Бгъуэрэ «Аллаху Iэкбэр»,- жыбоIэри, итIанэ мыбы укъоджэ:
الحمدُ لله الذي بنعمته تتمُّ الصالحات، وبفضله تُرفع الدرجات، وبعَفوِه تُغفَر الذُّنوب والسيِّئات، وبكرَمِه تُقبَل العَطايا والقُربَات، وبلُطفِه تُستَر العُيُوب والزَّلاَّت، الحمدُ لله الذي أماتَ وأحيا، ومنَع وأعطَى، وأرشَدَ وهدى، وأضحَكَ وأبكى؛ ﴿ وَقُلِ الْحَمْدُ لِلَّهِ الَّذِي لَمْ يَتَّخِذْ وَلَدًا وَلَمْ يَكُنْ لَهُ شَرِيكٌ فِي الْمُلْكِ وَلَمْ يَكُنْ لَهُ وَلِيٌّ مِنَ الذُّلِّ وَكَبِّرْهُ تَكْبِيرًا ﴾ الله أكبر كبيرًا، والحمد لله كثيرًا، وسُبحان الله بُكرةً وأصيلاً.
وأصلّي وأسلّم على نبيّنا محمّد بن عبد الله صلاةً وسلامًا تامّين كاملين ما تعاقب أُفول وإشراق، وعلى آله وصحبِه أئمّة الهدَى باتّفاق، ومَن تبِعهم بإحسانٍ إلى يومِ التّلاق. أما بعد:
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ гьидщ. Нобэ гьидщи, гьид махуэ дыдэ Алыхьым ар тхуищI, хъер куэди Алыхьым къытхудигъакIуэ! Мы махуэ лъапIэм хуэдэ иджыри куэдрэ зи нэгу фIыкIэ щIэкIын, псапэ куэди абы къыдэзылэжьын Алыхьым дищI!
Нобэрей махуэмкIэ Зуль-Хьиджджэм и махуипщIыр зэхуещIыжри, фIы зылэжьахэр, псапэ къэзыхьахэр ящIам щогуфIыкIыж. ФIы лэжьынымкIэ бэлэрыгъахэми зэгупсысыжыну Iэмал яIэщ!
Нобэ гьид махуэщ, гуфIэгъуэ махуэщ. Арамэ хуитщ муслъымэныр нобэ хуэдэ махуэм гуфIэну, гушхуэну, гугъэну!
Хуитщ гуфIэну сыт хуэдиз гузэвэгъуэ щымыIами; хуитщ гуфIэну сыт хуэдиз гъуехь муслъымэнхэм ямышэчами. Дапщэщ гузэвэгъуэншэу щыщытар, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу муслъымэнхэм гьидыр ягъэгьиду, кIыфIыгъэм къыхидз нур мащIэм щыгуфIыкIыфхэу щытахэщ.
Ауэ гуфIэгъуэри гуфIэгъуэ нэгъэса хъун папщIэ гур къабзэн хуейщ. Хуэкъэбзэн хуейщ ди гур муслъымэнхэм, псом хуэмыдэжу ди Iыхьлыхэм, ди благъэхэм, ди гъунэгъухэм, кIэщIу жыпIэмэ нэхъ къытпэгъунэгъухэм.
Сыт хуэдизу ди жагъуэ къамыщIами, сыт хуэдизу тхуэмыфащэ къыдамыпэсами, итIани, лIыгъэ зыхэлъхьауэ зыхэIэтыкIын хуейщ гупсысэ мышухэм.
ЗыхэIэтыкIи яхуэгъэгъу, уеблэмэ зыри къэмыхъухам хуэдэу якIэлъыкIуэ уи Iыхьлым, яхыхьэ уи ныбжьэгъухэм, екIуэкI уи гъунэгъум и деж. Аращ иманри, аращ лIыгъэри, аращ напэри.
ЦIыхушхуэм гушхуэ кIуэцIылъщ. Абы игур псоми яхурокъу. Ауэ ар къызыхуэтыр сыт хуэдэ мыхьэнэншэм щхьэкIи ныкъуэкъуэнущ, зэрымытым Iэтищэ иригъэувэнущ…
Уи жагъуэ къэзыщIам уи гур хуэбгъэкъэбзэжын, жыхуиIэр, дауикI мыбдежым щылъкъым. Ар тынштэмэ апхуэдиз псапи абы къыдэкIуэнтэкъым.
ЖеIэ бегъымбарым гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым : «Сэдэкъэм я нэхъыфIыр гужьгъэжьгъ зигум къыпхуилъ благъэм епт сэдэкъэращ». (Имам Ахьмэди, нэгъуэщIхэми къаIуэтэжащ).
ШейтIаным зыкъомыгъэгъапцIэ. Зыгуэр бгъэгъуныр е щхьэдэIух пщIыныр лIыгъэншагъэу, уеблэмэ, абыкIэ делафэ гуэр къыптеуэ хуэдэу къыпщигъэхъункIэ хъунущ шейтIаным.
Ауэ муслъымэныр нэхъ жыжьэ маплъэ, цIыхухэм жаIэнум нэхърэ, Къемэт махуэм Алыхьыр къызэреупщIыжынур япэ нэхъ ирегъэщ, Къемэт махуэм деж щигъуэтыжыну ф1ыгъуэм нэхъ йогупсыс!
Имам Ахьмэд итхыжащ мы хьэдисыр: ЖеIэ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым: «Фэ зы зэман къыфхуихуэнущ: лIыгъэншагъэмрэ напэншагъэмрэ цIыхур хагъадэу (е напаншагъэ блэжьын е лIыгъэ пхэмылъу дгъэIун, жаIэу). А зэманым хиубыдэм напэншагъэр къыхимыхыу лIыгъэншагъэр къыхрех!».
Мыри къыджеIэ, гущIэгъу къытхуищIу Алыхьым къытхуигъэкIуа, лIыкIуэ лъапIэм гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым «(ЗэфIэнаитIым) я нэхъыфIыр япэ ищу сэлам адрейм езыхыжращ». (Бухъарийрэ Муслимрэ).
Зи гур къабзэм мы дунейм имыIэ щыIэкъым. ДунеягъэкIэ абы нэхъ насыпыфIи, нэхъ тыншыгъуэм хэти уигъэлъыхъуэнщ, Къемэт махуэми Алыхьым и арэзыныгъэм хуокIуэж апхуэдэ цIыхур.
ДыхущIэвгъэкъу апхуэдэ щытыкIэм! ИтIанэщ ди гьидри гьид щыхъунур! ИтIанэщ нэхъ гъунэгъу дыщызэхуэхъунур! ИтIанэщ ди диным и дахагъыр наIуэ щыхъунур!
ЕтIуанэ хъутIбэ
اَلْحَمْدُ لِلَِّهِ رَبِّ الْعَالَمِينَ، وَصَلَّى اللهُ وَسَلَّمَ وَبَارَكَ عَلَى الْمَبْعُوثِ رَحْمَةً لِلْعَالَمِينَ، نَبِيِّناَ مُحَمَّدٍ وَعَلَى آلِهِ وَصَحَابَتِهِ أَجْمَعِينَ. وَبَعْدُ:
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ дыукI къурмэнымкIэ дэ иджыри зэ наIуэ къыдощIыж бегъымбархэм я лъагъуэм дызэрытетыр, абыхэм къытхуагъэна хабзэ дахэхэр иджыри зэрызетхьэр.
Мы хабзэ дахэр къыщежьар Ибрахьим гьэлейхис-сэламым и дежщ. Ауэ а хабзэр дэ ди бегъымбар лъапIэм гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым къимыгъэщIэрэщIэжатэмэ, дэ ар зэрыдгъэзэщIэн мы дунейм теттэкъым.
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Зейд ибн Iэркъэм къеIуэтэж, щэхьабэхэр бегъымбар лъапIэм гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым еупщIауэ: Уа Алыхьым и лIыкIуэ, мы къурмэным сыт къикIыр?,-жаIэри. «Фи адэшхуэ Ибрахьим и хабзэщ»,- жиIащ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым. – НтIэ сыт дэ абы щхьа диIэнур?,- жаIэри иджыри зэ щIэупщIащ щэхьабэхэр. «(Къурмэным и) зы цыпэ къэс зы псапэ фиIэнущ», — жиIащ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым. (Ибн Маджэ. Хьэдисыр пэжу къалъытащ 1эл-Хьакимрэ, 1эл-Бэйхэкъийрэ).
«Къурмэн гьид махуэм лъыпэ къигъэкIыным нэхъыфIу Алыхьым илъагъу лэжьыгъэ цIыхум хуэлэжьынукъым. Къемэт махуэми а и бжьакъуэр и бжьакъуэу, и лъэбжьанэр и лъэбжьанэу, и цыр и цу (къурмэныпхъэр) екIуэлIэжынущ. Абы къижа лъыр щIым хэмыткIуэ ипэкIи Алыхьым и деж нос. Арамэ фи гур вгъэзагъэ!», — жеIэ гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым-м . (Тирмизий, Ибн Маджэ).
Ди гьид нэмэзи, ди къурмэни Алыхьым къабылу тIих. Гьид махуэр берычэткIэ гъэнщIауэ иджыри илъэс куэдкIэ зылъагъун муслъымэн Алыхьым дищI.
ФIыгъуэ куэдрэ гуфIэгъуэ куэдрэ мы махуэм Алыхьым къытхудигъакIуэ. Муслъымэным я насыпыр текIуауэ, я пэжыр наIуэ хъуауэ Алыхьым дигъэлъагъу!