Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зэкъуэшхэр зэфIэзыгъэкIуэдыр-4

الحمد لله، الحمد لله المُنزَّه عن كلِّ نقصٍ وآفةٍ وعيبٍ، أحمده -سبحانه- وأشكرُه وهو للحمدِ أهلٌ، وأشهد أن لا إله إلا الله وحده لا شريك له عالمُ الشهادة والغيب، وأشهد أن سيدَنا ونبيَّنا محمدًا عبدُه ورسولُه، بلَّغ الرسالة، وأدَّى الأمانة، وجاهدَ في الله حتى علاهُ الشَّيْب، صلَّى الله عليه وعلى آله وصحبه صلاةً دائمةً تحِلُّ بها الشفاعةُ بلا رَيب.  أما بعد:

ФIыщIэр Алыхьым ейщ. ФIыщIэр Алыхьу сыт хуэдэ ныкъусаныгъэми хэIэтыкIам ейщ. ФIыщIэ Абы худощI, фIыщIэ хуэфащэщи.

Щыхьэ дытохъуэ щэхури нахуэри зыщIэ Алыхь иным и закъуэныгъэм. Щыхьэт дытохъуэ Мухьэммэд лъапIэми и бегъымбарыгъэм…

Муслъымэн жэмыхьэт! ХъутIбэм и пэублэм зи ахърэтыр нэху хъуну Фудейл къыджиIэм девгъэдаIуэт: «Бегъымбархэм, цIыху пэжхэм, шэхьидхэм, цIыхуфIхэм уаригъусэу Жэнэтым и Фирдэусым ущыпсэуну, Алыхьым и гъунэгъуу ущыIэну ухуейщ, ауэ сыткIэ къэблэжьа уэ ар?…».

«Сыт хуэдэ лэжьыгъэ абы щхьа блэжьар? Узэхъуэпсауэ сыт абы щхьа къэбгъэнар? Сыт хуэдэ губжь абы щхьа епкъухар? Абы и хьэтыркIэ благъагъэр пхъума?  Сыт хуэдэ щыуагъэ абы щхьа уи къуэшым хуэбгъэгъуар?…». (Мэугьижьэтул-МуIминин», нап.I27). 

Пэж дыдэу Алыхьым и хьэтыркIэ, Алыхьым папщIэ къабзэу, фэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу, гугъи шыни хэмылъу сыт хуэдиз лэжьыгъэ блэжьа?

ТIыси зэупщIыж а упщIэхэмкIэ икIи жэуапри уи щхьэ етыж! А упщIэхэм я жэуапым зыри хуейкъым, уэращ абы хуейр, уэращ абы хуэныкъуэжыр. Арамэ, уи щхьэр къомыгъэпцIэж.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыбы ипэкIэ хъутIбэ зыбжанэ дэ тедухуащ зэкъуэшыныгъэм и Iуэхум, къуэшхэр зэфIэзыгъэкIуэдым. Абы пытщэжын мурад диIэу аращ Фудейл и псалъэри къыщIэтхьар.

Фудейл رحمه الله  и псалъэхэм къахэщащ абыхэм ящыщ зы: къуэшым и щыуагъэр хуэбгъэгъуфыныр.

Щыуагъэр бгъэгъуфыныр е зэзэмызэ щыуагъэр умылъагъуха е зэхомыха хуэдэу зыпщIыфыныр губзыгъагъэм ящыщщ, зэкъуэшыныгъэр зэрахъумэ Iэмалхэм я нэхъыщхьэ дыдэхэми ящыщщ.

ЦIыхубзхэм нэхъыбэу Жэхьэнэмэ мафIэр къыщIалэжь щхьэусыгъуэхэм ящыщщ: щыуагъэр зэрамыгъэгъуфыр, цIыхухъум фIыуэ къыхуащIар зы щыуагъэ закъуэкIэ, ар иджыри щыуагъэу щытмэ, зэращыгъупщэжыр, фIыщIэ зэрамыщIыр.

Къуэшым апхуэдэу бгъэдэтми аращ и Iуэхур. Уи къуэш муслъымэныр гуфIэгъуэми, гузэвэгъуэми къыббгъэдэту екIуэкIыурэ зыгуэркIэ и Iуэху хуэмыкIуэу уи зы Iуэху гуэр къыримыхьэлIамэ, абыкIэ зэкъуэшыныгъэр щIэпкъутэжын, уи гуми Iей гуэр къыщIыхуэкIын щыIэкъым.

Уи гум Iей гуэр къыщIыхуэкIын щыIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а зы дакъикъэм къекIуэкIракъым зэхущытыкIэр зытещIыхьар, атIэ нэхъыбэу уи къуэш муслъымэным дэплъагъуращ.

— Мыпхуэдэр куэд щIауэ къыпщIэупщIакъым, уи унэ къихьакъым, — жаIэу Мэймун ибн Михран رحمه الله къыщыжраIэм: «ЦIыхум фIыуэ дыкъызэрилъагъур къэтщIа иужькIэ, куэдрэ дыкъимылъагъуми ягъэ кIынукъым»- жиIащ.

Армырауи хъунукъым. ЦIыхур щыуагъэншэ хъукъым. ЩымыхъукIэ абы хуэхьэзыру щыт. Армырамэ, уэ зэи къуэш пхуэгъэкъуэшынукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыуагъэ зыбгъэдэмылъ къуэш бгъуэтынукъым.

Муслъымэн жэмыхьэт! ИщхьэкIи къызэрыхэщауэ, зэкъуэшыныгъэр зэрахъумэ Iэмалхэм ящыщщ: щыуагъэр умылъэгъуа хуэдэу е зэхомыха хуэдэу зыпщIыфыныр. Ар хьэлым я нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ, уеблэмэ хьэл дахэхэм я «зиусхьэну» ар ябж.

Имам Ахьмэд رحمه الله еупщIахэт: — Акъылыр IыхьипщIу зэхэлъмэ, а пщIым щыщу бгъур «щыуагъэр умылъэгъуа хуэдэу зыпщIыфынращ» жеIэ зыгуэрым, уэ дауэ абы уеплърэ?- щыжаIэм: «ПщIым щыщу пщIыри а хьэлращ»-жиIащ Ахьмэд رحمة الله عليه.

«А хьэлымкIэ фи пщIэхэр нэхъ лъагэ фщIы», — жиIащ Джэгьфэр رحمه الله  . ИкIи пэж дыдэу цIыхум пашэ яхуэхъуфыр а хьэлыр зыхэлъращ. 

Щэлахьуд-Дин Iэл-Iэйубий رحمه الله и хъыбархэм къахощыж а хьэлыр нэгъэсауэ хэлъу щытауэ.

«А хьэлым Iей куэд къегъэувыIэ!» жеIэ Iэл-Iэгьмэш رحمه الله. ИкIи аращ зэрыщытыр. Уэри Iейм ущихъумэнущ абы, уи къуэшри Iейм щихъумэнущ.

Алыхьым къыдигъэхъулIэ хьэл дахэхэр зыхэтлъхьэну, хьэл Iейхэр зыхэдныну, ди зэкъуэшыныгъэр быдэ тхуищIыну, Жэнэт лъапIэми зэгъусэу дыришэну!