Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Алыхьым и цIэкIэ дызэрывгъэлъагъу

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дунейм муслъымэну тетми, тетами закъыхуигъазэу, псоми гъуазэ яхуэхъуну Аллаху Тэгьалам мы аят лъапIэр къытхуригъэхащ:

“إنما المؤمنون إخوة”

«ИпэжыпIэкIэ, муIмину хъуар зэкъуэшщ!». (Iэл-Хьуджурат, I0).

А аят лъапIэр лъабжьэ хуэхъуащ муслъымэну щыIэм я зэхущытыкIэм, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, я зэхущытыкIэн хуейм.

ИкIи апхуэдизкIэ хиIэтыкIащ Аллаху Тэгьалам а зэхущытыкIэри, «муIминхэр зэныбжьэгъущ» жимыIэу, «зэкъуэшщ» жиIащ, апхуэдизкIэ иманым быдэу узэрепхри, апхуэдизкIэ иманым къару хэлъщи.

ИкIи ипэжыпIэкIэ уи къуэш дыдэр – уи диныр къыбдэзыIыгъ, абы къигъэув къалэнхэр къыбдэзыгъэпсынщIэ, узыхуэкIуэжыну ахърэт гъащIэм кIуэ гъуэгум уи гъусэу тет цIыхуращ. 

Армырауэ, ущиIэм и деж жеипIэ дыдэ къуимытыжу уи яужь иту, уимыIэж щыхъуам и деж уэ езыр улъыхъуами умыгъуэтыжу, Iуэхур жэназым нэсами, Iэдакъэжьауэ ищIауэ жыжьэу къаплъу щытыжыну цIыхухэм, сыт хуэдэ акъыл уиIэу, уазэригъусэнур?! 

Ар гурыIуэгъуэщ, ауэ мыткIэ динкIэ щыIэ зэкъуэшыныгъэми и купщIэр къыдэхъулIэн папщIэ, зэкъуэшыныгъэм и хьэкъхэр тщIэжу, абы дыхуэпэжу дыщытын хуейщ.

ДинкIэ дызэкъуэшщ, щыжытIэм дежи, Алыхьым и хьэтыркIэ фIыуэ дызэролъагъу, жытIэу аращ. Хьэдис пэжми къызэрыхэщщи, иманым и IэфIагъ дыдэр зэхэзыщIэнур Алыхьым и хьэтыркIэ и къуэшыр фIыуэ зылъэгъуаращ. (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

Уеблэмэ Къемэт махуэшхуэм Алыхьым и жьауэм щIигъэувэнухэм ящыщу къокIуэ, Алыхьым и цIэкIэ фIыуэ зэрылъагъуу зэбгъэдэта, икIи апхуэдэу зэбгъэдэкIыжа цIыхуитIыр.

Мылъку Iуэху, дунеягъэ Iуэху зэримыхуэу, апхуэдэ гуэркIи щымыгугъыу, къабзэу зи къуэш муслъымэныр Алыхьым и хьэтыркIэ фIыуэ зылъэгъуар Езы Алыхьми фIыуэ къилъагъунущ, жери къокIуэ, Iэбу Хурейрэ къытхуиIуэтэж хьэдисым. (Муслим).

Алыхьым и лъагъуныгъэр къэблэжьмэ, дунеягъэкIи ахърэткIи уехъулIэпауращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Алыхьым укъилъагъумэ, Джибрил عليه السلام жыриIэнурэ, абыи укъилъэгъунущ. Абы иужькIэ Джибрил уафэм щыIэхэм захуигъэзэнурэ, «Аллаху Тэгьалам мыпхуэдэр фIыуэ илъэгъуащи, фэри фIыуэ флъагъу!» яжриIэнущ. Абы тетуи уафэм щыIэу хъуам уэ фIыуэ укъалъэгъунущ. Абы иужькIэ мы щIылъэми уи и Iуэхуу хъуар дэкIыу Алыхьым ищIынущ. Къыхощ а псор хьэдис пэжым. (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

Муслъымэн жэмыхьэт! Дызэрыпсэуам хуэдэущ дызэрылIэжынури, дызэрылIэжам хуэдэущ дыкъызэрагъэтэджыжынури.

ЦIыхуфIхэр, иман зыбгъэдэлъхэр, псапэ куэду зылэжьхэр фIыуэ тлъэгъуамэ, абыхэм гъусэ дыхуащIыжынущ, абыхэм дахэтуи дыкъагъэтэджыжынущ.

Ибн Мэсгьуд رضي الله عنه жиIэр сыт: «Кэгьбэмрэ минбэрымрэ я зэхуакум дэту илъэс блыщIкIэ цIыхур Алыхьым хуэлэжьами, зи гъусэу къагъэтэджыжынур фIыуэ илъагъуу щытахэращ».

Ар фIыуэ къызыгурыIуа Ибн Iэс-Сэммак رحمة الله عليه и лIэныгъэр къыщыблэгъам жиIауэ къаIуэтэж: «Я-Алыхь, Уэ бощIэ, сэ жыIэмыдаIуэ сыщыпхуэхъуахэм дежи, жыIэдаIуэу къыпхущытхэр фIыуэ слъагъуу сыщытащи, я-Алыхь, ари си псапэм хэшачэ!».

ФIыуэ илъагъум гъусэ зэрыхуащIыжынур хьэкъыу и фIэщ хъут Iэнэс رضي الله عنه-ми, мыхэр жиIэт: «Сэ бегъымбарыри صلى الله عليه وسلم, Абу Бэкри, Гьумэри фIыуэ солъагъу, си лъагъуныгъэмкIи абыхэм гъусэ сыхуащIыжыну сыщогугъ, абыхэм ялэжьам хуэдэ дыдэ схуэмылэжьами». (Бухъарий, Муслим).

Мыбдеж щIэс дэтхэнэ зыми гурэ-псэрэкIэ тлъагъуу къыщIэкIынщ а цIыху лъапIэхэри, я-Алыхь дэри дыпщогугъ абыхэм я гупым дыхэту уи пащхьэ дипшэжыну!

МыдэкIэ къыхэгъэщыпхъэращи, Алыхьым и цIэкIэ зыгуэр фIыуэ плъагъуфамэ, Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم къыбжеIэ, фIыуэ плъэгъуам, зэрыплъэгъуар жепIэну. (Абу Дауд).

ЗылI Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم къыбгъэдэсу здэщысым, нэгъуэщI зыгуэр блэкIти, лIым жиIащ: — Уэ, Алыхьым и лIыкIуэ, мыр фIыуэ солъагъу!-. «ЖепIа, нтIэ, фIыуэ зэрыплъагъур, — жиIэри صلى الله عليه وسلم абы къеупщIащ. –Хьэуэ,-жиIащ лIым. «НтIэ жеIэ!» жиIащ عليه الصلاة والسلام. Абы хэту лIыр модрейм кIэлъысри «Алыхьым и цIэкIэ фIыуэ узолъагъу!» жыриIащ. Модрейри къехъуэхъужу: «Зи цIэкIэ фIыуэ сыкъэплъэгъуам уэри фIыуэ укъилъагъу!» къыжриIэжащ.

Уеблэмэ езы Бегъымбар дыдэми صلى الله عليه وسلم и IуэхущIафэмкIэ щапхъэ дегъэлъагъу мыбы теухуауэ. Мугьаз رضي الله عنه зыхуигъазэри къехьэкI-нехьэкI хэмылъу: «Уэ, Мугьаз, уэллахи сэ уэ фIыуэ узолъагъум!» жыриIауэ щытащ صلى الله عليه وسلم-эм. Езы Мугьази жэуапу къитыжат: -Уэ, къурмэн сызыхуэхъун Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэ, сэри фIыуэ узолъагъу!-. (Ахьмэд, Абу Дауд).

Алыхьым и цIэкIэ зэрылъагъуу, зи цIэкIэ дызэрылъэгъуам фIыуэ дыкъилъагъужыну долъаIуэ! Къемэт махуэшхуэм и губгъуэм дынэса нэужьи, и жьауэм Алыхьым дыщIигъэувэ!

     أقول قولى هذا، و أستغر الله لي ولكم.