Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ПцIы упсыныр

 

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، إله الأولين والآخرين.

وأشهد أن محمداً عبده ورسوله الصادق الأمين، صلى الله عليه وعلى آله وأصحابه الطيبين الطاهرين، وعلى أزواجه أمهات المؤمنين، وعلى كل من تبعه بإحسان إلى يوم الدين، وسلّم تسليماً كثيراً، أما بعد

ФIыщIэр зыхуафащэр Алыхьу дунейхэм я тхьэрщ;  лажьэ зыхуэфащэри лейзехьэхэм я закъуэщ. Щыхьэт дытохъуэ Алыхьым и закъуэныгъэм, япэрейхэми иужьрейхэми Ар я Тхьэщ. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд, цIыху пэжыр, Алыхьым и лIыкIуэу икIи и пщылIыу зэрыщытым.

Муслъымэн жэмыхьэт! Езыри мыхъумыщIэу, мыхъумыщIагъэшхуи къыдэкIуэу, ар зыхэлъми дунеягъэкIи ахърэткIи напэтехыр къыпэплъэу щыIэщ зы хьэл мыхъумыщIэ – ар пцIыупсын хьэлращ.

КъурIэным и кIуэцIкIэ аяту къыщыкIуэм ущIэмыупщIэ пцIы упсыныр игъэхьэрэму, пцIыупсхэр егъэлеяуэ игъэшынэу, игъащтэу, игъэгужьеуэ.

Езы عليه الصلاة والسلام-ыми сыт жиIэр: «ПцIым мыхъумыщIагъэ щIэным ухуешэ, мыхъумыщIагъэми Жэхьэнэмэ мафIэм ухуешэ. ЦIыхури, пцIы иупсурэ, Алыхьым и деж пцIыупсу щатх». (Бухъарий, Муслим).

Мунафикъыр къызэрацIыху хьэлхэм ягугъу щищIым, япэ дыдэ къыхигъэщари а пцIы упсынращ عليه الصلاة والسلام. Апхуэдэм, жиIащ абы, мунафикъыгъэ елэжь, нэщI иIыгъми, нэмэз ищIми, муслъымэну зыкъыщыхъужми.

ПцIыуэ щыIэм я нэхъ Iейри, я нэхъ шынагъуэри: Алыхьымрэ, Алыхьым и лIыкIуэмрэ пцIы ятеплъхьэнращ. «Алыхьым пцIы те­зылъхьэу щытахэр уэ Къемэт махуэм плъагъунущ я нэкIухэр уфIыцIауэ», — къыщокIуэ КъурIэн лъапIэм. (Iэз-Зумэр, 60).

ЛIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم жеIэ: «Сэ пцIы къыстеплъхьэныр нэгъуэщIым пцIы теплъхьэным хуэдэкъым. Хуейуэ сэ пцIы къыстезылъхьэм зыхурегъэхьэзыр Жэхьэнэмэ мафIэм тIысыпIэ щыхуэхъунум. (Муслим).

Арамэ зырегупсысыж Iуэхум и пэжыпIэ дыдэр ямыщIэ пэтрэ: «мыр хьэлэлщ, мор хьэрэмщ», мыр «суннэтщ, модрейр бидгьэщ», жызыIэу дэтхэр.

Алыхьымрэ, Алыхьым и лIыкIуэмрэ пцIы ятеплъхьэным зыгуэркIэ щыщщ: щIэныгъэлIхэми пцIы ятеплъхьэныр, жамыIа гуэр къепхьэкIыныр. Ар абы щыщщ; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Алыхьым и диныр дэ тхузэпкърызыхыжыр, Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къыщIэна щIэинри зи IэмыщIэ илъыр щIэныгъэлIхэращ.

ПцIым я нэхъ Iейхэм ящыщщ: хьэрэм гуэр блэжьын е уи къалэн гуэр умыгъэзэщIэн папщIэ пцIы бупсыныр. Мы хьэдисым къыхощ абыхэм ящыщ зы щапхъэ: «ТхьэрыIуэкIэ и къуэш муслъымэн и мылъкум щыщ къыпызычар, Алыхьыр къыхуэгубжьауэ IущIэжынущ». (Муслим). 

ПцIым я нэхъ Iейхэм ящыщщ: пщIыхьэпIэм теухуауэ пцIы бупсыныр, умылъэгъуа гуэр плъэгъуа хуэдэу пIуэтэжыныр; сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, муслъымэным и пщIыхьэпIэр, зыгуэркIэ бегъымбарыгъэм щыщщ. Абы удэджэгу хъунукъым.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام: «ПщIыхьэпIэкIэ имылъэгъуар илъэгъуа хуэдэу зыIуатэм (Къемэт махуэм абы и гьэзабу) хьэдзитI зэридзэну и пщэ къыдалъхьэнущ, ауэ ар абы хузэфIэкIынукъым». (Бухъарий).

Мыри жеIэ عليه الصلاة والسلام: «ПцIыуэ щыIэм я нэхъ пцIым ящыщщ: и нитIым ямылъэгъуар ялъэгъуа хуэдэу цIыхум иIуэтэныр». (Бухъарий).

ЦIыхум зэхихыу хъуар иIуэтэжмэ, хуейми-хуэмейми пцIы IэщIэкIынущ. ЖеIэ صلى الله عليه وسلم-эм: «Зэхихыу хъуар зыIуэтэжым –  хурикъунщ ар пцIыуэ». (Муслим).

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Ину дыкъэзыгъэщIам дыщывгъэшыни, дызыщигъэшынам пэжыжьэ зыхуэдвгъэщI! Дыщывгъэшынэ Алыхьым и губжьым, и нэлатым, и тезырым, и гьэзабым!

Дыщывгъэт пэжу, дытевгъэт пэжым, даривгъэгъусэ цIыху пэжхэм! Аращ фIэфIыр ди Тхьэм, аращ дыкъезыгъэлынур, аращ дезыгъэфIэкIуэнур! ЖеIэ Алыхь Иным:

“يَا أَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا اتَّقُوا اللَّهَ وَكُونُوا مَعَ الصَّادِقِينَ” «Уэ зи фIэщ хъуахэ! Алыхьым фыщышыни, цIыху пэжхэм фаригъусэ!». (Iэт-Тэубэ, II9). 

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI. Зи псалъэкIи, зи IуэхущIафэкIи, зи фIэщхъуныгъэкIи пэжу Алыхьым бгъэдэтын цIыху куэду Алыхьым къытхигъэкI!