Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дуней гъащIэр гъэунэхупIэщ, гугъуехькIи гъэнщIащ икIи а гугъуехьыр нэхъ хьэлъэж мэхъу ди зэхущытыкIэхэр Алыхьым и дин лъапIэм зэрыхуэфащэм хуэдэу щемыкIуэкIым и деж.
Дымуслъымэнщ зэрыжытIэу, адрей муслъымэнхэри ди къуэшщ, жытIэу аращ. ИкIи а жыIэныр куэдым къыдохъулIэ, ауэ нэхъыбэм ди зэкъуэшыныгъэр псалъэм фIэкIкъым.
Дахэ Iейуэ зэгъэкIуауэ икIи удихьэхыу зэкъуэшыныгъэм тепсэлъыхь куэд бгъуэтынущ, ауэ абы зи гугъу ищI къуэшхэр нэгъуэщI дуней гуэрым щыпсэу фIэкIа пщIэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мы дунейм тет и къуэшхэм зэрахущытыр жыжьэу а жиIэм бгъэдыхьэкъым.
Ар зэрыдиныншагъэр къэгъэнауэ икIи акъылыншагъэщ. Уи къуэш муслъымэным мы дунейм пэпщI хъуну зыри теткъым. Iэл-Хьэсэн зэрыжиIауэ: «ДинкIэ ди къуэшхэр ди унэм щIэсхэм нэхърэ нэхъыфIщ, ди къуэшхэм ахърэтым дырагъэгупсыс, унэм щIэсхэм дызрагъэгупсысыр мы дунеижьырщ».
Хъалид ибн Щэфуани а Iуэхум тригъэчыныхьу жеIэ: «Къуэш зэзымыгъэпэщым нэхъ цIыху мыхьэнэншэ щыIэкъым, ауэ абы нэхъри нэхъ мыхьэнэншэжщ зэригъэпэща къуэшхэр зыгъэкIуэдыжыр!».
Мы диным удезыгъэхьэхар а къуэшхэращ, ущхьэпримыхыуи, Алыхь IэмыркIэ, узыIыгъыр а къуэшхэращ; гуфIэгъуэми гузэвэгъуми ахэращ япэу уигу къэкIыр. Гьумэри رضي الله عنه зэрыжиIауэ: «Зэкъуэшхэм я зэхуэзэм нэщхъеягъэр докIуэд!».
Арамэ, акъыл уиIэу, уи къуэш муслъымэнхэр убгынэу: уи щхьэ закъуэ уи гукъеуэхэм уакъыхуэнэу, зэкъуэшыныгъэми псапэу къыдэкIуэм ухэну, уи гъащIэр дауэ зэрепхьэкIынур?!
Языныкъуэхэм зэкъуэшыныгъэр къызэрапщ Iэмэпсымэр, дунеягъэ Iуэху теухуауэ зыгуэр къыхуищIа къыхуимыщIаращ. Зыгуэр къыхуищIамэ и къуэшщ, къыхуимыщIамэ къыхуэзыщIаращ и къуэшыр, ар мымуслъымэнми.
Пэжщ, ущызэкъуэшкIэ гузэвэгъуэм и деж узэрыгъуэту, узэкъуэту ущытын хуейщ, ауэ абы и закъуэ тепщIыхь хъунукъым зэкъуэшыныгъэр. ЗанщIэу зэхэпщIэу е плъагъуу уи къуэшым зыгуэр къыпхуимыщIамэ, ар зыгуэру къыпщымыхъу. Зэкъуэшыныгъэм куэд къеубыд.
Апхуэдизу фIыуэ плъагъу икIи пщIэ зыхуэпщI уи Тхьэм едаIуэу, и пащхьэ иувэу нэмэз зэрищI къудеймкIэ уи къуэшым пщIэ хуэщIыпхъэщ — уи Тхьэ лъапIэм и хьэтыркIэ, Абы пщIэ зэрыхуищIам папщIэ.
Апхуэдэщ нэщIри, сэджытри, хьэжри, нэгъуэщIу Алыхьым фIыуэ илъагъу Iуэхугъуэу щыIэри. «Си Тхьэм» хуолажьэ мыри жыпIэу, пщIэ хуэпщIын, плъагъун, къэплъытэн хуейщ.
МыдэкIэ, нэмэзым щытеткIэ, Iэттэхьийятым къыщеджэкIэ, «Алыхьым и пщылIыфIхэм сэлам язох» жеIэ дэтхэнэ муслъымэнми. Уэри а цIыхуфIхэм уащыщмэ, абы ухиубыдэнущ.
Абы къинэмыщIауэ, муслъымэным дугьэ щищкIэ муслъымэну хъуар къыздригъэубыдэу лъаIуэ хабзэщ. Ар фIыгъуэшхуэщ, уи щIыбагъкIэ, умыщIэххэу зыгуэрым дугьэ пхуищIыныр. Ар къыпхуэзыщIами къыпхуимыщIа щыIэкъым.
НэгъуэщIу мыбдежым къыхэгъэщыпхъэращи, «зэкъуэшыныгъэ» щыжиIэкIэ, езым къыбгъэдэт, жиIэр къыдэзыIыгъ, и еплъыкIэр къыдэзыщтэм фIэкIа абы нэгъуэщI хезымыгъэубыдэ щыIэщ. Ауэ апхуэдэхэм куэд къэзыубыдыр икъукIэ зэхуашауэ, зыри къимыкIыжу ящIауэ аращ.
Апхуэдэу зэхэтхэр зэ зэгупсысыжын хуейхэщ, «уа, дыщымыуэу пIэрэ, динкIэ ди къуэшхэм ди лей ятемыхьэу пIэрэ, Алыхьым фIыуэ илъэгъуахэм дэ датеплъэ мыхъуу дыпсэууэ пIэрэ?!» жаIэу.
ИкIи аращ зэрыщытри. Ди щIэныгъэншагъэмкIэ, ди акъыл мащIэмкIэ зы къуэгъэнапIэ гуэрым зыдыдохуэжри, мы дин хуитым и зэфIэкIышхуэр къэдмыгъэсэбэпу зыдоукIыж, нэгъуэщIхэри доукI.
Муслъымэн жэмыхьэт! Зи гур къабзэм, зи гум Iей имылъым нэхъ насыпыфIэ, икIи нэхъ тыншу псэу, икIи нэхъ губзыгъэ мы дунейм зы цIыху теткъым.
Минрэ уи жагъуэ къащIами, я лей гуэр къыптехьами, пхуэмыфащэ къуапэсами, абы щхьэкIэ уи щхьэ лей йомыхыжу, бампIэми зомыгъэхьу, уи узыншагъэми уемыбыижу уи гур къабзэу щыбгъэтыфмэ, уи зэманыр абы йомыгъэубыдыфмэ уэ псалъэм я нэхъ дахэр пхуэфащэщ.
Сыт хуэдэу мыхъуами уи гур муслъымэнхэм яхуэкъабзэмэ, абыкIэ делафэ гуэр къыптеуэу къыпщымыхъу, атIэ апхуэдэу ар къыпщызыгъэхъухэращ делафэ зытеуэри, акъылыншагъэ зылэжьри.
Сыт хуэдэуи щIы, уи гум зы фIей цIыкIу илъу, уи къуэш муслъымэным гужьгъэжьгъ гуэр хуиIэу Жэнэтым урагъэбэкъуэнукъыми, насып уиIэмэ, дунеягъэкIэ зыбгъэкъэбзэжынщ, армырамэ Ахърэтым и «гъэкъэбзалъэм» уихуэнщ.