Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Фатихьэ сурэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Зы махуэ зы жэщым и кIуэцIкIэ тщIы нэмэзыр дин зетхьэм и пкъоуэ щытмэ, а пкъор зыIыгъыж пкъыгъуэхэм ящыщщ апхуэдизрэ къытедгъэзэжурэ дызэджэ Фатихьэ сурэр.

Апхуэдиз мыхьэнэ Фатихьэ сурэм щиIэкIэ, апхуэдизри абы къытедгъэзэжурэ дыщеджэкIэ – дызэупщIыжын хуейщ: сыт апхуэдизрэ абы дыщIеджэр? Сыт абы къикIыр? Сыт дыкъызыхуриджэр? Сыт къытхуищIэр?, — жытIэурэ.

Ди дин зехьэкIэм щыуагъэ нэхъ ин дыдэу дэ хэтщIыхьхэм ящыщщ: къикIри къыдгурымыIуэу, и купщIэми демыгупсысу Iуэху куэд зэрыдлэжьыр.

Нэмэзыр нэмэз зыщIыжыр абы епхьэлIэ къаруращ. А къарури ущиIэнур жыпIэм, укъызэджэм я мыхьэнэр щызэхэпщIэм и дежщ. Мис итIанэщ уи нэмэзыр нэмэз зэтес щыхъунур, уи дунеягъэ IуэхукIи уи ахърэт IуэхукIи абы зыгуэр къыщыхэпхынур.

Къыдогъэзэж Фатихьэ сурэм дежи, додаIуэ абы теухуауэ عليه الصلاة والسلام-ым жиIам: «Си псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэри, ТэурэткIи, ИнджилкIи, КъурIэнкIи абы (Фатихьэм) хуэдэ Алыхьым къыримыгъэха!».  (Ахьмэд, Тирмизий).

Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله етх: «Аллаху Тэгьалам тхылъищэрэ тхылъипIлIрэ къыригъэхащ. А псом я купщIэр Тэурэтымрэ, Инджилымрэ, КъурIэнымрэ щызэхуихьэсыжащ. А тхылъищIым я купщIэри КъурIэным къыригъэубыдащ. КъурIэн псом и купщIэри иужьрей джузитхум къыригъэубыдыжащ, а джузитхум я купщIэри Фатихьэ сурэм къызэщIыригъэубыдащ, Фатихьэ сурэм и купщIэри «إياك نعبد وإياك نستعين» псалъэухам къыригъэубыдыжащ!». (Мэдаридж Iэс-Саликин, I/74).

А псалъэухам апхуэдизыр къыщызэщIиубыдэкIэ, абы и купщIэр инщ, ар зэпкъырыпхыну яужь уихьэми уитхьэлэнущ. Адрей щIэныгъэлIхэм ятхар къэгъэнауэ, Ибн Iэл-Къэйим и закъуэ тхылъ томищ тыритхыхьащ а псалъэухам.

Хьэдис къудсийм къыхощ Фатихьэ сурэр IыхьитIу зэрызэхэлъыр: зы Iыхьэр Алыхьым хуэгъэзащ, адрей Iыхьэр цIыхум езым еижщ. Япэрей Iыхьэр мы аятищращ:              “الْحَمْدُ لِلَّهِ رَبِّ الْعَالَمِينَ . الرَّحْمَنِ الرَّحِيمِ . مَالِكِ يَوْمِ الدِّينِ”

«Щытхъур хуэфащэщ дунейхэм я Тхьэу . ГущIэгъущIу,  ГущIэгъулым.  Къемэт махуэм и Тепщэм».

Апхуэдиз зэфIэкIыр зиIэм, псори зи IэмыщIэ илъым, дунейри зейм, ахърэтри зейм хуэфащэкъэ щытхъур?! Хуэфащэщ! Щытхъури хуэфащэщи, ухуэлэжьэнуи, ухуэпщылIынуи зыхуэфащэр а Зыращ. Аращ адэкIэ щIыжытIэр:  إِيَّاكَ نَعْبُدُ وَإِيَّاكَ نَسْتَعِينُ – «Уэращ дызыхуэпщылIри, Уэращ дызэлъэIури!».

Алыхьым ухуэпщылIуи щыпхужыIэнур, абы мы Iуэхугъуищыр хэтмэщ: лъагъуныгъэр, гугъэр, шынагъэр:

«Щытхъур хуэфащэщ дунейхэм я Тхьэу», — жызыIэ аятым Алыхьыр фIыуэ дегъэлъагъу. «ГущIэгъущIу,  ГущIэгъулым», — жызыIэ аятым Алыхьым дыщегъэгугъ. «Къемэт махуэм и Тепщэм», — жызыIэм Алыхьым дыщегъэшынэ.

Дигу къегъэкIыж мы сурэ лъапIэм — Къемэт махуэр къызэрытпэщылъыр, абдежым Алыхьым нэмыщI нэгъуэщI унафэщI зэрыщымыIэр, дунеягъэкIэ унафэщI ныкъуэу щыIар унафэншэу къызэрынэжынур!

Алыхьым дызэрыхуэныкъуэр къыхэдгъэща иужькIэ, Абы къытхуимыщIэмэ нэгъуэщIым къызэрытхуимыщIэнури зэхэтщIа иужькIэ, ди лъэIур Абы идохьэлIэри, гъуэгу захуэм дытришэну зыхудогъазэ.

Гъуэгу захуэм Алыхьым утримышэмэ, нэгъуэщIым утришэнукъым. Гъуэгу захуэм Алыхьым утыришмэ, абы утезышэжыфыни зыри бгъуэтынукъым. 

НэхъыфI дыдэу Алыхьым узэрелъэIунур, Езым и арэзыныгъэр къуигъэлэжьыну уелъэIунращ. «Дугьэуэ щыIэм я нэхъ сэбэпым сегупсысати, абы нэхъыфI зэрыщымыIэр къызгурыIуащ», — жиIэу щытащ Ибн Тэймийе, رحمه الله.

Нэмэзым дытеувэхукIэ Алыхьым долъэIу диузэщIыну, гъуэгу захуэм дытришэну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы махуэ зы жэщым и кIуэцIкIэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ длэжьрэ, сыт хуэдиз щытыкIэми диувэрэ, а псом теухуауэ дыхуэныкъуэщ Алыхьым и дэIэпыкъуныгъэм.

КIэщI дыдэу аращ Фатихьэ сурэм и купщIэр. Нэхъыбэж къэсщIэнщ жызыIэр тэфсир тхылъхэм иреплъыж. Алыхьым апхуэдиз мыхьэнэ зырита сурэм ехьэлIауэ сыт хуэдиз уеджэми ебгъэлея хъунукъым.

Алыхьым зэхэтхам и сэбэп къыдигъэкI! КъурIэн лъапIэр ди гум и гъатхэ, ди псэм и нур Алыхьым тхуищI, ди гукъеуэхэми я хущхъуэгъуэр абы къыхигъэкI!