Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщIым и купщIэр

ФIыгъуэм я нэхъ инымкIэ, иманым и фIыгъуэмкIэ, къызэрытхуэупсамкIэ, мазэми я нэхъ лъапIэм дызэрыхигъэубыдамкIэ Аллаху Тэгьалам фIыщIэ худощI икIи долъэIу и фIыгъуэ псори къыдигъэхъулIэну!

Мы мазэ лъапIэм хэт и ажалыр япэ ищри хиубыдакъым, ауэ и псэр пыт пэтрэ, мы мазэ лъапIэми хэт пэтрэ, мыр хъеркIэ, псапэкIэ къэзымыгъэсэбэпри, мыбы химыубыда хуэдэщ. 

Муслъымэн жэмыхьэт! Дуней гъащIэр зы щытыкIэм зэикI иткъым, атIэ зэхъуэкIыныгъэ защIэкIэ зэхэлъщ. ФIыкIэ зызымыхъуэжым IейкIэ зехъуэж, лъагапIэ-къабзапIэм хущIэмыкъур лъахъшапIэ-фIей зэхуэсыпIэм хущIокъу.

ФIы и лъэныкъуэкIэ зыпхъуэжын мурад уиIэ къудеймэ, иджыпсту дызэрыт мазэм хуэдэ бгъуэтыжынукъым. Уеблэмэ, иджыпсту хуэдэ зэманыфIым хьэл дахэ гуэр цIыхум зэхимылъхьэфмэ, хьэл Iей гуэри зэхимыныфмэ, дапщэщ ахэр абы къыщехъулIэнур?!

Диныр езыр хьэл защIэкIэ зэхэлъщ. Зы хьэлыфI зэхэплъхьэху зы хьэл Iеи зэхэбныху уи диныр нэхъ нэгъэса, уи муслъымэнагъри нэхъ ирикъуа хъунущ.

Ерыскъыр зэрыугуэшам хуэдэу, хьэлщэнхэри гуэшащ. ФIыуэ илъагъуми жагъуэу илъагъуми Аллаху Тэгьалам дунеягъэм щыщ ярет, ауэ диныр зыритыр фIыуэ илъагъухэм я закъуэщ. Динри Алыхьым къуитауэ щыпхужыIэнур, абы хуэфэщэж хьэлыр щыпхэлъым и дежщ.

Уеблэмэ хьэл дахэхэр тхэмылъмэ, хэл Iейхэр зэхэдмынмэ нэмэз тщIыми, нэщI тIыгъми, адрей гьибадэт длэжьхэми къарыкIышхуэ щыIэкъым. Ахэр купщIэншэу длэжьу аращ.

Абу Хурейрэ رضي الله عنه къеIуэтэж: Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم еупщIахэт: — Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ! Мыпхуэдэу зы цIыхубз щыIэщ, жэщкIэ нэмэз ищIу, махуэми нэщI ису, ауэ бзэгу Iей иIэу, и гъунэгъухэм и зэран екIыу. «Хъерыншэщ ар, — жиIащ صلى الله عليه وسلم, — Жэхьэнэмэр и натIэ хъунущ абы». – НтIэ мыпхуэдэ цIыхубз щыIэщ, и фарз нэмэзыр ищIу, Рэмэданыр къинэщIу, кхъуей тIэкIу нэх мыхъумэ нэгъуэщIкIэ сэдэкъэ имыту, нэгъуэщI зыгуэри имыщIэу, ауэ зыми зэран хуэмыхъуу?!. «Абы Жэнэтыр и натIэщ», — жиIащ صلى الله عليه وسلم. (Ахьмэд, Хьаким).

Жэхьэнэмэр и натIэ хъунущ апхуэдэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фарзу хэлъын хуейр, хьэрэму зэхинын хуейр къигъанэри, псапэ лейхэм елIэлIащ. Абы ещхьщ, мылъку къэзыдыгъуу, абыкIэ сэдэкъэ зыту дэтыр.

А Абу Хурейрэ дыдэм رضي الله عنه къеIуэтэж Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم къеупщIауэ щэхьабэхэм: «ТхьэмыщкIэр хэтми фщIэрэ фэ?», — жиIэри. – ТхьэмыщкIэу дэ дыбжыр ахъшэншэ, хьэпшыпыншэращ, — жаIащ щэхьабэхэм. «Си Iуммэтым щыщу тхьэмыщкIэр ар – нэмэзи ищIауэ, нэщIи исауэ, сэджыти итауэ Къемэт махуэм екIуэлIэжынуращ, ауэ зым псалъэ фIей ирипэсауэ, адрейм и щIыхькIэ хуэпсэлъауэ, модрейм и мылъкур ишхауэ, модреижым и лъыр игъэжауэ, нэгъуэщIым удын тыридзауэ. Абы ипкъ иткIэ, и псапэхэм хахыурэ мобыхэм иратынущ, и щIыхуэр темыкIыурэ и псапэхэр иухмэ, мобыхым я гуэныхьым щыщ къытрахынурэ мыбы къытрадзэнущ, абы иужькIэ МафIэм хадзэнущ». (Муслим).

НэщI тIыгъым нэхъ теухуауэ къакIуэ хьэдисхэм ящыщщ мыр: «ПцIы зыхэлъ жыIэнымрэ, пцIы зыхэлъ щIэнымрэ къэзымыгъанэм и ешхэн-ефэныр къызэригъанэм Алыхьыр хуэныкъуэкъым». (Бухъарий, Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! НэщI мазэр «бэшэчагъым» и мазэщ, жаIэ. ЦIыхум зыхуегъэшэчыфри махуэ псор мышхэу ирехьэкIыф, ауэ и жьэм емыкIу жиримыгъэIэну хуэшэчкъым.

Ар насыпыншагъэщ. Уи Iэм илэжьар уи жьэм икъутэжу, зы лъэныкъуэм ибгъахъуэр, адрей лъэныкъуэмкIэ ижыжу, зы щIыпIэ ухабжэ уигугъэурэ зыми ущымымыщу укъыщIидзыжыныр.

Ныбэр зэрынэщIым хуэдэу, ди жьэхэри нэщIын хуейщ. Абы фIэIэбыкIыжи ди нэхэри, ди тхьэкIумэхэри, ди Iэпкълъэпкъ псори.

Шхын хьэлэлыр ди кIуэцIым едгъэхыну къытхуэзымыдэ Тхьэшхуэм, къытхуидэн фигугъэ хьэрэм гуэр ди жьэм жиIэну, ди нэм илъагъуну, ди тхьэкIумэм зэхихыну?!

ФIы къыдэхъулIэнуми, Iейм щыхъума дыхъунуми ипэжыпIэкIэ зэлъытэпар ди Тхьэ лъапIэм и унафэращи: и арэзыныгъэр къыдигъэлэжьыну, и нэфIри къытщыхуэну, цIыхуфIхэми дахибжэну долъэIу!