Муслъымэн жэмыхьэт! Мы гъащIэр зэхущытыкIэкIэ зэхэлъщ: укъэзыгъэщIа Аллаху Тэгьалам узэрыхущытыр, Абы къигъэщIыжауэ мы дунейм тетхэм уазэрыхущытыр.
Аллаху Тэгьалам узэрыхущытыр, Абы узэрыбгъэдэтыр гьибадэткIэ дызэджэращ, мыдрей зэхущытыкIэм мугьамэлэткIэ доджэ.
ДауикI Аллаху Тэгьалам узэрыхущытыну щIыкIэр зэтес пщIыныр куэдкIэ нэхъапэщ икIи нэхъыщхьэщ модрейм нэхърэ, ауэ модрей зэхущытыкIэми куэд елъытащ, мыдрейми къыпыщIэжащ.
Аращ щIыжиIэри лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм صلى الله عليه وسلم:
«مَنْ لَمْ يَشْكُرِ النَّاسَ لَمْ يَشْكُرِ اللَّهَ» — «ЦIыхум фIыщIэ яхуэзымыщIым Алыхьми фIыщIэ хуищIынукъым». (Ахьмэд, Тирмизий).
А зэхущытыкIитIыр быдэу зэрызэпыщIар къэзыгъэлъагъуэ хьэдисхэм ящыщщ: «Алыхьым щышынэ» жиIэу къыщIэзыдзэу, «ЦIыхухэми хьэл дахэкIэ яхэт» жиIэу зыухыж хьэдисыр. (Тирмизий).
Нобэрей ди хъутIбэмкIи аргуэру нэхъ зытедгъэчыныхьыну дызыхуейр цIыхухэм дазэрыхущыт щIыкIэращ, псом хуэмыдэу муслъымэнхэм, псом хуэмыдэжу махуэ къэс дызыхуэзэ, дызыбгъэдэт къуэшхэм.
ЦIыху хэтыкIэм дэтхэнэ зыми зедгъэсэн хуейщ, щхьэж зэрыхущытыпхъэри тщIэн хуейщ, хэт сыт увыпIэ иIыгъым теухуауэ: дэ ди щхьэкIэ пщIэ тхуэфащэри, нэгъуэщIым пщIэ хуэщIыпхъэри тщIэжу дыпсэун хуейщ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Ди зэхущытыкIэр ефIэкIуэн папщIэ Аллаху Тэгьалами, Абы лIыкIуэ къытхуигъэкIуами, صلى الله عليه وسلم, ущие куэд къытхуащIащ, дызыхуэныкъуэу зыри къагъэнакъым, ауэ Iуэхур абыхэм дазэрыщымыгъуазэрщ е дыщыгъуазэми ди щхьэзыфIэфIыныгъэр къызэрыттекIуэрщ.
А ущие лъапIэхэм ящыщщ Бегъымбарым عليه الصلاة والسلام-ым и псалъэхэр: «Дунейм утемылIи, Алыхьым фIыуэ укъилъэгъунщ, цIыхухэм яIэщIэлъым утемылIэмэ абыхэми фIыуэ укъалъэгъунщ». (Тирмизий, Ибн Маджэ).
ИкIи аращ зэрыщытыр. Мылъку убгъэдэлъым къыщIэбэгыр, абы папщIэ уи Iуфэлъафэр къэзыжыхьыр фIыуэ пхуэлъагъунукъым, ауэ мылъку уиIэм къыхуэмыныкъуэр, къыхуэныкъуэми ар уи нэм къыщIэзымыIур фIыуэ плъагъунущ, пщIэи хуэпщIынущ.
Мис ар зэхущытыкIэхэм я зы лъабжьэщ. Минрэ зыгуэр ухуэныкъуэми, вакъэ зэв уиувами, апхуэдэм деж нэхъыфIыр занщIэу уи лъэIур уи къуэшым бгъэдомылъхьэу, чэнджэщкIэ зыхуэбгъэзэнращ нэхъ пэжыр.
Узыхуэгушхуэ, фIыуэ плъагъу уи къуэшым: «мыращ си Iуэхур зытетри, уи чэнджэщ сыхуэныкъуэт» жыпIэрэ зыхуэбгъазэмэ, абы нэхъыбэ ухуейкъым.
АбыкIэ къыгурыIуэнущ абы Iуэхур зытетыр, икIи хузэфIэкIмэ мылъкукIэ зыкъыпщIигъэкъуэнщ, мылъкукIэ мыхъумэ чэнджэщ тэмэм къуитынщи, ар мылъку нэхърэ нэхъыфIыжу къыщIидзынкIэ хъунущ.
Муслъымэн жэмыхьэт! ЗэхущытыкIэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэу икIи къыдгурыIуэми къыдгурымыIуэми куэд елъытауэ щытщ: гуэныхь къэтхьхэм.
Ари къыхощ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم и псалъэхэм. ЖеIэ абы: «Мухьэммэд и псэр зыIэщIэлъым и цIэкIэ соIуэри, цIыхуитI фIыуэ зэрылъагъурэ иужькIэ зэфIэкIуэдыжамэ, ар къызыхэкIар а тIум язым къихьа гуэныхьырщ». (Ахьмэд).
Абы тыригъэчыныхьу Ибн Iэл-Къэйими رحمه الله етх: «Гуэныхьым и кIэм къикI мыхъумыщIэхэм ящыщщ: и къуэш муслъымэнхэм гуэныхьыщIэр щахуэзам и деж и гур абыхэм ябгъэдэмыхьэжу, абыхэм яхэмысыжыфу зэрыхъур».
Арамэ зэгупсысыж си къуэш. Уи къуэш муслъымэнхэм уахуэза нэужь, зэ мыбыхэм сахэкIыжарэт, зэ сакъыбгъэдэкIыжарэт жыпIэу ухъуамэ, гупсэхуу абыхэм уахэмысыжыфмэ, уэ гуэныхьым уилъэхъауэ аращ.
Узэгъусэфын, узэныбжьэгъуфын, узэкъуэшыфын папщIэ зыр зыдихьэхым адрейри дихьэхыу, зым фIэфIыр адрейми фIэфIу щытын хуейщ.
Армырауэ, зыр Алыхьым и арэзыныгъэм егупсысу, адрейм и нэфсыр зэригъэнщIыным и гупсысэр иIыгъыу, зым лъагапIэмкIэ зишийурэ фIеягъэхэм захиIэтыкIыу, адрейм фIейм зыхишыхьыну хуеймэ… ахэр зэзэгъынукъым.
Iуэхур абы нэмысыпэми, цIыхум гуэныхь гуэр къыщихьам деж пэж дыдэу и къуэш муслъымэнхэр къазэрыхущытыр зэрызихъуэжыр нэрылъагъущ. Ауэ ар къызыхуэщIэнур зи гум иджыри нур гуэр къинэжаращ.
Абу Iэд-ДэрдаI رضي الله عنه жиIащ: «Зыми къимыщIэу, щэхуу цIыхум гуэныхь гуэрхэр къехьри, абы пэкIуэу Аллаху Тэгьалам муIминхэм ар фIыуэ къамылъагъужу ещI, мобы ар зэхимыщIэххэурэ».
Алыхьым нэхъыфIым дыхуишэ, ди зэхущытыкIэхэри Езым и арэзыныгъэм хуэфэщэжу тхузэтриухуэ!