Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

ТэмакъкIыхьагъыр

ФIыщIэр худощI Алыхь Ину зи шыIэныгъэр иным, уафэхэми щIылъэми, гьэрш лъапIэми я Тхьэм, гуэныхьыр зыгъэгъум, тобэр Iызыхым, зи тезырыри хьэлъэм, зи пащхьи дихьэжынум.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мы дуней хъурейм лейм я нэхъ иныр къызылъыIэсари, нэхъ зыхуэмыфащэ щымыIэ пэтрэ нэхъ Iейр зырапэсари — Алыхьым лIыкIуэу къигъэкIуа, цIыхуу щыIэми къахиха Бегъымбарыращ صلى الله عليه وسلم.

Абы усэ мышухэр хузыхамылъхьамэ, цIэ зэфэзэщхэр къыфIамыщамэ, и IэпкълъэпкъкIэ лей кърамыхамэ, уеблэмэ и унэ дыдэм къыщIахури, къыщалъхуа къалэми къыдамыхуамэ, иужькIэ илъэс бжыгъэкIэ къемызэуэжахэмэ.

Апхуэдизыр къыщыщIа пэтрэ, апхуэдизри къращIа пэтрэ, ахэр къезыщIахэр и IэмыщIэм къыщихуэжам, Мэккэ къыщызэIуахыжам, зыхуей дыдэр ярищIэфыну апхуэдэ утыку щихуам – гушхуэ зыкIуэцIылъ, жыжьэ плъэ, куэд зэзыгъэзахуэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم псоми яхуигъэгъуауэ щытащ.

Ауэ абы щхьэкIэ и пщIэр нэхъ лъахъшэ хъуакъым лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم, атIэ апхуэдэ IуэхущIафэм и хьэтыркIэ къанэ щымыIэу псоми диныр къащтащ, лей зезыхьахэри «кхъа къытхуэгъэгъу» жаIэу лъэIуакIуэ къыхуэкIуэжащ.

Мис апхуэдэ IуэхущIафэ дахэхэмкIэ лIыкIуэ лъапIэм صلى الله عليه وسلم хьэрыпым хабзэ мыхъумыщIэ яхэлъахэр захригъэнащ, кIыфIыгъэ зыхэтхэм къыхишри Ислъамым и нурым къыхишащ; и щабагъым, и тэмакъкIыхьагъым и хьэтыркIи цIыхухэр къепщIащ.
Муслъымэн жэмыхьэт! Нобэрей хъутIбэмкIи нэхъ къыхэдгъэщыну дызыхуейр а хьэл дахэу куэдым къытхуэтращ: тэмакъкIыхьагъ тхэлъыныр, пIэщIэгъуэкIэ Iуэхур зэфIэдмыхыныр, губжьыр зытедмыгъэкIуэныр.

А хьэлыр къызэрытхуэтым папщIэ сыт хуэдиз къытщыщIрэ, сыт хуэдизми дыхэкIыжрэ?! Абы щхьэкIэ ди унагъуэхэри зэхуокъутэ, ди благъэхэри бий дощI, ди ныбжьэгъухэри тфIокIуэд.

Къохъу а псор, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыри тшэчыну дыхуейкъым, зыри дгъэгъуну дыхуейкъым. Абы ищIыIужкIэ, псори зэуэзэпсу къыдэхъулIэну дыхуейщ, ауэ Алыхьыр апхуэдэу хуейкъым, дунейри апхуэдэу игъэпсакъым.

Ибн Iэл-Къэйим رحمه الله етх: «ЦIыхухэм щыуагъэ къабгъэдэкIхэм езы цIыхур зэрахущытым хуэдэу, Аллаху Тэгьалари цIыхум гуэныхь къихьхэм хущытщ: зыгъэгъум Алыхьым къыхуегъэгъу, Iей къезыщIа и къуэшым хуэзыгъэгъуэфым и гуэныхьри Алыхьым къыхуегъэгъу… ауэ а нэхъ цIыкIу дыдэм щхьэкIи ныкъуакъуэм, Аллаху Тэгьалари къеныкъуэкъужынущ…». (Мифтахь дар Iэс-сэгьадэ).

Абы теухуауэ Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم и хьэдисыр дигу къегъэкIыж: «Фи япэкIэ псэуахэм ящыщ зы цIыхухъу и деж мелыIыч псэхэхыр къэкIуащ и псэр хихыну. – Зы фIы гуэр блэжьа? – жаIэу къыщеупщIым, — сщIэжкъым сщIауэ, — жиIащ. – Зэ егупсысыжыт, — къыщыжраIэм, — сщIэжкъым фIы сщIауэ, ауэ цIыхухэм щэн-щэхуэн Iуэху теухуауэ Iуэху щадэсщIэм и деж, къеIыхыжыгъуэм нэсмэ фIыуэ сахущыту щытащ: зиIэр сымыгъэпIащIэу, зимыIэм хуэзгъэгъуу. Абы и хьэтыркIи Жэнэтым игъэкIуащ ар Аллаху Тэгьалам». (Бухъарйирэ Муслимрэ).

ТэмакъкIыхьагъым, шыIэныгъэм икъукIэ куэд елъытащ. Аращ Ибн Тэймийе رحمه الله щIыжиIэр: «ТэмакъкIыхьу ущытыныр, зэран къуагъэкIыр зыхуэпгъэшэчыфыныр, лей къекIуэкIымкIэ шыIэныгъэ зыхэбгъэлъыфыныр – ахэр дунеягъэкIи ахърэткIи щыIэ хьэлхэм я нэхъыфI дыдэхэращ, псапэ нэщIымкIи, псапэ нэмэзымкIи зылъэмыIэсыфынум, а хьэлъхэмкIэ лъэIэсыфынущ цIыхур». (Iэщ-Щарим Iэл-Мэслул).

Бегъымбарым صلى الله عليه وسلم Iэшэдж ибн Гьэбд Къейс зыхуигъазэу: «Алыхьым фIыуэ илъагъуу хьэлитI пхэлъщ уэ: тэмакъкIыхьагъымрэ, мыпIэщIэныгъэмрэ», зэрыжриIами къегъэлъагъуэ зи гугъу тщIым и пщIэр зыдынэсыр. (Муслим).

А хьэл дахэр щызыхэтлъхьэну зэману щыIэм я нэхъыфIым иджыпсту дыхэтщ, шыIэныгъэм и мазэм дитщ. Абы тыригъэчыныхьу Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم жеIэ: «НэщI исым зыгуэр къезэуну къыпэщIэувамэ е хъуэн зыхэлъ псалъэкIэ зыкъыпэщIисамэ, “сэ нэщI сисщ, сэ нэщI сисщ” жырыреIэ абы». (Бухъарий I894).

ЦIыхур тэмакъкIыхьрэ тэмакъкIэщIрэ къыщыпщIэфынури, губжьыр къыщытекIуам и дежщ, цIыхум я нэхъыфIри къэгубжьыгъуейуэ, къэгубжьа иужькIи псынщIэу теужращ, цIыхум я нэхъ Iейри псынщIэу къэгубжьу, ауэ теужыгъуейуэ щытращ.

Зэхэтхам и сэбэп Алыхьым къыдигъэкI, зыгъэгъуу къызыхуагъэгъужынухэм ящыщ Алыхьым дищI! Ди нэщIи, ди нэмэзи, псапэу длэжь псори Алыхьым къабылу тIих!