Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Уэшхыр

Муслъымэн жэмыхьэт! Аллаху Тэгьалам и зэфIэкIым и инагъыр, къигъэщIахэм къахуищIэм и куэдагъыр гъащIэм дэнэ дежи къыщыхощ. 

Мы уафэм и инагъыр, абы хэт вагъуэхэм я абрагъуагъыр, дыгъэм, мазэм я инагъымрэ я дахагъымрэ… Ахэм псоми къагъэлъагъуэ, ахэр къэзыгъэщIыжа Алыхь Иным и инагъым, и дахагъым гъунапкъэ зэримыIэр. 

МыдэкIэ щIылъэм тетхэр щэ?! Къуршышхуэхэр, къуэшхуэхэр, тенджызышхуэхэр, псы ежэххэр. Абы адэкIэ къэкIыгъэрэ псэущхьэу щIым тетхэр, псым хэсхэр… Субхьанэллах, Алыхьым и къарур сыту ин?! 

Алыхь Иным и къарур къэзыгъэлъагъуэ, и нигьмэтри къыхэзыгъэщ къэхъукъащIэхэм ящыщщ: мы уэшх къытхуешххэри. 

Мы дунейм нэхъ дахэ дыдэу къыщекIуэкI къэхъукъащIэхэм ящыщщ: уэшхым и къешхыныр, абы и къешхыкIэр. Псом хуэмыдэжу ар дахащэ мэхъу цIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр абы куэдрэ щыхуэныкъуам и деж. 

Жьым пшэр къихьрэ пшэхэр зэгухьэу. УафэхъуэпскIыр пшэхэм къахэлыдыкIыу, уафэгъуагъуэри къахэIукIыу. Ар теплъэгъуэ дахэщ. 

КъыщокIуэ КъурIэн лъапIэм: «Езыращ (Алыхьращ) шынагъуэу икIи гугъапIэу уафэхъуэпскIыр фэзыгъэлъагъур. Езыращ пшэ хьэлъэхэри къэзыгъэхъур. Уафэгъуагъуэм Ар егъэлъапIэ щытхъукIэ, мелыIычхэм ягъэлъапIэ фIэлIыкIыурэ. Абы щыблэр къеутIыпщри зыхуейм трегъахуэ…». (Iэр-Рэгьд, 12,13). 

А псом къагъэлъагъуэ Алыхь Иным и закъуагъыр, Абы нэмыщIи тхьэ зэрыщымыIэр, нэгъуэщIым ухуэлажьи, ухуэпщылIи зэрымыхъунур. 

КъурIэн лъапIэм и пэублэ напэхэм дэ дыкъыщоджэ мы аятым: «ЩIыр псэупIэ фхуищIащ, уафэри къыщхьэщыту. Уэшх кърегъэшхри, фызэрыпсэуну шхыныгъуэхэр къегъэкI. Алыхьым зыри хуэвмыгъадэ, зэризакъуэр щыфщIэкIэ». (Iэл-Бэкъэрэ, 22). 

ЦIыхум ишхыу хъуар къызыхэкIыжри а псыращ, а уэшхращ; щIым псэ, Алыхь IэмыркIэ,  къыхэзылъхьэжри а псыращ, а уэшхращ. Уэшхыр къыригъэшхыурэ, щIым псэ къызэрыхилъхьэжым хуэдэ дыдэу, Алыхь Инми цIыхухэр къигъэщIыжынущ, псэ къахилъхьэжынущ. Мор зыхузэфIэкIым мыдрейри хузэфIэкIынущ. 

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и Суннэм дыхэплъэжмэ, уэшхым и Iуэхур куэдрэ къыхощ. Псалъэм папщIэ, щIыпIэ куэдым и деж дугьэ عليه الصلاة والسلام ищIауэ къыщокIуэ Алыхь Иныр уэшхкIэ къахуэупсэну. 

Мис абыхэм я щапхъэ: «Я, Аллаh, къытхуегъэшх уэшх: щIэгъэкъуэн тхуэхъуу, тхуэгуапэу, пэрыхьэту, сэбэпу, мызэрану; ари щIэхыу, мыгувэу». (Абу Дауд). «Я, Аллаh, Уи пщылIхэмрэ уи Iэщхэмрэ я псыхуэлIэр игъэкI. Зегъэубгъу Уи гущIэгъум. Псэншэ хъуа щIыналъэми псэ къыхэлъхьэж. (Абу Дауд). 

Жьы къыкъуэумэ гузавэу, абы иужькIэ уэшх къешхыжмэ гузэвэгъуэр щхьэщыкIыу щытащ عليه الصلاة والسلام-ым. (Муслим). 

Уэшхым и япэ къешхыгъуэм и деж хыхьэрэ и щIыфэм къытригъашхэу щытащ Бегъымбам лъапIэм صلى الله عليه وسلم. Абы и щхьэусыгъуэри къыджиIэжащ: «Ар (уэшхыр) и Тхьэм къызэрыбгъэдэкIрэ куэд щIакъым». (Муслим). 

КъинэмыщIауи, хьэдисхэм къазэрыхэщымкIэ, уэшх къешхыгъуэр дугьэр Алыхьым щыпIих зэманхэм ящыщщ. (Iэл-Хьаким). 

Уэшхым цIыхухэм, псэущхьэхэм гузэвэгъуэ къахуимыхьын папщIэ мыхэр жиIэурэ лъаIуэу щытащ лIыкIуэ лъапIэр صلى الله عليه وسلم: «Я, Аллаh, тщхьэщыгъэкIи ихъуреягъкIэ гъакIуэ; Я, Аллаh, гъакIуэ джабэхэм, бгы нэпкъхэм, псы бэкъухэм, жыг къыщыкIхэм». (Бухъарий, Муслим). 

Мис а хабзэ дахэхэр, а дугьэ лъапIэхэр ди бзэгум телъу, ди гъащIэм къыхэщу дыщытын хуейщ. Ахэр зыхэтлъхьэн папщIэщ عليه الصلاة والسلام ахэр щIыдигъэлъэгъуари, щIызэхыдигъэхари. 

КъинэмыщIауи, мы дунейм къыщыхъухэр ауэ хабзэ къызэрыгуэкIыу блэдгъэкI хъунукъым, атIэ сыт хуэдэ къэхъукъащIэми Алыхьыр дигу къигъэкIыу, дызыхуэкIуэжыну Ахърэтым дыригъэгупсысу, ди IуэхущIафэ дахэхэр нэхъыбэ тщIыным дыкъыхуриджэу щытын хуейщ. Ахэр зэхъулIэн жэмыхьэти Алыхьым дищI!