Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Щхьэхынагъэр

ФIыщIэри щытхъури худогъэфащэ ДыкъэзыгъэщIам, дызэрыпсэуну Iэмалхэр къыдэзытам, дыщIэпсэун хуейри къыдгурызыгъэIуэжам, дыпсэуа иужькIи гулъытэншэу дыкъэзымыгъэнэжыну ди Тхьэшхуэм!

Муслъымэн жэмыхьэт! ЦIыхур зыгуэрым лъэIэсыну хуеймэ зылъэIэсыну и нэ къызыхуикIыр гъэпсауэ, абы ехьэлIауэ зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэхэр зэхэгъэкIауэ и пащхьэ илъу щытын хуейщ.

Ауэ ар зы лъэбакъуэ къудейуэ аращ. Гъуэгу узытехьам утетыфын, утет къудей мыхъуу абы фIыуэ хэбгъэщIыну ухуеймэ – мурад быдэ уиIэу, уи къарум укъигъэгугъэжу, щхьэхынагъэр зытомыгъакIуэу, зэши-еши умыщIэу укIуэцIрыкIын хуейщ.

Мис итIанэщ уи гъащIэм мыхьэнэ гуэр иIэу, ущIэпсэуари пщIэжу, пщIами ухущIемыгъуэжу уи Тхьэ лъапIэм и пащхьэ ущихьэжынур.

ПщэдджыжькIэри пщыхьэщхьэкIэри елъэIуу щытащ Бегъымбар лъапIэр صلى الله عليه وسلم Аллаху Тэгьалам – щхьэхынагъэмрэ, къарууншагъэмрэ е къарууншэу зыкъыщыхъужынымрэ ящихъумэну, абыхэм я Iейм пэжыжьэ ищIыну. (Бухъарий).

ЕлъэIуу щытащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а узхэм цIыхур яубыдмэ и лъэр щIаудынущ, зыми хуэмеижу ящIынущ, и дин Iуэхури и дуней Iуэхури гулъытэншэу къэнэнущ.

Щхьэхынагъэр Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым зылъыIэсыр, атIэ акъылми къылъоIэсри, цIыхур гупсысэну, зыгуэр зэригъэзэхуэну, зы щIэ гуэр къигупсысыну щхьэхыу мэхъу.

Iэпкълъэпкъым и щхьэхынагъэр гурыIуэгъуэщ. Абы и зэранкIэ дунеягъэ теухуауэ IуэхуфI куэд къызэрынэм хуэдэу, ахърэтым ехьэлIа Iуэхухэри къонэри, ар нэхъ Iеижщ икIи нэхъ шынагъуэжщ.

ЦIыхухэм нэхъ икIэ дыдэу яхэт мунафикъхэм я хьэлу КъурIэным къыхощ – щхьэхынагъэр. Нэхъыщхьэ дыдэу цIыхум и пщэ дэлъ нэмэзым щытеувэхэкIэ щхьэхынэхэу, фэрыщIагъ зэрахьэу, нэмэзым теува иужькIи Алыхьым зэрегупсысхэр мащIэу. (еплъыж Iэн-НисаI сурэм и 142 аятым).

Абы къыхихыжауэ Ибн Гьэббас رضي الله عنه жеIэ: «ГуемыIущ (мэкрухьщ, дахэкъым) цIыхур къытехьэлъэу, щхьэхынагъэр къыхэщу, нэмэзым теувэныр, атIэ нэжэгужэу, нэмэзым и нэр къыхуикIыу, абы щыгуфIыкIыу теувэн хуей щ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар зи пащхьэ иувэр Алыхь Инращ…». (Тэфсир Ибн Кэсир).

МыдэкIэ Суннэм дыхэплъэмэ, щхьэхынагъэм ехьэлIауэ мы хьэдисыр къэтхь хъунущ: ЖеIэ صلى الله عليه وسلم: «ЦIыхур жея нэужь абы и щхьэ щIыбым и деж шейтIаным кIапищ зэредзэ, зырыдзапIэ къэскIэ еуэурэ мыр жеIэ: — Уэ жэщ кIыхь къыппэщылъщи жей! Абы адэкIэ къэушрэ Алыхьым и цIэр жиIэмэ зы зэрыдзапIэр къотIатэ, андез ищтэмэ иджыри зы къотIатэ, нэмэзыр ищIмэ адрейри къотIэтэжри – нэжэгужэу, и псэр къабзэу нэху къокI, армырамэ, псэ фIейуэ, щхьэхынэущ нэху къызэрекIыр». (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

Мы хьэдисыр гъуазэ щытхуэхъунущ гъащIэ псом: пщэдджыжьым дыкъэуша нэужь ди гури, ди бзэгури, абы адэкIэ ди Iэпкълъэпкъ псоми я шхыныгъуэр зэхьэлIэн хуейщ, махуэр махуэ хъун папщIэ: ди бзэгумкIэ Алыхьым и цIэр жыдоIэ, ди Iэпкълъэпкъым псы къабзэр лъыдогъэIэс, адэкIэ ди псэр зыгъэтыншын хуей нэмэзыр дощI!

Муслъымэн жэмыхьэт! Щхьэхынагъэр къызыхэкIыр цIыхум и щхьэр игъэтыншыну, гугъу зыригъэхьыну зэрыхуэмейращ, ауэ къэхъуращи, цIыху щхьэхынэм тыншыгъуэ игъуэткъым, гугъуехь нэхъыби ешэчыж, насыпынши мэхъу.

Утыншыну ухуеймэ гугъу зегъэхь; насыпыфIэ ухъуну ухуеймэ уи щхьэри, уи гури, уи Iэпкълъэпкъри гъэлажьэ. Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу хэтым лэжьыгъэ гуэр илэжьын хуейщи, ар йомыгъэлэжьауэ уи Iэпкълъэпкъым уигъэтыншыну ущымыгугъ!

— ТIэкIу зыгъэпсэху мыпхуэдизу гугъу зомыгъэхьу!, — къыжраIат зы цIыхуфI гуэрми – «Зызгъэпсэхуну сыхуейщи аращ гугъу зыщIезгъэхьыр!», — жиIащ.  

Щхьэхынэхэм, Iуэхуншэхэм, хьэулейхэм уаригъусэми, абыхэм ящхь ухъунущ. Ауэ цIыху жыджэрхэм, Iуэху пыухыкIа гуэрым пэрытхэм, зи зэманыр лейуэ зымыгъэкIуэдхэм гъусэ уахуэхъумэ цIыху къыпхэкIынущ.

Щхьэхынагъэми, Iуэхуншагъэми, мыхьэнэшагъэми, къарууншагъэми Алыхьым дащихъумэ; и нэфI зыщыхуахэм, и арэзыныгъэр къэзылэжьахэм я IуэхущIэкIэ къытхилъхьэ, лъэ быдэкIэ мы диным дытригъэт, псалъэ пэжыр джьэдэлъуи и пащхьэ дыришэж!