым щIэныгъэншагъэр зэрыIейр къырипщIэну».                                                 

 «ЩIым тет щIэныгъэлIхэр уафэм хэт вагъуэхэм яхуэдэщ. Вагъуэхэр къэлыдмэ цIыхухэм гъуазэ яхуохъу, загъэпщкIужмэ Iэбэлъабэхэу къызэхонэ». 

ЩIэныгъэншэу диныр пхузехьэнукъым, уи Тхьэми къабзэу ухуэлэжьэфынукъым, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и гъуэгуми урикIуэфынукъым. 

Гьумэр ибн Гьэбдил-Гьэзизи رحمه الله жеIэ: «ЩIэныгъэншэу Алыхьым хуэпщылIым зэIищIэр нэхъыбэщ фIыуэ ищIэм нэхърэ!». 

Муслъымэн жэмыхьэт! ЩIэныгъэншагъэращ къызыхэкIыр мыпхуэдиз къэхъукъащIэр, щIэныгъэншагъэращ къызыхэкIыр мыпхуэдиз фитнэр, щIэныгъэншагъэращ къызыхэкIыр мыпхуэдиз бидгьэр. 

Суннэр зымыджам бидгьэ къыхилъхьэнущ, диным щыщыр зымыщIэм щымыщ къигупсысынущ. ЦIыхум аращ и зэхэлъыкIэр, и гупсысэкIэр апхуэдэщ, и пIэм исынукъым, фIы имыщIэмэ Iей илэжьынущ. 

Бидгьэм мыхъумыщIэ нэхъ ин дыдэу хэлъхэм ящыщщ муслъымэнхэр зэмызэгъыжу зэрищIыр, псалъэмакъ я зэхуакум къызэрыдилъхьэр, я зэманыр лейуэ зэрагъэкIуэдыр.   

Бидгьэ къыхэзылъхьам е ар зылэжьым езым зегъэзахуэж, фIы ищIуи къыщохъуж, ауэ мыдрейм ар идэнукъым, аращи зызэпэщIасэнущ, емыкIу зэрапэсынущ. Мис иджыпсту ди цIыху цIыкIум кърагъэкIуэкIынури абы и щапхъэщ. 

Псом хуэмыдэжу Iуэхур нэхъ хьэлъэж щыхъур Iуэхум щхьэзыфIэфIыныгъэ щыхэлъым дежщ, къыхалъхьа Iуэхугъуэм дунеягъэкIэ фейдэ гуэр къыщыпыкIым дежщ. Iуэхур абы нэсмэ зыри пхухэлъхьэжынукъым, зи щIакхъуэ Iыхьэр къызытепхыну узыщыхьэм удэджэгурэ уэ?! 

Муслъымэн жэмыхьэт! Иджыпсту дызэрыт мазэм ирихьэлIэу ди Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم  дунейм къытехьар пэжмэ, мы мазэм техуэу а цIыху лъапIэр дунейм ехыжащ.

 Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام мы дунейр зэрихъуэжам нэхъ гузэвэгъуэшхуэ муслъымэным къеуэлIакъым. «Гузэвэгъуэ къызэуэлIам сэ стеухуауэ къеуэлIа гузэвэгъуэр (си лIэныгъэр) игу къырегъэкIыж, ар гузэвэгъуэу щыIэм я нэхъ инщ», — жеIэ صلى الله عليه وسلم  (Iэл-Iэлбаний, «Iэс-Силсилэ Iэщ-Щэхьихьэ»).

Арамэ, иджыпсту хуэдэм абы теухуа гузэвэгъуэр дигу къэдгъэкIыжыным нэхъ лъабжьэ иIэ мэхъу, къыщалъхуа махуэм дыригуфIэным нэхърэ.

Сыт щхьэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم  къыщалъхуа махуэри къыхигъэщу щытакъэ?- жызыIэн щыIэнкIэ мэхъу.

Пэжщ, къыхигъэщащ, уэри Бегъымабыр фIыуэ плъагъур пэжмэ, ар къызэрыхигъэща щIыкIэм тет. Блыщхьэ махуэм техуэу къызэралъхуам ипкъ иткIэ нэщI иIыгъыу щытащ уэри Iыгъ, арикIи блыщхьэ къэскIэ.

Алыхьым къабзэу хуэлэжьэн, Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم и гъуэгум захуэу ирикIуэн муслъымэн дищI Алыхьым! Алыхьым диузэщI, дыригъэфIакIуэ, Суннэри бидгьэм тыригъакIуэ!

أقول قولي هذا وأستغفر الله لي ولكم ولسائر المسلمين…