Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Псэмрэ шейтIанымрэ я Iейр

15.12.2013
Еджауэ 3 064

Аллаху Тэгьалам дыщывгъэшынэ; тхьэшынагъэращ ди хъерыр зыхэлъыр, тхьэшынагъэращ ди къелынур зэпхар.

Муслъымэн жэмыхьэт! Узыншагъэм ухуэсакъыныр нэхъ тыншщ, узым иужькIэ уезэуэжын нэхърэ, апхуэдэ дыдэуи гуэныхьым зыщыпхъумэныр нэхъ тыншщ, иужькIэ абы и лъэужьым уебэныжын нэхърэ.

Аращ тхьэшынагъэ зыхэлъ цIыхухэми а Iэмалыр къыщIыхахыр. Абы ипкъ иткIи я Тхьэр ягъэарэзыуэ, цIыхухэми фIыуэ къалъагъуу дунейм щIытетхэр.

Ауэ а Iэмалыр тыншкъым къыхэпхыну, атIэ ар къыщохъулIэнур: гуэныхьыр къызыхэкIыр, абы щхьэусыгъуэ хуэхъур, цIыхур абы езыхулIэр, абыкIэ къыщIэрыIэр нэгъэсауэ къыщыбгурыIуэм и дежщ.

Псом япэ иту гуэныхьыр цIыхум езыгъащIэр езым и псэращ, и щхьэращ, абы и гъусэу шейтIан нэлатращ.

Арамэ, цIыхур тIысу егупсысын хуейщ и псэм гуэныхьыр зэрыригъэлэжь щIыкIэм, ар къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм.

Уи псэр, уи щхьэр фIыуэ щIэпщыкIмэ уэ къыбгурыIуэнущ, мыхъумыщIэу хъуар уэ езым къызэрыпкъырыкIыжыр, пщIэм нэхърэ умыщIэр зэрынэхъыбэжыр, псэм фIыуэ хэлъым нэхърэ Iейуэ хэлъыр зэрынэхъыбэр, а фIы мащIэри Алыхьым и фIыщIэу зэрыщытыр.

Псэм и Iейм щихъумэжыну езы Бегъымбар дыдэр صلى الله عليه وسلم елъэIуу щытащ Аллаху Тэгьалам, и хъутIбэхэри абыкIэ иублэт. Абы нэхъ щапхъэфIи дгъуэтынкъым дэ.

Мыдрейуэ мыхъумыщIэм къежьапIэ хуэхъур шейтIанращи, шейтIаным и Iэмалхэр зэгъэщIэн хуейщ, абы и хьилагъхэм дакъелын папщIэ.

Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله и псалъэхэм къахощыж, цIыхур шейтIаным къыщелэжьым и деж, гуэныхь нэхъ ин дыдэмкIэ къыщIедзэри, ар къыпихыну яужь йохьэ цIыхум, ар мыхъумэ, къоIэбых. Мис апхуэдэурэ егъэунэхъу.

Япэ дыдэу ар зэлэжьыр цIыхур диныншэ, Iиманыншэ ищIынращ. Ар къехъулIэмэ, шейтIаным цIыхум и Iуэху зэрихуэжкъым, атIэ «сэ сыхэмытми, езым и мыхъумыщIэр хурикъужынущ абы», жеIэри зегъэпсэху.

Ауэ цIыхур диныншэ ищIыну хулъэмыкIмэ, а дин зэрихьэм щымыщ гуэрхэр хилъхьэну, къемызэгъ гуэрхэр хипщэну яужь къохьэ.

Бидгьэ илъэныкъуэкIэ цIыхум бгъэдыхьэпIэ хуимыгъуэтмэ, гуэныхьышхуэхэм ящыщ иригъэлэжьыну яужь къохьэ; гуэныхьышхуэхэр хуегъэщIэращIэ, Алыхьым и гущIэгъумкIэ егъэбэлэрыгъ.

Гуэныхьышхуэхэр мыхъумэ, гуэныхь цIыкIухэм къыхуреджэ. ЦIыхуми и щхьэр къегъэпцIэжри, «гуэныхьышхуэ щызмылэжькIэ гуэныхь цIыкIухэр къысхуэгъунщ», жеIэри зегъэунэхъуж.

Зегъэунэхъуж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуэныхь цIыкIур ерыщу блэжьмэ, ар умыщIэхыурэ гуэныхьышхуэ мэхъу. ЦIыхур, гуэныхьышхуэ къихьрэ, абы иригужьеижауэ, абы иригузавэу дунейм тетмэ нэхъыфIщ, къабзэ дыдэу зыкъыщыхъужурэ гуэныхь цIыкIухэр илэжьу дэт нэхърэ.

«Гуэныхь цIыкIухэр ещхьщ, — жеIэ صلى الله عليه وسلم   , — лъэгу гуэрым деж щепсыха гупым, зым зы чы къихьу, адрейми зы чы къихьурэ, пхъэшхуэ зэхуэзыхьэсахэм…». (Ахьмэд). Пхъэшхуэм мафIэшхуэ къызэрыхэкIым хуэдэу, гуэныхь цIыкIухэми гуэныхьышхуэ къахокIри, мафIэшхуэр цIыхум кърегъэлэжь!

Гуэныхь цIыкIухэми цIыхум защихъумэфмэ, гуэныхь къызыхэмыкI лэжьыгъэхэмкIэ цIыхур егъэхьэулей шейтIаным, псапэ къыримыгъэхьу, и зэманыр Iуэху мыфэмыцхэмкIэ иригъэгъакIуэу.

Мис апхуэдэщи, шейтIаныр цIыхум зэикI къыкIэрыкIынукъым, ар къыкIэрыкIынум щыгугъыу цIыхур щысми а зэманыр зэикI къэсынукъым. АтIэ дымыбэлэрыгъыу, ди къэкIуэнум дегупсысу, мы дунейр зэрыхьэхур, гъащIэ пэжыр зыдэщыIэр зэрынэгъуэщIыпIэр тщымыгъупщэу дыпсэун хуейщ.

Алыхьым дыкъихъумэ, ди псэм и Iейми шейтIаным и фIейми дащихъумэ! БлэкIар Алыхьым къытхуигъэгъу, къэкIуэнур Алыхьым дахэ тхуищI, лэжьыгъэм я нэхъыфI дыдэм дыхэтуи дызыришэлIэж!