Муслъымэн жэмыхьэт! Муслъымэн диным зыгуэр хэзыщIыкIым имыщIэнкIэ икIи къыгурымыIуэнкIэ Iэмал иIэкъым дин щIэныгъэлIхэм я пщIэр зэрыиныр, уеблэмэ абыхэм я пщIэм хуэдэ зиIэ — цIыху къызэрыгуэкIхэм зэрахэмытыр.
ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я пщIэр къызыхэщ псалъэхэр КъурIэн лъапIэми, Суннэ къабзэми куэду къыхощ. Абы тезыгъычыныхь унафэхэр мащIэкъым.
ЖеIэ ТIауус رحمه الله: «Суннэм щыщщ щIэныгъэлIым пщIэ хуэпщIыныр». ЩIэныгъэлIми пщIэ зэрыхуащIыр мыпхуэдэ зыгуэрурэщ: уи дугьэм ахэр хебгъэубыдэурэ, я цIэр фIыкIэ жыпIэурэ, уащIэупщIэурэ, уалъыгъуазэурэ, уахуэгузавэурэ, я Iуэху зытетым щыгъуазэ зыпщIурэ, щIэныгъэ къабгъэдэпхыурэ, я щIэныгъэри нэгъуэщIхэм ябгъэдэплъэхьэжурэ, уакъыщхьэщыжурэ, я пщIэр узыхыхьэ-узыхэкIхэм я деж къыщыхэбгъэщурэ….
Аллаху Тэгьалар уэзыгъэцIыхуу, Аллаху Тэгьалам и гъуэгур уэзыгъэлъагъуу, Аллаху Тэгьалам и диныр къыбгурызыгъэIуэжу уи япэ итхэм, абыкIэ гъуазэ пхуэхъухэм пщIэ лей яхуэфащэкъэ?!
ЖеIэ Суфьян ибн Гьуейнэ رحمه الله تعالى: «Зи пщIэр нэхъ лъагэ дыдэу цIыхухэм яхэтыр: Алыхьымрэ мыдрей цIыхухэмрэ я зэхуакум дэтхэращ. Ахэр: бегъымбархэмрэ щIэныгъэлIхэмрэщ».
ЩIэныгъэлIхэращ бегъымбархэм я къалэныр зыгъэзащIэу цIыхухэм яхэтыр. ЦIыкIуи ини, хъулъхугъуи бзылъхугъуи, унафэщIи унафэ зыхуащIи…. абыхэм яхуэмыныкъуэ зыри щыIэкъым.
ЩIэныгъэлIхэм пщIэ яхуэщIыныр я лъым хэту, я псэм хэту игъащIэми къекIуэкIащ муслъымэнхэр, щапхъэ дахэхэри дагъэлъэгъуащ ди япэ итахэм абы теухуауэ.
ЩIэныгъэлIхэм пщIэ яIэмэ езы динми пщIэ иIэнущ. Нэхъыжьхэм щIэныгъэлIхэм пщIэ хуащIу далъагъумэ, нэхъыщIэхэм езы динми пщIэ хуащIу, щIэныгъэми нэхъ хущIэкъуу къэхъунухэщ.
Ауэ япэми нобэми цIыхухэм къахокI фыгъуэмрэ, пагэныгъэмрэ, нэмысыншагъэмрэ къыхахыу пщIэ зиIэхэм я пщIэр хэзыутэ, Алыхьым иIэтахэр ираудыхын папщIэ яхузэфIэкI къэзымыгъанэ.
Я мурадыр къехъулIэн папщIэ, я щхьэр къагъэпцIэжурэ, ахэм щхьэусыгъуэ Iэджи зыхуащIыж, я жьэр нэхъ утIыпщауэ псэлъэфынхэ папщIэ.
Зэм жаIэнщ: «щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм къекIуэкIым хащIыкIкъым, атIэ зыхащIыкIыр мэжджыт кIуэцIым къыщекIуэкIращ». ДауикI абы къикIыр «щыхамыщIыкIкIэ, абыхэм ущIедэIуэн щыIэкъым» жаIэу аращ.
Ауэ хьэкъращи, къекIуэкIым щIэныгъэлIхэм хамыщIыкIмэ, нэгъущIхэм зыри хамыщIыкIыххэу аращ абы. Хьэмэрэ, махуэ къэс телевизорым е интернетым къихь хъыбару хъуам щIэныгъэлIхэр я щхьэфэ иIэбэу, псоми унафэ зэрыз тращIэн хуейуэ къащыхъуу пIэрэ абыхэм?!
КъекIуэкIым хамыщIыкIыххэу къыдощтэри, ар уэ щхьэусыгъуэ пхуэхъун уи гугъэрэ щIэныгъэлIхэр уи щIыбагъым дэбгъэувэу, уэ цIыхухэм япэ уилъадэу щIэныгъэншэу унафэ пщIыуэ удэтыну?!
Зэми жаIэнщ: «КъекIуэкIым хащIыкIхэми, пэжыр жаIэкъым, пэжыр ябзыщI!». Ауэ ари тегъэщIапIэ ещIэкъуауэхэм ящыщщ. ЩIэныгъэлIыр щIэщIэныгъэлIыр зэхихар занщIэу утыкум къримылъхьэу, зэпэшэчауэ Iуэхум зэрыбгъэдыхьэращ.
Пэж дапщэ щыIэ иджыпсту утыкум къиплъхьэну имычэзууэ?! Пэж дапщэ щыIэ иджыпсту утыкум къиплъхьэмэ, фитнэшэхуэ къикIыну, зэран нэхъыби къишэну?! Пэж дапщэ щыIэ утыкум къиплъхьэмэ пцIыуэ къыщIрагъэдзу, хэутэн ящIыну?!
Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم Кэгьбэм емыIусэу зэрыщытым хуэдэу къыщIигъэнар а щхэусыгъуэращ. Гьумэр ибн Гьэбдил-Гьэзизи нэгъуэщ1 щ1эныгъэл1хэми رحمهم الله я хъыбархэми IупщIу къахощ а гупсысэр.
ЦIыхум ухуэпсэлъэну щхьэусыгъуэ Iэджи зыхуэпщIыжурэ ухуэпсэлъэфынущ, ауэ дэтхэнэ «сымаджэми» зыхуейр жиIэу, зыхуейр хиутэу, зыхуейм зыхуейр фIищу щIыдэдгъэтын щыIэкъым, атIэ щхьэж и увыпIэр ищIэжу, икIи Iуэхур абы нэсмэ, зыкъедгъэщIэжу дыщытын хуейщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Хьэкъыу тпхырыкIын хуейщ щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэм пщIэ яхуэдмыщIмэ дэри езым зэи пщIэ дызэримыIэнур, ди дин Iуэхуи, ди дуней Iуэхуи зэрымыкIуэтэнур.
Гъуазэу уи япэ итыр, уэздыгъэ иIыгъыу кIыфIыгъэм укIуэцIырызышыр дауэ зэрыхэбутэнур? Ар хэбутэмэ хэт уи япэ иувэнур? ЩIэныгъэншэхэращ уи япэ иувэнур. Ахэр уи япэ иувамэ езыхэри унэхъуауэ, уэри уунэхъуауэ аращ!
Алыхьым дыкъихъумэ, сыт хуэдэ фитнэми дащихъумэ! Ди хъейр зыхэлъым ди Iэр Алыхьым тыригъахуэ, диIэ фIыр Алыхьым тхуихъумэ, берычэтри Алыхьым къыхилъхьэ!