Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Зэкъуэшхэр зэфIэзыгъэкIуэдыр-3

ФIыщIэри щытхъури нэгъэсауэ зыхуэфащэр Тхьэшхуэращи, фIыщIэри щытхъури Абы худогъэфащэ, и лIыкIуэ лъапIэми щэлатри, сэламри къырихыну долъэIу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди зэхущытыкIэм и дахагъым куэд зэрелъытам папщIэ, пыдощэж зэкъуэшыныгъэм теухуа псалъэмакъым. Зэкъуэшхэр зэбий зыщIыж щхьэусыгъуэхэм ягугъу дощI.

НтIэ, зэкъуэшхэр зэщыхьэжыным икIи зэфIэкIуэдыжыным нэхъыбэу щхьэусыгъуэ хуэхъухэм ящыщщ: дыщыпсалъэкIэ ди диным къытхуигъэув хабзэм, Iэдэбагъым дызэребакъуэр, ахэр IэщIыб зэрытщIыр.

А хабзэхэм ящыщщ псэлъэкIэ дахэ тхэлъыныр, псалъэм я нэхъ дахэри къыхэтхыурэ ди къуэш муслъымэным депсэлъэныр.

Аллаху Тэгьалам и лIыкIуэм унафэ къыхуещI а хабзэм дыкъыхуриджэну. ЖеIэ Тхьэшхуэм: «ЯжеIэ Си пщылIхэм, щыпса­лъэкIэ, нэхъыфIыр жаIэну; шейтIаным ахэр зэщегъэхьэ, шейтIаныр гъэнэхуауэ цIыхум и бийщ». (Iэл-IисраI, 53).

Езы лIыкIуэ лъапIэми صلى الله عليه وسلم жеIэ: «Псалъэ дахэ жыпIэнри, сэдэкъэм щыщщ». (Бухъарий, Муслим).

Йомыт шейтIаным Iэмал псалъэмакъ фи зэхуаку къыдилъхьэну зы мыхьэнэншэ гуэр щхьэкIэ. МыхьэнитI щы къызэрыкI псалъэхэр къомыгъэсэбэп, «сыту пIэрэ мыбы къыригъэкIар?», -жиIэурэ уи къуэш муслъымэныр гуитIщхьитI умыщI, Iей гуэрым йомыгъэгупсыс.

Уи макъми зомыгъэIэт ущыпсалъэкIэ, ари хьэлыншагъым, Iэдэбыншагъым щыщщ, уеблэмэ Iэмалыншагъэ дыдэ мыхъуауэ уи макъым зебгъэIэтмэ, уэ цIыху сурэтым уитыжкъым, атIэ къедаIуэ Аллаху Тэгьалам жиIэм: «وَاغْضُضْ مِن صَوْتِكَ إِنَّ أَنكَرَ الاْصْوتِ لَصَوْتُ الْحَمِيرِ». — «Уи макъми зомыгъэIэт, макъым я нэхъ Iейр шыдым и макъыращ». (Лукъман, 19).

Бегъымбар лъапIэу صلى الله عليه وسلم сыт иIысымкIи ди щапхъэм бзэ дахэ Iурылъу, псэлъэкIэ дахэ иIэу, щыпсалъэкIэ удихьэхыу, узыIэпишэу, жыжьэри гъунэгъуу зыбгъэдишэу щытащ.

Ауэ а хьэл дахэм сыту пэжыжьэ, муслъымэну зибжыжу, ауэ и псэлъэкIэм зыкIи кIэлъымыплъыжу; псалъэм я нэхъ дыджыр къэзыпсэлъу, гур зыуIэхэр къызэжьэдэлъэлъу зи гъащIэр езыхьэкIыр.

Муслъымэн жэмыхьэт! Ди зэхущытыкIэр ефIэкIуэн, ди зэкъуэшыныгъэр нэхъри нэхъ быдэ хъун папщIэ дызыхуэныкъуэ хьэлхэм ящыщщ: дэIуэкIэ тщIэныр, цIыху псалъэм пщIэ хуэтщIыныр.

Муслъымэныр къэгъэнауэ, джаурми апхуэдэ пщIэ яхуищIу щытащ صلى الله عليه وسلم. Джаурыгъэм къыхуриджэну и деж къэкIуа Гьутбэ и псалъэр зэпимыуду икIэм нэс едэIуауэ щытащ عليه الصلاة والسلام-ыр. Уеблэмэ «Нэбгъэса жыпIэнур?» жиIэщ еупщIри, итIанэщ езым псэлъэн щиублар.

А хьэлыр екIуу зэхилъхьат щIэныгъэлI ин ГьэтIаI رحمه الله. ЖиIэу щытащ абы: «ЦIыхум зыгуэр къызжиIэжыну къырегъажьэри, сэри ар зэикI зэхэзмыхам хуэдэу содаIуэ, ауэ ипэжыпIэкIэ къапщтэмэ, ар езыр къамылъху ипэкIэ сщIэуэ щытауэ».

Языныкъуэхэм дэIуэн хуейуэ ящIэххэкъым, ауэ езыхэм уедэIуэн зэрыхуейр фIыуэ зэрагъэщIащ. ЦIыхум псэлъэн къызэрыщIидзэу: — аа, зэхэсхащ сэ ар, сощIэ сэ ар, жари псэлъапIэ ирамыту цIыхур зэпауд.

ПщIэмэ, зэхэпхамэ хъарзынэщ, уи пIэ ис! Мыр зэхэпха, хьэмэрэ пщIэрэ, жиIэу зыри къоупщIакъым. Зэхамыхамрэ, ямыщIэмрэ фIэкIа цIыхур емыдэIуэжу хъуатэмэ, уэри зыри къодэIуэжынутэкъым. ЦIыхур уи щхьэ елъыт!

Муслъымэн жэмыхьэт! Егъэлеиныгъэм а нэхъ Iуэху дахэри зэIещIэ. ГушыIэнымкIи щырагъэлейм деж узыхуэмей абы къокI, зэкъуэшыныгъэми икъукIэ зэран хуохъу.

Аращ цIыху губзыгъэми щIыжиIар: «ГушыIэ куэдым цIыху акъылыншэр къыптрегъэгушхуэ, цIыхухэр къыпфIэмылIыкIыжуи уещI».

Имычэзууэ зэрыгушыIам е гушыIэкIэ зымыщIэм зэрыдэгушыIам къыхэкIыу, псалъэмакъ сыт хуэдизрэ къэхъурэ?!  

Аращи цIыхухэр згъэдыхьэшхынщ, дэрэжэгъуэ езгъэгъуэтынщ, жыпIэу мурад дахэхэм ущызэрихуэм и деж, быдэу зэгъащIэ мурад дахэ уиIэ къудейкIэ зэрымыхъунур, атIэ зэманкIэ и чэзу, езы цIыхуми сыкъыгурыIуэну, жыпIэу узэупщIыжын хуейщ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, хьэлым я нэхъ дахэми Алыхьым дыхуишэ, ди зэкъуэшыныгъэри Алыхьым къытхузэпищэ!

 

أقول قولي هذا وأستغفر الله العظيم لي ولكم ولسائر المسلمين، فاستغفروه وتوبوا إليه إنه هو الغفور الرحيم.