ФIыщIэ нэгъэсар Алыхьращ зыхуэфащэри, фIыщIэ Абы худощI, зыкъытщIигъэкъуэнуи долъэIу, къытхуигъэгъунуи зыхудогъазэ, тоби къыдохьыж.
Псэм Iей дигъэщIэну, тщIа Iейхэми нэхъ Iеиж дагъэщIэну дыкъыхураджэри, абыхэм псоми дащихъумэну Аллаху Тэгьалам долъэIу.
Муслъымэн жэмыхьэт! Зэманыр аргуэру зэ къекIэрэхъуэкIри, зи махуэр кIыхьу, зи жэщыр кIэщI гъэмахуэм дыхыхьащ.
Зыгуэр къызыфIэIуэху адэ-анэхэм иджыпсту гукъеуэ нэхъыщхьэу яIэр Iуэхуншэ хъуа я сабийхэр хьэулейуэ уэрамым дэмыту, я зэманыр зы сэбэпынагъ гуэр пылъу къагъэсэбэпынращ.
Зы щIыпIи пхуэмыхьыжыну пэжхэм ящыщщ: цIыхур и хьэлкIи, и гупсысэкIэкIи и нэгъуэщIкIи нэхъыбэ дыдэу зэблэзышхэм ящыщщ Iуэхуншагъэр.
Iуэхуншагъэр Иблис нэлатым и Iэмэпсымэхэм ящыщщ; ар къегъэсэбэпри къоIущащэ, цIыхупсэм гъэпщкIуауэ хэлъ хьэл мыхъумыщIэхэр къегъэуш, Iэджэ делагъи цIыхум и гум къегъэкI.
Тутын ефэныр е наркотик зэрихьэлIэныр япэ дыдэу цIыхум къызыхихыр и Iуэхуншагъэращ, зэманыр губзыгъэу къызэригъэсэбэпын Iэмал зэримыщIэращ.
ЦIыхур, псом хуэмыдэу сабийр, щыIуэхуншэм деж тынш дыдэу хэти къегъэдаIуэф, зыхуейр ирагъэщIэф. ЩIэпхъэджагъэхэм я бжыгъэр гъэмахуэм зэрытехуэми ар нэрылъагъу пщещI.
Арамэ нэхъыжьхэр егъэлеяуэ сакъын хуейщ иджыпсту дызэрыхьа зэманым: сабийхэм я зэманыр зы хъейр гуэркIэ гъэнщIын хуейщ, армыхъумэ езыхэм зы хъерыншэ гуэркIэ къагъэсэбэпынущ.
Гьумэр ибн Iэл-ХъэтIтIаб رضي الله عنه-м жиIауэ къаIуэтэж: «Мы Iэхэм гуэныхькIэ уамыгъэулеин щхьэкIэ, псапэкIэ ахэр къэгъэсэбэпын хуейщ!».
Iуэхуншагъэ жытIэ щхьэкIэ, Iуэхуншэу зы зэмани екIуэкIкъым, атIэ фIы зымыщIэм Iей ещIэ, псапэ къэзымыхьым гуэныхь къехь. Аращ нэхъыбэу къэхъур.
Къапщтэмэ, муслъымэным «Iуэхуншагъэ» жыхуаIэр зиIысыр ищIэн хуейкъым. Дауэ ар абы зэрищIэнур КъэзыгъэщIам: «فَإِذَا فَرَغْتَ فَانصَبْ * وَإِلَى رَبّكَ فاَرْغَبْ» — «Уи Iуэхум укъыдэхуэмэ, (гьибадэт) Iуэхум зет; уи Тхьэм и дежкIи унэтI», — жиIауэ. (Iэш-Шэрхь, 7, 8).
Уи дуней Iуэхум укъыдэхуамэ, уи дин Iуэхум яужь ихьэ, уи дин Iуэхум укъыдэхуамэ уи дунейм Iуэхум яужь ихьэ; уи Iэпкълъэпкъыр зыхуей хуэзамэ, уи псэр зыхуей хуэгъазэ; уи щхьэ Iуэхур зэфIэкIамэ, уи унагъуэм я Iуэху, абы адэкIэ жылэ узыхэсым, Iуммэт узыщыщым я Iуэху зехуэ…
ЖеIэ Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه-м: «Си жагъуэ мэхъу цIыхур е дуней Iуэхум е Ахърэт Iуэхум хэмыту Iуэхуншэу дэту щыслъагъум деж!».
Зэманыр гъэпсын хуейщ. Умыгъэпсмэ мыхьэнэ имыIэу кIуэнущ. Нэхъыбэ дыдэу мыхьэнэ зэтын хуейхэм ящыщщ: ди Тхьэ лъапIэм и Тхылърыр.
Арамэ, мы зыгъэпсэхугъуэм и кIуэцIкIэ зэманыр гъэпсауэ: КъурIэн еджэкIэ зымыщIэм ар зэригъэщIамэ, зыщIэхэм я еджэкIэм нэхъри хагъэхъуамэ, гукIэ ящIэ сурэхэр нэхъри нэхъыбэж ящIамэ, ар фIыгъуэшхуэт.
Псом хуэмыдэжу КъурIэным и мазэр, нэщI мазэр бжэщхьэIум тетщ. Нобэ хабзэ зыхуэпщIыжыр пщэдеи къыпхуэнэнущ, армырауэ ухуэмыхьэзыру а мазэ лъапIэр къэсмэ, зыхуэбгъэхьэзырурэ икIынкIэ хъунущ.
Абы адэкIэ, гъэ еджэгъуэм деджэну ди нэ къыхуикIыу, ауэ зэманкIэ дыкъимыкIыу тхылътелъхьэпIэм къытенауэ тхылъ диIэу къыщIэкIынщ дэтхэнэ зыми. НтIэ иджыпсту абы и зэманыфIщ.
Апхуэдэу гъэтIылъауэ димыIэми, къалэн зыщытщIыжу, зэманри дгъэпсу тхылъ зыбжанэ гъэмахуэм и кIуэцIкIэ щIэдджыкIыныр, зэманыр зэрыдгъэкIуэнум я зы нэхъыфIщ.
КъинэмыщIауи, макъкIэ уедаIуэ хъуну еджахэм я дерс куэд щыIэщи, зэманыр бгъэпсу абыхэм уедэIуэныр Iуэху дахэщ.
Абы адэкIэ иджыпсту дызэрыт зэманыр дэри, сабийхэми къызэрыдгъэсэбэпынум я нэхъыфIхэм ящыщщ: ди Iыхьлыхэм, ди благъэхэм дащIэупщIэныр, псом хуэмыдэжу куэдрэ дымылъагъуфхэм, нэхъ жыжьэу псэухэм.
НэгъуэщIуи, унагъуэм и кIуэцIкIэ Iэджэ Iуэху щхьэпи пхуэлэжьынущ, зэманри сэбэпынагъ хэлъу, сабийхэм загъэпсэхуу пхуэгъэкIуэнущ, ауэ ахэр псори гъэпсын хуейщ, армырамэ зэманыр кIуэдынущ.
Сытми, ди диныр пэж дыдэу къытфIэIуэхумэ, ди сабийхэми я къэкIуэнум ди фIэщу дегупсысмэ, Iэмалхэр куэдщ.
ФIыкIэ, хъеркIэ, псапэкIэ мы мазэхэр езыхьэкIыу, абы щыгуфIыкIыжын муслъымэн Алыхьым дищI! Iуэхум я нэхъыфI дыдэм хэту Тхьэшхуэм и пащхьэ ихьэжын муслъымэн Алыхьым дищI!