Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Укъэмыгубжь

 

(الْحَمْدُ لِلَّهِ الَّذِي لَهُ مَا فِي السَّمَاوَاتِ وَمَا فِي الْأَرْضِ وَلَهُ الْحَمْدُ فِي الْآخِرَةِ وَهُوَ الْحَكِيمُ الْخَبِيرُ * يَعْلَمُ مَا يَلِجُ فِي الْأَرْضِ وَمَا يَخْرُجُ مِنْهَا وَمَا يَنْزِلُ مِنَ السَّمَاءِ وَمَا يَعْرُجُ فِيهَا وَهُوَ الرَّحِيمُ الْغَفُورُ)

وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له، جلَّ عن الشبيه وعن المثيل وعن النظير؛ وأشهد أن محمدا عبده ورسوله، صلى الله عليه وعلى آله وصحبه وسلم تسليماً كثيراً. أما بعد:

«Уафэхэри щIылъэри зыIэ­щIэлъ Алыхьыращ щытхъур зыхуэфащэр; ахърэтымкIи щытхъур зыхуэфащэр Езы­ращ. Ар Iущщ, псори зыщIэщ! Абы ещIэ щIым хыхьэри къыхэкIри; уафэм къехри дэкIуейри. Ар ГущIэгъущIщ, Гуэныхьгъэгъущ!». (СэбэI, 1-2).

Щыхьэт дытохъуэ Алыхь Иным и закъуэныгъэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэм صلى الله عليه وسلم и бегъымбарыгъэм.

Муслъымэн жэмыхьэт! Динми акъылми къыжьэдакъуэн хуейуэ цIыхум хьэл гуэр хэлъщ; ар зэтриухуэмэ цIыху сурэтым ар къонэ, зэтримыухуэмэ шейтIан сурэтым йоувэ.

Зи гугъу тщIыр губжьращ. Губжьыр цIыхум къытекIуэмэ жыжьэми гъунэгъуми зэран яхуэхъуфынущ, псори бэлыхь хидзэфынущ, нэщIэбжьэ куэди къигъэхъуфынущ.

Губжьым фIы къыдэкIуэм нэхърэ, Iей къыздихьыр зэрынэхъыбэм папщIэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم «Укъэмыгубжь!», — жеIэри зыкъытхуегъазэ дэтхэнэ зыми. (Бухъарий).

ДауикI къэмыгубжьыххэу и гъащIэр ирихьэкIыну цIыхум хулъэкIынукъым, атIэ عليه الصلاة والسلام-ым дыкъызыхуриджэр, губжьым къыпкърыкI Iэужь Iейхэм защытыхъумэныр, губжьымкIэ гуэныхь димыгъэлэжьыныр аращ.

ЦIыхум губжьыр къыщытекIуэм и деж и псэлъэкIэми, и IуэхущIэкIэми захъуэж. А зыхъуэжыныгъэри шейтIаным IэкIуэу къегъэсэбэпри, цIыхум и IумпIэр иIыгъыу зыхуей дыдэмкIэ ешэ, зыхуей дыдэри жрегъэIэ, зыхуей дыдэри ирегъащIэ.

Абы тетуи цIыхум псалъэ фIей къыжьэдокI, и макъми лейуэ зрегъэIэт, абы фIоIэбыкIыжри Iуэхур удыным нэсынкIэ мэхъу, и Iэр зылъыIэсыр икъутэу мэхъу, уеблэмэ губжьыр къытекIуапэу лъы игъэжэнкIэ е езым Iэ зытрилъхьэжынкIи мэхъу.

Ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ абыхэмкIэ цIыхум лIыгъэкъым къигъэлъагъуэр, атIэ акъылыншагъэщ икIи хьэлыншагъэщ.

ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-м: «Къару зыбгъэдэлъыр зэбэныр екIуу тезыдзэфракъым, атIэ къару зыбгъэдэлъыр губжьым деж зызыIыгъыжыфращ». (Бухъарий, Муслим).

Губжьым деж цIыхум зиIыгъыжыфмэ Iэджэ мыхъумыщIэми и бжэр игъэбыда хъунущ, Iэджэ насыпыншагъэми я гъуэгур зэхуищIа хъунущ. ШейтIанри къыбгъэдэмыхьэфу зигъэбыдэжа хъунущ.

Муслъымэн жэмыхьэт! УкъыщIэгубжьыни хэмылъу, ауэ нэхъ мыхьэнэншэхэм щхьэкIэ къэгубжьыр езыр цIыху мыхьэнэншэщ.

«Шхыныр и чэзум хьэзыркъым» жиIэнщи, и фызым щIэгубжьэнщ, «сызэроджэу укъэкIуакъым» жиIэнщи, быным щыхьэнщ, светофорыр къызэрыблэжу ежьакъым жиIэнщи, япэ ит машынэм тешхыхьынщ. Мис апхуэдэщи губжь защIэу и гъащIэр зэхэлъщ.

Уеблэмэ апхуэдэм и губжьыр Алыхьым и унэми къыщыздихьыр мащIэкъым, мэжджытым щIэсхэми щалъыIэси къохъу, зыхуэфащэми зыхуэмыфащэми ящохьэ. Абы фIоIэбыкIыжри и нэмэзым губжьауэ тоувэ. Сыт хуэдэ нэмэз абы иужькIэ абы ищIынури?!

ЖеIэ Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله: «ЦIыхухэр Жэхьэнэмэм бжищкIэ йохьэхэ: зыр «шубхьэм» и бжэ; абыкIэ цIыхухэм шэч я диным къытрахьэж. Адрейр «шэхьуэтым» и бжэ; абыкIэ цIыхухэм я щхьэзыфIэфIыныгъэр Алыхьым и арэзыныгъэм япэ ирагъэщ. Ещанэр губжьым и бжэ; абыкIэ цIыхухэм зыр зым лей ирахыж».

Муджахид رحمه الله жеIэ: «Иблис нэлатым жиIащ: -Сыт теухуауэ цIыхур къыспэлъэщми мыбыхэм теухуауэ къыспэлъэщынукъым: зыр чэф хъуаращи, ар къыдоубыдри дызыхуей дыдэмкIэ дошэ, дызыхуей дыдэри идогъащIэ; адрейр къэгубжьаращи, абы имыщIэ жыдогъэIэ, зыхущIегъуэжын идогъащIэ».

Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэ ди лъэпкъыр зыхэт тхьэмыщкIагъэм куэдкIэ щхьэусыгъуэ хуохъу губжькIэ Iуэхум дызэпэрылъадэр, губжькIэ Iуэхур зэрызэфIэтхыр.

Укъэзыгъэгубжьыну утыкум Iуэху Iэджи илъщ. Абы шэч зыми къытрихьэкъым. Ауэ укъэгубжьу ущIэпхъуэкIэ а утыкум илъыр икIынукъым, атIэ нэхъри нэхъ Iеижу зэхэлъэхъа хъунущ. Зы мыхъумыщIэр Iузох жыпIэурэ, а зы ипIэ бгъу къибгъэувэнущ.

ДывмыгъэпIащIэ! ГубжькIэ Iуэхум дыпэрывмыгъэхьэ! Пщэдей дызыхущIегъуэжын нобэ дывмыгъащIэ! Алыхьыр арэзы дощI жытIэурэ, шейтIаныр зыгъэгуфIэн дывмыгъэлэжь! Алыхьым ахэр къыдигъэхъулIэ!