Сайтым и бзэр

Адыгэбзэ  Русский

НэщI IыгъыкIэр зэщхькъым

Нигьмэтхэр, фIыгъуэхэр зи фIыщIэр Алыхь Инращи, фIыщIэ Абы худощI, дызэредэIуэну щIыкIэри къыддигъэпсынщIэну Езым долъэIуж. Хьэкъыуи ди фIэщ мэхъу Алыхь Иныр, ди фIэщуи дыщогугъ; ди Iуэхухэри бгъэдыдолъхьэ.

Муслъымэн жэмыхьэт! Мазэм я нэхъ лъапIэм зы тхьэмахуэкIэ дыхэбэкъуащ, напIэзыпIэми махуиблыр ди щIыбагъым къыдэднащ, блэкIам нэхърэ къэкIуэнур нэхъыфI Алыхьым тхуищI, Iуэхум я нэхъыфI дыдэм дыпэрытуи Алыхьым дызыришэлIэж!

Нэгъабэ ещхьу мэгъэрей нэщIри хуабэм ирихьэлIащ, махуэхэри кIыхьщ, ауэ нэхъ гугъу ехьыхукIэ и псапэри нэхъыбэ зэрыхъунур зыщIэ муслъымэным ар къытехьэлъэнукъым.

Къытехьэлъэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ещIэ, сыт хуэдизкIэ дыгъэр мыгуэщIами, Жэхьэнэмэ мафIэр нэхъри зэрынэхъгуащIэжыр. Мы хуабэр зыхуэмышэчым, ар пщызыгъэгъупщэжыну Жэхьэнэмэ мафIэм и хуабагъым зыхурегъэхьэзыр!

Махуэм и кIыхьагъри муслъымэн пэжым къытехьэлъэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы зыхуегъэхьэзыр Къемэт махуэу, махуэ гугъум икIи махуэ кIыхьым.

Муслъымэным нэщI щиIыгъкIэ гугъуехь гуэр зэрызэхищIэу и нэгум занщIэу къыщIоувэ абы псапэ къызэрыдэкIуэнури, и гуэныхьхэри абы зэрыдэкIуэдынур. КъыщIоувэри гугъуехьыр а и гупсысэм хокIуэдэж.

Къапщтэмэ, Аллаху Тэгьалам тхузэфIэмыкIын ди пщэ къыдилъхьэкъым. НэщIыр хьэлъэми пхуэмышэчыну, пхудэмыхыну апхуэдэу щыткъым. Къызытехьэлъапэм Алыхьым ар къалэн къыщищIыххэкъым.

МыдэкIэ гу зылъытапхъэращи, нэщIыр тыншу пхудэхын пэтрэ фэрыщIагъ зепхьэу лейуэ гугъу зыщIебгъэхьын щыIэкъым, абыкIэ уи псапэри нэхъыбэ хъунукъым, атIэ нэхъ тыншу нэщIыр къызэрохъулIэн Iэмалхэр зепхуэн хуейщ. Уеблэмэ, нэщI мазэм лэжьыгъэхэм нэхъ закъыдэбгъахуэу, гьибадэт Iуэхум зептыфынумэ, ар нэхъыфIыжщ.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ: цIыхум зыгуэр хабзэ зыхуищIыжрэ, мазэ псокIэ абы тетмэ, илъэс псом ар хабзэу къыхуонэ; зы илъэскIэ зыгуэр зыхэзыгъэлъыфым ар игъащIэ псокIэ къыхуонэ.

Гьумэри رضي الله عنه-м и хъыбархэм къыхощыж, щIэпхъаджэ зылэжьу тобэ къэзыхьыжам зыгуэркIэ дзыхь иригъэзын ипэкIэ, зы илъэскIэ кIэлъыплъыжу щытауэ. Ари а жытIам хуокIуэж: илъэскIэ зы хьэлым тетыфар игъащIэкIи абы тетыфынущ.

Дэ зэрытщIэщи, нэщI мазэм уи ныбэм и закъуэкъым бгъэнэщIын хуейр, атIэ уи нэри, уи тхьэкIумэри, уи жьэри нэщI къыбдисын хуейщ, мыхъумыщIэ ямылъагъуу, зэхамыхыу, къамыпсэлъу.

Мис абы мазэ псокIэ дытетыфмэ, ар илъэс псокIэ къытхуэнэнущ. Армырамэ, ди ныбэр шхын зэрыхуэдгъэныкъуэм нэхъыбэ къыхэмыкIауэ ди мазэри икIынущ, ди гъащIэри мис апхуэдэу мыхьэнэншэу екIуэкIынущ.

Ар къыдэхъулIэнуми къыдэмыхъулIэнуми зэлъытэжар Алыхьым къытхуищI унафэращи, гу къабзэкIэ дугьэ пэж тщIыфын хуейщ Алыхьым Iуэхур къыддигъэпсынщIэну.

Гьэршым унэсын щхьэкIэ сыт хуэдиз гъуэгуанэ зэпыпчын хуейр?-жаIэри имам Ахьмэд, رحمه الله еупщIахэти, — «Уи гур къабзэу дугьэ къабзэ пщIамэ Гьэршым унэсащ», — жиIащ Ахьмэд, رحمة الله عليه.

Муслъымэн жэмыхьэт! Псоми нэщI тIыгъ щхьэкIэ нэщI IыгъыкIэхэр зэхуэдэкъым. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: НэщI IыгъыкIэр щыуэ зэщхьэщедз: цIыху къызэрыгуэкIхэр зэрынэщI, цIыху хэхахэр зэрынэщI, хэхахэм къыхахыжахэр зэрынэщI.

ЦIыху къызэрыгуэкIхэм шхынхэкI-псыхэкI я кIуэцIым ирамыгъэхмэ абыкIэ нэщIыр зыхуей хуагъэзауэ къафIощIри, я гупсысэр псори зытеухуэжар я кIуэцIым зыгуэр емыхынращ. НэгъуэщI гуэр нэщIым къыхэхын хуейуэ ягу къэкIыххэкъым абыхэм.

Апхуэдэ цIыху лIэужьыгъуэхэм я IуэхущIэкIэм ухуей-ухуэмейми мы хьэдисыр зыгуэркIэ уигу къагъэкIыж: «Уз къызэуалIэу хъужа мунафикъыр, ирапхыу иужькIэ яутIыпщыжа махъшэм ещхьщ; щIырапхари, щIаутыпщыжари къыгурымыIуауэ». (Абу Дауд).

Ауэ цIыху хэхахэм я гупсысэр нэхъ жыжьэ макIуэ. Абыхэм я Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу хэтыр ягъэнэщI: мыхъун жаIэкъым, мыхъунум едаIуэхэкъым, мыхъунум еплъхэкъым, мыхъун къащтэкъым, мыхъун зыдэщыIэм екIуалIэхэкъым.

Ахэр тогузэвыхь Бегъымбар лъапIэм صلى الله عليه وسلم  жыхуиIа псалъэхэм хиубыдэнкIэ. ЖеIэ عليه الصلاة والسلام-ым: «МыхъумыщIэ жыIэнымрэ, мыхъумыщIэ лэжьынымрэ къэзымыгъанэм, и шхэныр къызэригъанэм хуэныкъуэкъым Алыхь Талэр». (Бухъарий).

МыдэкIэ, нэхъ лъагэжу дыдэIэбейрэ, хэхахэм къыхахыжахэр зэрынэщIхэм и гугъу тщIымэ, ахэр ищхьэкIэ къыжытIа псом зэрыхуэсакъым ищхьэжкIэ, я гум къэкIынкIэ хъуну гупсысэхэмкIэ зыхуосакъыжхэ.

ЗыхаIэтыкI абыхэм мы дуней хьэхум ехьэлIа гупсысэхэми, Тхьэ ЛъапIэу зи пащхьэ ихьэжынухэм я гур бгъэдалъхьэ.

Апхуэдэ увыпIэ лъагэм лъэIэсыфын Алыхьым дищI дэтхэнэ зыри. Зи псапэхэр бэгъуауэ, зи гуэныхьхэри къызыхуэгъуауэ, Жэнэт лъапIэри зыхуагъэфэщауэ мазэр изыхын Алыхьым дищI!