Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Псапэ къэкIуапIэхэр

إليه وأستغفره، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له القدوسُ السلام، وأشهد أن نبيَّنا وسيدَنا محمدًا عبدُه ورسولُه المبعوثُ بالهُدى ودين الحقِّ، فمحَا الله به الشرك والضلال، اللهم صلِّ وسلِّم وبارِك على عبدك ورسولِك محمدٍ، وعلى آله وصحبه الكرام.   أما بعد:

Лъагагъэри, лъапIагъэри зиIэ, зи тепщэныгъэм бгъэдыхьэпIэ имыIэ, зи къарум тегушхуэн щымыIэ Алыхь Иным фIыщIэр худощI, ди тобэхэри бгъэдыдолъхьэ, ди гуэныхьхэри къытхуигъэгъуну дыщогугъ!

Алыхь ЛъапIэм, мамырыгъэр къызыбгъэдэкIым и закъуэныгъэм щыхьэт дытохъуэ; дин пэжымкIэ иужьу къагъэкIуэжа Мухьэммэд лъапIэми и бегъымбарыгъэм щыхьэт дытохъуэ!

Муслъымэн жэмыхьэт! Алыхь Иным дыщывгъэшыни, пщэдей дыкъызэрелыну Iэмалхэм дытевгъэлажьэ, ди псапэхэр зэрыдгъэбэгъуэным ди фIэщу девгъэгупысыс!

Пщэдей къыдэмыупщIыж ипэкIэ, нобэ дэ езыр дызэвгъэупщIыж; ди дуней Iуэхур ныкъуэ хъуа щхьэкIэ ди гур ныкъуэ дывмыгъэщI, ауэ ди дин Iуэхур лъэныкъуабэ хъумэ, мис итIанэ ди гур хырырещI!

Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и дугьэ щыкIэхэм ящыщу щытащ мыр:

“اللهم لا تجعَل مُصيبَتَنا في ديننا، ولا تجعَل الدنيا أكبرَ همِّنا…”.

«Я-Алыхь, ди дин IуэхукIэ гузэвэгъуэ къыдомыт, дунеягъэри ди гукъеуэ нэхъыщхьэ тхуомыщI…». (Тирмизий).

 

НэгъуэщI хьэдисми мыр къыщокIуэ: «Ахърэт Iуэхур зи гукъеуэ нэхъыщхьэм и гупсысэр зэкIэщIэмыжу Алыхьым ищIынущ, къулеягъэри и гум къырилъхьэнущ, езы дунеижьри хуэмыхъуурэ къыхуэкIуэнущ, ауэ дунеягъэ Iуэхур зи гукъеуэ нэхъыщхьэм тхьэмыщкIагъэр и нитI зэхуакум дэту Алыхьым ищIынущ, и гупсысэри зэкIэщIихунущ, и натIэм къратхам фIэкIаи дунеягъэм щыщу къылъысынукъым». (Ахьмэд, Тирмизий). 

Арамэ, псапэ къызыпыкIыну зы Iэмали къэбгъанэ хъунукъым, а нэхъ Iуэху цIыкIури мыхьэнэншэу къыпщыхъу хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, уи къелынум щхьэусыгъуэ хуэхъуну Iуэхугъуэр пщIэкъым уэ.

Псапэм и къэкIуапIэхэр куэд мэхъу, Жэнэтми зы бжэкъым хэлъыр, фIы зыщIэну зи мурадми зэрищIэн игъуэтынущ. Языныкъуэ псапэхэр цIыхум и щхьэ Iуэху закъуэу щытщ, языныкъуэхэр нэгъуэщIхэми ялъоIэс. 

КъимыдэкIэ, цIыхухэр я хьэлкIэ, я зэфIэкIкIэ зэхуэдэкъыми, зым емыкIур адрейм йокIу, зым къытехьэлъэр адрейм фIэтыншщ.

Псалъэм папщIэ, псапэ нэмэз щIыныр зи фIэфI, тыншуи къызэхъулIэ щыIэщи, абы нэхъыфI игъуэтынкъым апхуэдэм. Нэмэзым КъурIэн еджэнри, зикр щIынри, дугьэкIэ Тхьэм зыхуэгъэзэнри, нэгъуэщI зыгуэрхэри хэтщ. 

Псапэ нэщIыр тыншу дэзыхыфхэри щыIэщи, псапэхэр ирибгъэбэгъуэну, уи гуэныхьхэри къырипхуэгъуну щыIэхэм ари ящыщ зыщ. 

КъурIэн еджэныр нэхъ зыфIэфI цIыху щыIэщи, Алыхьым и Псалъэм укъеджэу, зы хьэрф къэскIэ псапипщI къэпхьу ущысыныр – ари фIыгъуэшхуэщ. 

Зикр куэду жыIэныр, зэмылIэужьыгъуэ дугьэхэмкIэ Тхьэшхуэм зыхуэгъэзэныр хабзэ нэхъ зыхуэзыщIыжыфхэр щыIэщи, ари IуэхуфIхэм я нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къыхощ. 

ЩIэныгъэ Iуэхур къызэхъулIэ, еджэми зэджэр фIыуэ къызыгурыIуэ, цIыхухэми ар тыншу ягурызыгъэIуэжыф щыIэщи, апхуэдэм ищIэну щыIэм я нэхъыфIыр аращ. 

Щэн-щэхуэным хэт, мылъкуи къызыхэхъуэхэм ящIэнум я нэхъыфIыр мылъкукIэ муслъымэным я Iуэхум хэIэбэнращи, абыхэм я щхьэр къыщIагъэпцIэжын щыIэкъым. 

Мис апхуэдэщи, псапэ къэкIуапIэхэр куэд мэхъу. Зым емызэгъыр адрейм йозэгъ, уеблэмэ псори зэзэгъ цIыхухэри щыIэщ. Алыхьыр къызэрыпхуэупсэщ. 

Мыбыи гу лъытапхъэщ: уэ зы лъэныкъуэр нэхъ къохъулIэмэ, ар къызэмыхъулIэм нэ лейкIэ ущIеплъын щыIэкъым. АбыкIэ ар къыхэмыщми, нэгъуэщIкIэ къыхощ. 

КъинэмыщIауэ, сэ ар схузэфIэкIкъым жыпIэу, нэгъуэщI пхузэфIэкI гуэр къэбгъанэ хъунукъым.

Псалъэм папщIэ мэжджыт щIын хуейщ е щIа хьэзырым зыгуэр ехьэлIэн хуейщ: абы хэт мылъкукIэ хэлэжьыхьыфынущ, хэт и IэпкълъэпкъкIэ. Аращи, сэ иджыпсту мылъку збгъэдэлъкъым жыпIэу умытIысыжу, Iуэхум пхухэлъхьэнур хэлъхьэ. 

Псапэ къызэрытхьыну Iэмалхэр Алыхьым псынщIэ тщищI, къытщищIари къабылу Алыхьым тIих, Жэнэтым бжэуэ хэлъымкIэ къызэджэу, нэхъ лъагапIэ дыдэхэм драшеинухэм ящыщ Алыхьым дищI!