Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Фемыджэ КъурIэным къыджезыIэфынур хэт

image002

ФIыщIэ мыухыжыр Алыхь Иным худощI: Iуммэту щыIэм КъурIэн лъапIэмкIэ дазэрыхигъэлъэпIыкIамкIэ, зыми иримыта дэ къызэрыдитамкIэ, мы дунейм цIыхуу тетыр иузэщIыну ар къызэрыригъэхамкIэ, уафэм тхылъу къикIахэм ар я кIэух зэрищIамкIэ.

Щэлатри сэламри къыхудохь КъурIэным къыщыкIуар зи хьэлу щытам, КъурIэнри уэсяту къытхуэзыгъэнам, КъурIэныр щIэину къызэзынэкIам, «Фэ нэхъыфIу къыфхэтыр КъурIэныр зэзыгъащIэу, нэгъуэщIым езыгъэщIэжаращ», — жызыIам.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм зы муслъымэн теткъым КъурIэн лъапIэр-Алыхьым и Псалъэр — имыгъэлъапIэу, гулъытэ лей абы хуимыщIу. АпхуэдизкIэ ягъэлъапIэ муслъымэнхэм КъурIэнри: андезыншэу ар къащтэнукъым, зы тхылъи абы и щхьэм тралъхьэнукъым.

КъагуроIуэ икIи я фIэщ мэхъу муслъымэнхэм КъурIэныр диным и лъабжьэу, фIыгъуэу щыIэми я къежьапIэу, псапэ къызэрахь Iэмалхэми япэ дыдэ иту зэрыщытыр.

Абы ипкъ иткIэ:  ар ядж, зэрагъащIэ, лъэпкъ къэскIэ езым я бзэкIэ зэрадзэкI, ар нэхъ гурыIуэгъуафIэ хъун папщIэ.

Апхуэдизу муслъымэнхэм ягъэлъапIэ тхылъыр, я гуми, я псэми, я лыми хэтыр «вджы хъунукъым, зефхьэ хъунукъым» яжепIэмэ, сэ яхэпIуауэ, йомыщIэ къомыгъэнэжауэ аращ. ЦIыхум я нэхъ икIэ дыдэм фIэкIаи нэгъуэщI абы тегушхуэнукъым.

ИкIи иджыблагъэ апхуэдэ цIыху икIэ ди къэралым зэрисыр наIуэ тщыхъуащ, я икIагъыр утыкум къыралъхьащ:  КъурIэным и тэрмэшыр «экстремистскэ» тхылъхэм хабжащ, абы еджэм е зезыхьэм «экстремисткIэ» уеджэ хъуну унафэ къащтащ.

Хьиджабым ехьэлIауэ къащта унафэ мышур зэрыдгъэщIэгъуэныр дымыщIэурэ, иджы ар тщызыгъэгъупщэжын унафэ ди нэгум къыжьэхадзащ.  Мыбы иужькIэ къэнэжар «умуслъымэныну ухуиткъым» къыджаIэжынращ.

Муслъымэн жэмыхьэт! КъурIэн ЛъапIэр Алыхьым и Псалъэщ. Ар къезыгъэхар езы Алыхьращи, Езы Алыхьым ихъумэжынущ.

“إِنَّا نَحْنُ نَزَّلْنَا الذِّكْرَ وَإِنَّا لَهُ لَحَافِظُونَ”.  (Iэл-Хьиджр, 9), ауэ «фэ сыткIэ къыффIэIуэхуа си Псалъэ лъапIэр зэрыхаутэр?» жиIэнурэ къыдэупщIыжынущ!

 Ауэ делагъэ зыщIам делагъэкIэ упэувыж хъунукъым. Делагъэ гуэр длэжьыну аращ зыхуеиххэр мыпхуэдэ хьэдэгъуэдахэхэр зыщIэхэр: укъыщрагъэчу зыгуэр уагъэщIэну. Зыгуэр зыщIами зыгуэр епщIэжыну, зыгуэри теплъхьэну нэхъ тыншщ.

АтIэ губзыгъэу, нэхъ жыжьэ дыплъэурэ, нэхъыби зэдгъэзахуэурэ пэжыр ищIыIу къэщIыжын хуейщ, мыпхуэдэ унафэ мышухэр ди деж зэрыкIуэцIрымыкIынури, абы щхьэкIэ КъурIэн лъапIэм деджэнри къызэрыдмыгъэнэнур ялъэгъэIэсын хуейщ.

Уеблэмэ мэжджытым к1уэ муслъымэнхэр къэгъэнауэ, мыпхуэдэ унафэ мышу къыщыдагъэкIым и деж, ахэр зылъэIэсыну зыхущIэкъуам и пхэнж дыдэр къащощI: диным пэжыжьэу щыта муслъымэнхэр къагъэуш, мымуслъымэнхэми я гулъытэр Тхылъ лъапIэм нэхъ теухуа ящI.

Мыпхуэдэ унафэ мышухэм я «фIыгъэкIэ» муслъымэну мыбы исыр зы жьэу зэдопсалъэ хъуащ, зэтемыхуэныгъэу я зэхуакум дэлъхэр ящогъупща хуэдэщ, псори зэуIуу унафэ къызэдащтэ, Iуэхур ягъэкIуатэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыр щхьэусыгъуэ тхурехъуи нэхъри КъурIэным зедвгъэт, нэхъри нэхъыбэрэ мы Тхылъ лъапIэр дывгъэдж, нэхъыбэ цIыхуми абы и нурыр зэрытепсэным дытевгъэлажьэ.

Мыр щхьэусыгъуэ тхурехъуи ди дин лъапIэм нэхъри зедвгъэт, нэхъ быдэжу ар дывгъэубыд, нэхъ ди фIэщу ди къалэнхэр дывгъэгъэзащIэ.

Мыр щхьэусыгъуэ тхурехъуи дызэрывгъэубыд, ди зэкъуэшыныгъэр нэхъ быдэ дывгъэщI, псалъэмакъ мышу дызэкIэщIэзыудхэр къэдвгъэгъани, ди лъэр нэхъ быдэу зэрыувын Iэмал зедвгъахуэ!