Муслъымэн жэмыхьэт! Iэдэм عليه السلام-ыр мы щIым къызэрытехьэрэ цIыхуу мы дунейм къытехъуам я нэхъыфIри, я нэхъ лъапIэри – лIыкIуэу щыIам я кIэухыу Аллаху Тэгьалам къигъэкIуэжа Мухьэммэд صلى الله عليه وسلم-ращ.
Ар псом нэхърэ зэрынэхъыфIыр икIи зэрынэхълъапIэр Аллаху Тэгьалам къыдигъэщIауэ дэ дощIэ. ауэ абы имызакъуэу, ар ди нэкIэ къытхуэлъагъуну, ди акъылкIи къыдгурыIуэну Iэмал къыдитыжащ.
Апхуэдэ Iэмал зэрыщыIэм къыхэкIыу: Ислъам диныр зезымыхьэхэм, Бегъымбарыри صلى الله عليه وسلم бегъымбару зи фIэщ мыхъухэм цIыху куэд къахэкIащ, а цIыху лъапIэр цIыху къызэрыгуэкIыу зэрыщымытам, адрейхэм ябгъэдэмылъ куэд абы бгъэдэлъу зэрыщытам щыхьэт техъуэхэу.
Щыхьэт техъуащ ахэр, мы дунейм цIыхур зыдынэсыфын увыпIэ псоми, зытеувэфын теувапIэ псоми я нэхъыфI дыдэм икIи я нэхъ лъагэ дыдэм Бегъымбарыр صلى الله عليه وسلم-р зэрынэсар икIи зэрытеувар.
Къэрал псом и унафэ щIыным; дзэр зешэным; лъэпкъ тхьэмадэу щытыным; нэхъыжьми нэхъыщIэми чэнджэщэгъу яхуэхъуным, щэн-щэхуэн IуэхукIи пэрытыным, унагъуэ IуэхукIи псоми я щапхъэу щытыным, адэ, жыпIэмэ, Iэр зыхуашийхэм ящыщу, лIы жыпIэмэ, псоми я нэхъыфIу…
А псомкIи а цIыху лъапIэм къытекIуэн, къытекIуэн дэнэ къыщына, гъунэгъуу кIэщIыхьэн зыри щыIакъым икIи щыIэнукъым.
МыдэкIэ, езыр усакIуэу щымыта пэтрэ, абы хуэдэу жьакIуэу икIи дахэу псалъэ зыри щыIакъым; жиIэр мащIэ пэтрэ, къикIыр куэду, зыжриIэми и гум хыхьэу апхуэдэут зэрыпсалъэр. Мы дуней псом къыщагъэсэбэп абы صلى الله عليه وسلم къыщIэна псалъэхэр.
И жумартагъ, и хьэлэлагъ теухуауэ къащти, и мылъкум игъащIэм щысхьакъым; къелъэIуам иIэу хъуар хуищIэу зэрыщытар къэгъэнауэ, къемылъэIуами хуэупсэу щытащ, уеблэмэ езым щыгъ джанэр щихрэ, къехъуэпсам ириту щытащ.
Мыбы иджыри куэд къыпхупыщэнущ, утемызашэуи кIыхьу утепсэлъыхьыфынущ, ауэ зы псалъэу жытIэнщи, дунейм хуейхэм щапхъэ къалъыхъуэмэ, щапхъэм я нэхъыфIыр аращ, ахърэтым хуейхэми щапхъэу ягъуэтынур а цIыху лъапIэращ.
Мис апхуэдэу а цIыху лъапIэр щапхъэ зыхуащIыжу я Iуэхур ирагъэфIэкIуэн ипIэкIэ, абы дэплъейхэурэ дунеягъэкIи ахърэткIи насыпыфIэ защIыжын ипIэкIэ, языныкъуэ тхьэмыщкIэхэм а цIыху лъапIэм зыпэщIасауэ загъэунэхъуж.
ИкIи аращ, загъэунэхъуж езыхэм, армырауэ а цIыху лъапIэм ахэр зэикI лъэIэсыфынукъым икIи зыри иращIэфынукъым, абы щхьэкIи абы и пщIэр еудыха хъунукъым, абы щхьэкIи ар цIыхухэм нэхъ жагъуэу ялъагъунукъым.
Мы дуней хъурейм фIей зигу илъу тет цIыхухэр зэхуэсрэ, «дыгъэм и нурыр цIыхухэм къатемыпсэу тщIынущ», жаIэрэ, пхъэнкIийуэ уафэмкIэ драпхъеифыр драпхъеями, я мурадыр къехъулIэнутэкъым, атIэ пхъэнкIийр я щхьэм къихуэжыну арат. Мыбыхэми аращ къащыщIыр: я щхьэм къохуэж фIей яутIыпщыр.
Нобэ дыди аращ къэхъур. А цIыху лъапIэм теухуа хуэдэу фильм мышу тезыхахэр, я щхьэр зыдахьынур ямыщIэжу, мы дуней хуитым темыхуэжу, къэнахэщ.
Ягугъащ, езыхэм ещхьу фIейуэ, ауэ зи фIеягъэр зыбзыщIхэм я гурылъыр мыбыхэм къаIуатэмэ ахэр къащхьэщыжыну, арщхьэкIэ шейтIаным и къарур жыжьэ нэскъым, зы гузэвэгъуэ къызэрылъыIэсуи псори утыкум къыринэнурэ хьэрэкъуакIэ дыхьэжынущ. ИкIи аращ къэхъуари.
Муслъымэн жэмыхьэт! Дэ ди Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم дыкъыщхьэщымыжми, абы щхьэкIэ Аллаху Тэгьалам ар утыкум къыринэнукъым, ауэ дэ сыт хуэдэ напэкIэ абы и пащхьэ дызэрихьэжынур?
КIыфIыгъэм дыкъыхэкIыу нурым дыхэзыша, цIыху цIыкIум ящIахэм хуэпщылIыным дыкъыхэзышу, псори КъэзыгъэщIыжам хуэпщылIыным дыхуэзыша Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم-м хуэфащэкъэ дыкъыдэувыну, абы и щIыхьыр хуэтхъумэну?!
Ди Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и хьэтыркIэ тщIэнухэм я нэхъыщхьэ дыдэр дэ езыр ди щхьэкIэ абы дыхуэфэщэжу, и Суннэм дыхуэпэжу, ди гъащIэм ар дэнэ дежи къыщытхэщу дыпсэунращ.
Армырауэ лIыкIуэ лъапIэм дыкъыщхьэщож жытIэу, езы лIыкIуэ дыдэм лъэIэсыжмэ фIэфI мыхъун гуэр тщIэ хъунукъым. Абы и щапхъэщ языныкъуэ къэралхэм къыщыхъуар, лажьэ зимыIэ гуэрхэм лей зэрырахар.
Мыбы теухуауэ нэхъ щIапхъэхэм ящыщщ: ди Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم и щытыкIэ дыдэм ехьэлIауэ тхылъ щыIэхэщ, нэгъуэщIу дискхэри щыIэщи, мис ахэр гъэбэгъуауэ дугуэшыныр.
НэгъуэщI Iэмал куэди щыIэщ. Щхьэж зыпэрыт IэнатIэм ипкъ иткIэ мы Iуэхум зыгуэр хухэлъхьэнущи, «мыр пхуэщIэн пэтрэ, щхьэ умыщIарэ?» зыжраIэжынухэм ящыщ дывмыгъэхъу.
Алыхьым и хъуэхъур бэгъуауэ къылъысу и сэламри нэгъэсауэ къырихыну дыхуолъаIуэ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм. Абы хуэмыфащэ езыпсэхэми яхуэфащэр къалъигъэсыну дугьэ дощI.