Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

Ахъшэтелъхьэр

Муслъымэн жэмыхьэт! Шэч лъэпкъ къызытедмыхьэжу икIи дэтхэнэ зыми ди фIэщ хъууэ щыт Iуэхугъуэхэм ящыщщ: Аллаху Тэгьалам псори къигъэщIауэ, къигъэщIауэ хъуари Езым и IэмыщIэ илъу зэрыщытыр.

А къигъэщIахэм ящыщщ дауикI цIыхур. ЦIыхур къигъэщIри щIым къригъэхыжащ Алыхь унафэр игъэзащIэу мы дунейм тетын папщIэ.

НтIэ Алыхьым щIым къригъэха цIыхум къыхуригъэха унафэу щыIэхэм ящыщщ: зы Тхьэм хуэпщылIхэу зэкъуэшхэу зэхэтыну, Аллаху Тэгьалам къарита ерыскъымкIэ зыр зым дэгуашэу зэдэпсэуну.

Абы ипкъ иткIи Аллаху Тэгьалам сэджытыр ткIийуэ къалэн ищIащ, щIыхуэ зытым псапэу къихьыр къыхигъэщащ. Абы адэкIэ я мылъкур исраф ямыщIыну, мыхъункIэ къамыгъэсэбэпыну унафэ къахуищIыжащ.

КIэщIу къапщтэмэ аращ Ислъам диным лъабжьэ хуэхъужхэр. Ахэр щылъабжьэкIэ, абыхэм ямызэгъ сыт хуэдэ зэхэтыкIэри диным ткIийуэ игъэхьэрэмынущ. ИкIи аращ ахъшэтелъхьэм и Iуэхур апхуэдизу щIэхьэрэмри.

Ахъшэтелъхьэр къезыгъэзэгъым уи фIэщхъуныгъи къыфIэIуэхунукъым, уи хьэлщэн Iуэхуми елIэлIэнукъым, нэгъуэщI хьэтыр гуэри хэзэгъэнукъым.

Ахъшэтелъхьэр къезыгъэзэгъым, «си мылъкум сэ сыхуитыжщ, сызэрыхуейм хуэдэу згъэбэгъуэнщ» жиIэу аращ. Абы къикIращи, сэ си мылъкум Алыхьыр къыхэпсэлъыхьыну, абы унафэ трищIэну хуиткъым, жиIэ хуэдэу аращ а тхьэмыщкIэм.

Апхуэдэ цIыхур щIэпсэур а мылъкуращи, абы и гъуэгукIэ сытри къезэгъыу ибжынущ икIи сытми ебэкъуэнущ зыхуейм лъэIэсын папщIэ. Уеблэмэ жылэ псор насыпыншэ хъунуми, къэрал псор щыхупIэм хуэкIуэнуми къыфIэIуэхунукъым абы. Абы и дежкIэ нэхъыщхьэр, сыт хуэдэ щIыкIэм итми и мылъкур игъэбэгъуэнращ.

Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, хьэпшып къыдэзыгъэкIыу щыIэм я нэхъыбэр, псори жыдмыIэмэ, банкым къыхаха кредиткIэщ зэрылажьэр. Ауэ Iуэхуращи, икIэм-икIэжым абы и бэлыхьыр зышэчыр цIыху къызэрыгуэкIхэращ. Банкым иратыжыну процентхэм папщIэ хьэпшыпым и уасэр хохъуэ, абы ипкъ иткIи модрейхэр, уасэхэр драгъэуейурэ, цIыхухэм я жыпым нэхъ кууэ йоIэбэ.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ, дыхуейми-дыхуэмейми ахъшэтелъхьэм дэри дыхэзэрыхьа мэхъу. Дэ ды дымышхми, нэгъуэщIым едгъэшха дохъу.

Муслъымэн жэмыхьэт! Банк ирехъу е цIыху къызэрыгуэкI гуэр ирехъу, ахъшэтелъхьэкIэ щIыхуэ зытхэр цIыхухэм къадэIэпыкъу хуэдэу, я Iуэхур дагъэпсынщIэ хуэдэу фэ зытрагъауэ щхьэкIэ, цIыхухэм я лыр яшхыурэ, я лэпсым тефыхьыжу аращ.

Кредитым и зэранкIэ насыпыншагъэу къэхъуу дэ зэхэтхыж къудейм фIэкIа Iуэхум хэмылътэмэ, укъигъэушыну ар пхурикъунт, дэ зэзхэдмыхыжхэр абы хэлъхьэжи, мыбы шэч къыщIытепхьэжын щыIэжкъым.

Мис аращ Ислъам диным ахъшэтелъхьэм зауэ щIырищIылIар, ар къезыгъэзэгъхэри игъэгужьейуэ КъурIэнри къыщIехар, Суннэри ар щIигъэбыдэжу къыщIэкIуар.

ЖиIэр сыт Тхьэшхуэ лъапIэм: «Ахъшэтелхьэ зышх­хэр (Къемэт махуэм) къызэрытэджыжынур шейтIан уз зэфыкIыу зезыудэ­кIым (жын зыхэсу къытехуа цIыхум зызэрызэкIэщIишым) хуэдэущ. «Сатури ахъшэ­телъхьэри зэхуэдэщ», — зэры­жаIаращ ар къащIытехуэнур. Алыхьым сатур игъэхьэлэлри ахъшэтелъхьэр хьэрэм ищIащ». (Iэл-Бэкъэрэ, 275).

Абы иужькIэ иман зыбгъэдэлъхэм, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм закъыхуегъазэри жеIэ: «Iиман зиIэхэ, Алыхьым фыфIэлIыкI, ахъшэтелъхьэм щыщу къэнари къеIывмыхыж, Iиман фиIэмэ. Апхуэдэу фымыщIмэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зауэ зэрефщIылIар зэвгъащIэ. Къэвгъэзэжмэ фи ахъшащхьэр къыфхуонэж — лей зевмыхьэ (нэхъыбэ къеIыфхыжуи) фэри лей къывахыжынкъым (фи ахъшащхьэр къывамытыжу)». (Iэл-Бэкъэрэ, 278,279).

Iэл-Бэгъэуий зэритхыжымкIэ: зауэм и Iуэхур аятым къыщыхэщым, ахъшэтелъхьэм хэтхэм жаIащ: (Я-Алыхь, къытхуэгъэгъу, тобэ къыдохьыж, дэ Уэ дынозэуэнуи, уи лIыкIуэм дезэуэнуи апхуэдэ къару диIэкъым).

Абы адэкIи къыпещэ: «Зыгуэрым [щIыхуэр къуитыжыну]хузэфIэмыкIмэ, къигъуэтыху фыпэплъэ. Ар сэдэкъэу къыхуэвгъанэмэ (хуэвгъэгъупэмэ), фэркIэ нэхъыфIыжщ, фщIэуэ щытмэ!». (Iэл-Бэкъэрэ, 280).

Абу Къэтадэ, رضي الله عنه-м и щIыхуэ зыгуэрым телъти, щIыхуэ зытелъым зигъэпщкIуауэ зыкъыригъэгъуэттэкъым. ИужькIэ утыкум къихьэжа нэужь еупщIащ: — Сыт апхуэдэу щIэпщIар?-жиIэри. – Уэстыжын сиIэтэкъыми аращ, — жиIащ модрейм. – НтIэ тхьэ Iуэт!, — жиIэри, модрейм тхьэ иIуащ.

Абы иужькIэ Абу Къэтадэ щIыхуэр зэрыт кIылъымпIэр мобы IэщIилъхьэжри жиIащ: — Сэ зэхэсхащ Алыхьым и лIыкIуэм,صلى الله عليه وسلم жиIэу: «ЩIыхуэр зымытыжыфым пэплъэр е абы хуэзыгъэгъур Къемэт махуэм и гузэвэгъуэм Алыхьым къригъэлынущ». (Iэл-Бэгъэуий. Хьэдисыр пэжщ).

Къедгъэжьа аятхэр мыбыкIэ еухыж, дэри ди япэрей хъутIбэр абыкIэ зэхудощIыж: «Алыхьым и пащхьэ фыщихьэжыну махуэм фыщышынэ. Абдежым хэт сыт ищIами илэжьами къылъы­сыжынущ икIи лей гуэри кърахынукъым». (Iэл-Бэкъэрэ, 281).

أقول قولي هذا….

ЕтIуанэ хъутIбэ

Муслъымэн жэмыхьэт! Ахъшэтелъхьэм дыщигъащтэу, абы и кIэух Iейми дыщигъэшынэу Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلمущие куэд къытхуигъэнащ.

Бухъарийрэ Муслимрэ я тхылъым дыкъыщоджэ дэ мы хьэдис лъапIэм: «Унэхъугъэ къызыхэкI мы Iуэхугъуиблым защыфхъумэ: Алыхьым гъусэ хуэщIыным, щхъухьпсыхь зехьэным, адэ-анэм жыIэмыдаIуэ яхуэхъуным, хьэкъым утекIыу Алыхьым хьэрэм ищIа псэр бгъэныным, ахъшэтелъхьэкIэ мылъку шхыным, зеиншэм и мылъкур фIэшхыным, дзитI зэжьэхэувам уакъыхэкIыжыу ущIэпхъуэжыным, лажьэ зимыIэ икIи Iей зигу къэмыкI цIыхубзхэм я цIэр гъэулъииным».

Ахъшэтелъхьэм Алыхьым и нэлатыр къешэ, Алыхьым и гущIэгъум цIыхур жыжьэу къыбгъэдеш. Ари къызыщыщIынур рибар зышх къудейракъым, атIэ зышхми, езыгъэшхми, абы теухуа кIылъымпIэр зытхми, абы щыхьэту теувэжхэми. Къыхощ а псор хьэдис пэжым. (Бухъарийрэ Муслимрэ къаIуэтэжащ).

Зинэм и Iуэхур апхуэдизу ткIий пэтрэ, рибам ар ебгъапщэмэ рибам и Iуэхур егъэлеяуэ зэрышынагъуэр абы къыбгурегъаIуэ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «ЦIыхум ищIэу рибам щыщу зы дыжьын сом ишхыныр щэщIрэ хэрэ ящIа зинэм нэхърэ нэхърэ Iейщ». (Ахьмэд, ДарэкъутIний. Хьэдисыр пэжщ).

Рибамрэ зинэмрэ зэгъусэ хъумэ Алхьым и гьэзабым фIэкIыпIэ имыIэж мэхъу. «Зинэмрэ рибамрэ зы жылэ гуэрым къыщыунэхуамэ, Алыхьым и гьэзабыр абыхэм я щхьэм къыхуахьыжауэ аращ». (Хьаким къиIуэтэжащ. Хьэдисыр хьэсэнщ, Альбаний зэрыжиIэмкIэ).

Муслъымэн жэмыхьэт! Мыбы и Iуэхур егъэлеяуэ шынагъуэщ. Апхуэдизу Аллаху Тэгьаламрэ Абы и лIыкIуэмрэ ягъэткIиям теухуауэ шынэрэ, гузавэрэ диIэу щытын хуейщ.

Мыбы Алыхьым дыкъыхуигъэнакъым, хьэлэлу мылъку къызыхэтхын щымыIэуи гъуэгуу хъуар зэхуищIыжакъым, хьэлэл щымыIами, хьэрэм фымышх, жиIэнутэкъым Алыхьым.